Адрейхэм дакъыхощхьэхукI

 

 Фащэм я нэхъ дахэр сыт? А упщIэм жэуап зэмылIэужьыгъуэ куэд къратыфынущ. АтIэми, цIыхум бгъэдэлъ гъэсэныгъэмрэ хэлъ хабзэмрэщ абы и фащэ нэхъыщхьэр.

Сыщыпсэу икIи сыщылажьэ Москва къалэм мызэ-мытIэу сыщрихьэлIащ си лъэпкъэгъухэм. Абыхэм сахоплъэжри, гу зылъыстаращи, адыгэхэр адрей лъэпкъхэм дакъыхощхьэхукI. СыткIэ? Зы лъэпкъи, цIыхуи згъэикIэну си гущхьэ къэкIыркъым, ауэ, жыпIэнурамэ, адыгэхэр нэхъ гъэсащ, нэмысыфIэщ, жьым пщIэ хуащI, дэIэпыкъуэгъу мэхъу, гущIэгъу яIэщ, гулъытэ яхэлъщ. Гупым яхэтми, адыгэхэр къахыбоцIыхукI, къахощ зыхэтым. Зэрыадыгэр и бгъэгум темыдзами, темытхами, темыщIыхьами, адыгэр - адыгэщ!

Ди адэхэм я адэжхэм лъыкIэ, гупсысэкIэ, щапхъэкIэ кьытхуагъэна фIыгъуэхэр, дыхуей-дыхуэмейми, къыддогъуэгурыкIуэ, къыддобакъуэ, къыддопсэу. Арагъэнущ адрейхэм дащIемыщхьри. Фащэу ди нэхъыжьхэм къытхуагъэнар щыгъынылъэ закъуэкъым - абыхэм къытхалъхьа нэмысыр, дызэрапсыхьа адыгэ хабзэр - мис ахэращ цIыху дызыщIыр.

 

 

 

 

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться:

Читать также: