|
Литературэ
17 декабря, 2022 - 11:55
ХЬЭIУПЩЫ МуIэед
Новеллэ
Клуб бжэIупэм и закъуэу зеиншафэу Iут кхъужьей жыгыжьым къыпынэжа пщIащэ закъуэтIакъуэр уэшх зыщIэт жьыбгъэм гущIэгъуншэу къызэрыпиудым нэщхъейуэ еплъу щыст Хьэлимэт. ПщIащэ гъуэжьхэр фIэгъэнапIэ гуэр къалъыхъуэу хьэуам тIэкIурэ щыджэрэзырти, щIы псыIэм хэхуэрт. Абыхэм зэ мыхъуми зыкъаIэтыжыну хущIэкъуу къеIэрт, ауэ, зыри яхузэфIэмыкIыу, къарууншэ дыдэу щэнауэрти, щIы щхьэфэ къэуцIынам кIэрыпщIэрт.
16 декабря, 2022 - 14:07
Музыкэ Къэрал театрым иджыблагъэ фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, иужьрей адыгэ джэгуакIуэ, лъэпкъ IуэрыIуатэр хъумэным, зэхуэхьэсыжыным теухуауэ куэд зэфIэзыгъэкIа, адыгэ литературэм и классик ХьэхъупащIэ Амырхъан къызэралъхурэ илъэси 140-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ. Пшыхь гуапэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ. 2022 гъэр Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсу зэрыщытым хыхьэу зэфIаха Iуэхухэм ящыщи мыр.
15 декабря, 2022 - 11:40
Къэшэжхэ къызытехъукIа Псэбыдэ и къуэ Щыхьым, си анэшхуэм и адэ къуэшым, бынибл иIащ: Нарт, Адэлджэрий, Инал, Жэбагъы, Максим, Заурбэч, Анисэт.
12 декабря, 2022 - 09:22
Я унагъуэм къихъуа гуфIэгъуэм триIэтыкIырт дыгъужь анэри, дыгъужь адэри - шыр цIыкIуищ зэуэ яIэ хъуат! Абыхэм я кIий макъым я гур фIы ищIырт. Дыгъужь адэр апхуэдизкIэ гуфIэщати, дыгъужь анэм и гур нэхъри зэрыхигъэхъуэнур имыщIэу, жэщ, мыжыжьащэу щыхъуакIуэ мэл хъушэм къыхиудщ зы щынэ пшэр цIыкIуи, къыхуихьащ. Дыгъужь анэм ар ишхри, лъыр шыр цIыкIухэм я пэм, я Iупэм щихуэжащ - ерыскъыгъуэу къахуигъэщIам я нэхъыфIым и мэр абыхэм егъэцIыхун хуейт!
10 декабря, 2022 - 07:35
Iэмал зимыIэр
ЦIыхур дунейм къытохьэри токIыж, и лъэужь къонэри. Сабий къалъхуар дахэщ, хьэлэлыщэщ, хьэрэмагъ лъэпкъ игу къэмыкIыу, зыщумыгъэнщIу, удихьэхыу. Дахэщ абы щыгъуэ дэтхэнэри, псэ къабзащэщ, дагъуэ лъэпкъ имыIэу.
6 декабря, 2022 - 13:48
Фащэм я нэхъ дахэр сыт? А упщIэм жэуап зэмылIэужьыгъуэ куэд къратыфынущ. АтIэми, цIыхум бгъэдэлъ гъэсэныгъэмрэ хэлъ хабзэмрэщ абы и фащэ нэхъыщхьэр.
6 декабря, 2022 - 09:28
Илъэс едгъэжьэжым дигу къигъэкIыж илъэс бжыгъэхэм язщ американ тхакIуэ Фолкнер Уильям и илъэси 125-р. 1949 гъэм литературэмкIэ Нобель и саугъэтыр къэзыхьа романытх цIэрыIуэм, ди жагъуэ зэрыхъущи, и зы IэдакъэщIэкI иджыри къэс ди анэдэлъхубзэм къытхуигъэзэгъакъым.
6 декабря, 2022 - 07:35
Адыгэ узэщIакIуэ Адыл-Джэрий СулътIан и гъащIэмрэ и творческэ лэжьыгъэмрэ теухуауэ дызыщыгъуазэр мащIэщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ар 1821 гъэм къалъхуащ. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, ар Хъан-Джэрий и къуэш нэхъыщIэщ, ауэ зэрыпэжым щыхьэт техъуэу тхылъымпIэ щыIэкъым.
Адыл-Джэрий СулътIан I876 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м Тифлис дунейм щехыжащ икIи и хьэдэр Кубань областым хыхьэ Пашковскэ станицэм щыщIалъхьэжащ.
5 декабря, 2022 - 13:22
Дыгъэр къепсщ, псым хэпсэщ, нурыфIэу зэщIэблэри - псэр къэхъуащ. Псэм дахагъэу иIэмрэ плъыфэу абы игъуэтымрэ пхуэмытхынщ. Псэм къару мыкIуэщI зэрыхэтым и щыхьэтщ «псибл Iутщ» жыIэгъуэри.
Страницы
|