МакъамэМакъамэ защIэщ мы гъащIэр! Псори, псори гухэлъ изогъащIэ! Си гур щохъур дунейм насып защIэ… Дыгъэ бзийм, удз гъэгъам, жыг Iэрысэм, уафэгъуагъуэм, уэшх хуабжьым, уэс щабэм… Псоми, псоми макъамэ къапех. Макъыу хъуари мы си гум зэхех. * * * Гур архъуанэм ирехьэри… гъащIэ псо щоуназэ. ГукъэкIыжхэр къожажьэ, гупсысэр мэятэ. ПщIэжрэ, пщIэжрэ жыпIатэр, сигу, зэгуэр узелъатэу… Къэбгъуэтауэ, бгъэфIэну, гухэлъ IэфIу уиIэну… Уэ гухэлъыр жыпIэнут, дуней псор ууей хъунут. Сэ сыноплъырти щыму, бжезмыIэфурэ зыри, уи дунейр сфIэгуэныхьт. * * * Хьэуам къыщыфэ уэс налъэхэр нэбжьыцкIэ къызоубыд. ЩIымахуэм сыхозэрыхь. Къыхыхьи, къыIукIэ псэуэ. Уэс къафэм макъамэ хуэхъу. Армыхъумэ, сохъу щIыIэрыс… Уи плъэкIэр уэсым къытощри, си нитIыр щоункIыфIыкI. Уэ сытхъуу укъыспощэщ. Хьэуам хэз уохъуж аргуэру. Уафэр куууэ мэбауэри, вагъуэхэм я щхъыщхъ макъыр щIылъэм къоIус. Уэсым къысхуихь гукъэкIыжыр уафэм из мэхъури, мэпщIыпщI. Уэсу къощэщэхыж… * * * Уэ умакъамэщ. Псалъэ хэмыту… си хьэуам щэхуу зыхэппхъэпауэ. * * * Пщэдджыжь дыжьынычым къыхэзбжыкI уэс налъэхэм гъатхэ къагупсыс. Къагупсыс макъамэ. Акъужь щIыIэтыIэм макъыр епхъуэтэжри, ар жьы къабзэм хепхъэ. Мы дунейр мэдаIуэ, мы дунейр мэбауэ. IэгукIэ къыщIэзгъалъэри, сэ жьы щIыIэтыIэм щызу сеIубауэ, гъатхэм сыхокIуатэ… Уэ мы сигу къииным и дунейр пцIыхуатэм! Псалъи жомыIатэм… Гъатхэм уIущIатэм! Гъатхэм уIущIатэм, къэпцIыхунут си гур. Гухэлъ защIэу тIэпIрэ, имыхуэжу бгъэгум! ИлъэтыкIрэ накIуэу! Мы дуней архъуанэм си гур зыщ, зы закъуэщ. И закъуэщ! Си пкъым къыIэщIэкIри, езыр хуит хъужауэ, гъатхэкIэ мэбауэ. Мы си нэпсыр пщтыру щIыIэм къыщIихуауэ, сэ дунейм содауэ. Уи нэм сыщIэплъэжрэ, си псэ щымыIэжмэ, ар хэкIащ куэд щIауэ! Пэж Гум пэж щыпсэут. ГуфIэу, пIейтейуэ, хахуэу, щабэу е жану. Хэхъуэм хэхъуэурэ, гум имыхуэж хъуащ. КъыщыпкIырт. Хуейт зиIэтыну, лъэтэну, зиплъыхьыну. Ар гум идэнут?! ЕупщIакъым… Гум изэгъэжыртэкъыми, гъуэгу хишыну ежьат. Жылэ трисэурэ ирикIуэнут. Жылэр къикIыкIынут, гъуэгур гъэгъэнут. Пэж защIэ хъунут хъуреягъыр. Арат и гугъэр. Гум къызэрикIыу, гъы макъ зэхихащ. ИтIанэ кIий макъ… дыхьэшх макъ… фий макъ. Псори зэщIовууэ. Пэжыр мэкIэзыз. Зызэтреубыдэри, мэбакъуэ. Уаем, псыдзэм, мафIэсым хобакъуэ. КъыщыувыIэкIэ кIиину мурад ещI – зэхахын хуейщ… дауэ мыхъуми зэхахын хуейщ.Iэмал имыIэу! Зэ мэкIийри, уафэр къыподжэж - мэхъуэпскI. ЕтIуанэу жиIэнIауэ зыщигъэхьэзырым, и макъ къикIыжыркъым. Псыежэхым жиIэр
Дыгъэм зеукъуэдийри, удз гъэгъа губгъуэм йоIусэ. Гъэгъахэр егъафIэ. Губгъуэ щхъуантIэм тепхъа гъэгъа щхъуэкIэплъыкIэхэм хьэндрабгъуэхэр тотIысхьэ, къытолъэтыж, ящхьэщолъатэри загъэкIэрахъуэ, къофэ. Жьы мащIэм гъэгъа тхьэмпэхэр щIигъэхъаеурэ, хьэуам мэ гуакIуэр хегуашэ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 14:56 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
17.04.2024 - 11:45 →
ЕщIэнокъуэхэрэ КIэфыщхэрэ я таурыхъ
05.04.2024 - 12:14 →
Хэхэсхэм я IуэрыIуатэ
05.04.2024 - 10:11 →
Сабий тхылъхэр
25.03.2024 - 16:00 →
Щызэдагъэхъар гъунэншэщ
|