Танк къуэлэныжьым и кIуэдыжыкIар

(Япэ Iыхьэ)

Ар уэ уи фIэщ мыхъункIи хъунщ, щIалэ, ауэ, и пэжыпIэм ухуеймэ, Iуэхур мыращ зэрыщытар.
Йоуэри, гъатхэкIэ дахэрэ жыгхэр вууэ гъэгъауэ, гупэ хадэм сыпэщащэу ситт. Гитлъыр къыттеуэну дзэ зэхуешэс щыжаIэм, си шыплIэ пылимотыжьыр къызэфIэздзэжри, зызгъэхьэзырауэ сыдэст сыдэмыкIыу. Сыдэсти, зы шу цIыкIу къыIуолъадэ:
 - Ярэби, Лыкъынэ и унэр дэнэ дей? - жеIэри.
 - Лыкъынэ и унэм ухуеймэ, мес! - жызоIэри ди унэм Iэпэ хузоший. - Езы Лыкъынэ ухуеймэ, сымис! - жызоIэри Iэпэ зыхузошииж.
 - Пэкет от тэвариш Бидонэ! - жери къызет.
Зэтесчрэ сеплъмэ, «укъызэрысын!» жери итт. Бидонэм и псалъэм гушыIэ илът: шу цIыкIур уанэгум къисхщ, сэ сышэсщ, си шыплIэ пылимотыжьри къыздэсщтэщ аби, сеуэри, сыкIуащ къэрал гъунэм. Бидонэм и жэз нэрыплъэр зыIуидзауэ бийр зэпиплъыхьу щытти, сыщыIухьэм, си шы лъэ макъымкIэ сыкъицIыхуагъэнт, къемыплъэкIыу:
 - Сыту фIыт, - жи, - укъызэрысар!
 - Умыгузавэ, си ныбжьэгъужь, - жызоIэ, - уэлэхьи, сэ си псэр пыту узмыгъэукIытэн!
И жэз нэрыплъэр къызет:
 - Яхэплъэт, - жи, - мо къэува къомым!
Сызижэгъуэн и махуэт сэ сызыхэплъар: танкхэр, хьэIуцыдзым хуэдэу, зэхэтщ, «уирэ!» - щыжаIам къилъыну. Сэ къысхуэзанщIэ танк къуэлэныжьым зы Iэфицар сырыхужь къытесщ, и натIэгум хьэмцIыракIэ морэшхуэ къытепIиикIыу. И нэр мыупIэрапIэу къызоплъ а гъуамэр, сэри соплъыж. А цIапIэращ зауэр зэхэзыублар.
Ухуеймэ, уи фIэщ щIы, ухуеймэ, умыщI, ауэ, зауэр къэхъейри, нэмьщэм япэу къадза шэр зытехуар сэращ; зауэр иухри, нэмьщэм иужь дыдэу къадза шэри зытехуар сэращ.
Иджы ар зэрыхъуаращ: тхьэмахуэ енкIэ дызэпэщIэтащ а сырыхужьым дэрэ, нэщхъкIэ дызэныкъуэкъуу. А тхьэмахуэм и кIуэцIкIэ тIуми ди нэ упIэрэпIакъым. АрщхьэкIэ псы сыхуэлIауэ псы къезгъэхьри, сефэну щысIэтым, къауэщ сырыхужьри, си пхэ щхьэлым зыкъыхригъэсащ. Абдежым дыкъыщрахужьэщ мо дзэ фIыцIэми, пхэщIкIэ Тэн сыхэтIысхьэху, сыкъамыгъэувыIэу сыкъахуащ. АпхуэдизкIэ сыкъызэщIэплъауэ сызауэрти, илъэс псокIэ сигу къэкIыжакъым шэ зэрысхэлъыр. Нэмыцэм я хьэкъи зытезгъэхьакъым сэ а гъэм, ауэ сэ сыкъэзыгъэгузэвар Тэныжьырат. Псым лъэмыж телъкъым, икIыпIэ иIэкъым. Къэсыр холъэ - есыкIэ зыщIэр зэпрокI, есыкIэ зымыщIэр щIелъафэ. Сэ есыкIэ сщIэркъыми, сыкъыхыхьэн сошынэ, мо гъуэгу мыгъуэ ежьахэри къэсащи, шэр къыттрагъэлъалъэ, уэфым хуэдэу...
 - Уэлэхьи, щIалэ, сэ гъэр сыхъунти е саукIынти жысIэу зэи сымышына, сэ сыщIэгузэвар, зыгуэр къысщыщI хъужыкъуэмэ, си ныбжьэгъужьым игу хэщIынути аращ...
Арати, сщIэнур сымыщIэу сыздэщытым, зы ерпылан гуэр къосри, сыкъеуфэрэзыхь. Сэ си насыпти, си шыплIэ пылимотым шэ илъыжтэкъым, ахъумэ зэрымыщIэкIэ ерпыланыр къезудыхынкIэ хъунут. Ерпыланым и щхьэр кърегъэжри, зы майор лIы фIыцIэшхуэ къоджэ:
 - Уо Лыкъынэ, Лыкъынэ! - жи. - Алыхьым хьэтыр иIэмэ, псым ухэмыхьэ, сэ узэпрысхынущ, - жи.
Майорым зыкърегъэлъэхъшэх, и фочыр кърегъэжэхри, сэ фоч мыжурэр соубыд аби, си лъапэр псым лъэмыIэсу Тэн сыкъызэпрех. Сыкъызэпрех аби, езыри къотIысри, тхьэрыкъуэф Iэнэ къеухуэ. Уэ джэд гъэвар къытрелъхьэ, уэ щIакхъуэ хужьыр къытрелъхьэ, уэ нащэфIэIур къытрекIутэ, а уэ пщIэ нащхъуэжьри къызыкъуех... Дошхэ, дофэ, дохъуахъуэ ... Майорыр и пащIэкIэм щIогуфIыкI:
 - Догуэ, сыкъыумыцIыхужу аракъэ иджы уэ? - жи.
Соплъ, согупсысэ, щыслъэгъуар къысхуэщIэжыркъым.
 - А зиунагъуэрэ, - жи, - трицыт сидмом Свердловск къыщалъхуа уи къуэр сэракъэ! - жи.
 - Iay, синоку! - жызоIэри сыщогуфIыкI, Iэ дызолъэ, дахэ жызоIэ. - НтIэ, мыпхуэдиз цIыхум дауэ сакъыхэбгъуэта?
 - Уэлэхьи, ар сэмыра зи лIыгъэр! - жи. - Ар уи ныбжьэгъужьыращ...
 - Дауэ хъунт? - согъэщIагъуэ.
 - Зэрыхъуаращ, - жи, - Берлин бомбэкIэ сеуэну зызгъэхьэзыру, тылифоныр къоуэ. Къытесхмэ, Сталинырат. ПсынщIэу узэрынэсын, жи, уядэр зэпрымыкIыфу Тэн Iуфэ Iутщи, кIуэи зэпрых. И чэзум унэмысмэ, езыр лIы пхъашэщ, псым хыхьэнщи, дунэхъуащ: абы есыкIэ ищIэркъым. ЕужьэрэкI! - жери.
Iыхьэлейуэ си гуапэ хъуащ си ныбжьэгъужьым сызэрыщымыгъупщар.
Арати, щIалэр ежьэжын щыхъум, спрафкIэ къызет:
 - КIуэжи, дядэ, зы мазэкIэ зыгъэпсэху, - жи. - Ухуеймэ, Свердловск усхьынщ, ухуеймэ, мафIэгум уизгъэтIысхьэнщи, Кушмэзыкъуей кIуэж!
Дэгъуэщ жысIэри, мафIэгум сыкъитIысхьэщ аби, сыкъежьэжащ, Нэгъуейхэ я пхъум деж: шхурэ мырамысэрэ цIапIэу сигу къэкIат!
Арати, тепкIэ-теуэу дыкъокIуэ, зы инэралыжь дэрэ дызэбгъурысу.
ДыкъыздэкIуэм, си пхэщхьэл сэмэгур шхэуэ щIедзэ, бадзэ къедзакъэм хуэдэу. Инэралым гу лъимытэy сытоIэбэри - гъущI Iунэм ещхьу зыгуэрым соIусэ. Къыхэсчрэ сэплъмэ - шэ къэуэжт! Мис а сырыхужьым къидза шэ къэуэжырт ар езыр!
Сыгузэващ абдежым: мафIэгум къызодзри - станцыр зэтрикъутэнущ, къизмыдзщи - мафIэгури исри хьэбэсабэу дызэпкърихынущ! Насыпыжьыр сиIэти, а дакъикъэм си нэ тохуэри къызолъагъу уэрам гуэрымкIэ къыдэжауэ танк къуэлэныжьыр къажэу, а уэ пщIэ сырыхужьри, и нэр къицIыщхъукIыу, тесу. И шэр и щхьэм ихуэжа жыхуаIэрати, здзыри, шэ къэуэжыр танк лъабжьэм щIэздзащ. ПцIыр хьэрэмкъэ - шэ къэуэжыр къауэщ аби, танк къажэр дрихуейщ уафэгуми, нэрыплъэкIэ дэплъеям танкрэ сэмэлотрэ яхузэхэмыгъэкIыу сыхьэтитху енкIэ кIэрахъуэу пшэм хэтамэ! Батайск щыдрихуея танкыр Армавир дыкъэсыжауэщ къыщехуэхыжар. Iунэ-Iунэу зэпкъриудри къахуэмыщыпыжа!
Арати, Кушмэзыкъуей сыкъэкIуэжри мазэкIэ зызгъэпсэхуащ, районым къикIрэ сыкъалъагъуу, Налшыч къикIрэ къысщIэупщIэу, дышхэу-дефэу.
 

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться: