Литературэ

ЗэхъуэкIыныгъэхэм я дерсхэр

«Бжыгъэм и дерсхэр» зи фIэщыгъэ урысейпсо егъэджэныгъэ жэрдэмым ипкъ иткIэ 2023 гъэм мазаем и 3-м сыхьэт 12-м щIидзэу Yandex (Яндекс) интернет утыкум дерс зэIуха зыбжанэ щекIуэкIынущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэсих хъуауэ къыщыхалъхьэ а пэхуэщIэр (проектыр) иджы дунейм и щытыкIэнур къызэращIэ Iэмалхэмрэ технологиехэмрэ теухуауэ щытынущ.

КIыщокъуэ Алим и усэ къарур

Критик, литературэхутэ, си егъэджакIуэ Сокъур Мусэрбий мыр къыджиIэгъат «Шум и гъуэгу» усэ тхылъым теухуауэ: «Зауэр зэриухрэ зы илъэс фIэкIа мыхъуауэ, интернат ди республикэм япэ дыдэ къызэIуахауэ, ди егъэджакIуэ Къамбий ХьэматI тхылъ цIыкIу иIыгъыу ныщIыхьауэ щытащ. Тхылъым и жинтым къэбыфэу шу сурэт тету, а шу сурэтыр лъэта хуэдэу къыпщыхъуу тещIыхьауэ, и цIэри тетыжу: КIыщокъуэ Алим «Шум и гъуэгу» жиIэу.

УсакIуэ КIыщокъуэ Алим дунейм зэрехыжрэ илъэс 22-рэ щрикъум

(22.07. 1914 - 29.01. 2001)

Къэзгъэзэнущ псыхьэлыгъуэу,

Къуэр си макъкIэ згъэпсэлъэнщ.

Гъатхэ жылэу сахъумауэ

ТхакIуэт икIи журналистт

19 - 20-нэ лIэщIыгъуэхэм я зэблэкIыгъуэм адыгэ литературэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэр нэхъыбэу лъэпкъ щIэныгъэлIхэм зрапхыр Ахъмэтыкъуэ Къазбэч и творчествэрщ. Литературэм зэрыщылэжьа зэман кIэщIым зи жанркIэ зэпэжыжьэ публицистикэ, художественнэ тхыгъэ гъэщIэгъуэн зыбжанэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ абы.

Къуаргъымрэ бажэмрэ

Жыг щхьэкIэм абгъуэ тезыщIыхьа къуаргъым шыр цIыкIуих къришати, гуфIэгъуэ иIэт. Анэ гумащIэм темыпыIэу цIыкIухэм шхын къахурихьэлIэрт.

Бажэмрэ джэджьеймрэ

Таурыхъ

Макъамэ

Макъамэ защIэщ мы гъащIэр! Псори, псори гухэлъ изогъащIэ! Си гур щохъур дунейм насып защIэ…

«Линэ и удз гъэгъахэр»

ТхылъыфI къэс къалэн пыухыкIа ехь. Ар къэплъытэмэ, биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, РАЕН-м, А(Ч)МАН-м я академик, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысей Федерацэм, ЕгъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ингушетием щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий «Линэ и удз гъэгъахэр» усыгъэ тхылъыр нэхъыбэу къэплъытэ хъунущ щIэныгъэ хэзыгъахъуэуи, дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым ехьэлIауэ гум гущIэгъу къыщызыгъэушуи, псэр зыгъэнщIуи.

ХъумпIэцIэдж пцIыупс

Зэрыщхьэхынэм и зэранкIэ гупым къызыхахуа хъумпIэцIэджыр макIуэ, удз кIырхэм пхыпщу. КъоувыIэ, зеплъыхь, пшхы хъун щимылъагъум, и башыр зыщIегъакъуэри адэкIэ йожьэж. Мо хуабэм и Iур  игъущIыкIауэ псы Iуфэм Iуохьэ, ауэ псы уэрышхуэм бгъэдыхьэн мэшынэ - хэхуэмэ!

Си къуэшхэр щымщ

Зантарие Владимир

Си къуэшхэм сепщIыхьащ ныжэбэ гуэрым,
ЩIэслъагъуэрт я нэ кугъуэм зэрешар.
Ди пщIантIэм ахэр щыму дэтт зэгуэрым,
Нэщхъейхэт, я щхьэр псоми ехьэхат.

Сыт фи хъыбар? КъысхуэфIуэтэж, си къуэшхэ!
Ар жысIэурэ сэ ахэм сахыхьащ.
Жэуап къатакъым – сиубыдырт хуэшым,
СамыцIыхуххэу, уеблэм къысщыхъуащ.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ