ТхакIуэт икIи журналистт

19 - 20-нэ лIэщIыгъуэхэм я зэблэкIыгъуэм адыгэ литературэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэр нэхъыбэу лъэпкъ щIэныгъэлIхэм зрапхыр Ахъмэтыкъуэ Къазбэч и творчествэрщ. Литературэм зэрыщылэжьа зэман кIэщIым зи жанркIэ зэпэжыжьэ публицистикэ, художественнэ тхыгъэ гъэщIэгъуэн зыбжанэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ абы.

Профессор ХьэкIуащэ Андрей зэритхымкIэ, художественнэ тхыгъэ гъэщIэгъуэн Iэджэ и Iэдакъэ къызэрыщIэкIам нэмыщI, Ахъмэтыкъуэ Къазбэч журналист гъуэзэджэуи щытащ. Илъэс зыбжанэ зэкIэлъыкIуэм ар урыс газет, журнал нэхъ цIэрыIуэхэм я корреспондету лэжьащ, и хэкум и щIыпIэ куэдым къинэмыщIауэ, хамэ къэрал Iэджэм щыIащ, нэгъуэщI лъэпкъхэм я псэукIэм тхыгъэ зыбжанэ тритхыхьащ, а псом и щIыIужкIи, езым и газет, журнал къыдигъэкIыу щытащ.

Ахъмэтыкъуэ Къазбэч 1870 гъэм къалъхуащ. И тхыгъэхэм щыжыIахэр тегъэщIапIэ ящIри, языныкъуэ щIэныгъэлIхэм ар Тыркум иIэпхъукIа адыгэ унагъуэм къыхэкIауэ, иужькIэ абы къикIыжу Куржым къэIэпхъуэжу Тифлис дэс журт унагъуэ Эттингерхэ къуэ ящIауэ хуагъэфащэ.

Къазбэч и щIалэгъуэ дыдэм къыщыщIэдзауэ къэкIухьынымрэ Iуэху гъэщIэгъуэн куэдымрэ хэтащ. Илъэс пщыкIуий фIэкI зимыныбжь а щIалэр апхуэдэ Iуэху нэхъ цIэрыIуэу зыхэтар Ашиновыр зи унафэщIу Абиссинием (иджы Эфиопиещ) 1888 гъэм ягъэкIуа япэ урыс экспедицэрщ. Абы зэрыщыIар щIигъэбыдэу, иужькIэ «Вокруг света» журналым тхакIуэм къытригъэдзауэ щытащ абы щыгъуэ щIыгъуа и ныбжьэгъухэр бэлыхь зыхэтахэр къыщыIуэтэжа «Материк фIыцIэ» зыфIища тхыгъэ гъэщIэгъуэныр.

Абиссин лъэпкъым и гъащIэр, абы щилъэгъуахэр, и нэгу щыщIэкIахэр къыщыгъэлъэгъуэжауэ тхакIуэм и Iэдакъэм къыщIэкIащ нэгъуэщI художественнэ тхыгъэ зыкъоми.

Бэлыхьищэхэр пыщIауэ зи хэку къэзыгъэзэжа Ахъмэтыкъуэм и унагъуэр щыпсэу Одессэ мыкIуэжу, Кавказ Ищхъэрэм осетин щIыгъуахэм къыздашэ икIи, езым зэритхыжыгъамкIэ, ар зэманыфкIэ Осетиеми, Къэбэрдейми, Балъкъэрми щохьэщIэ. Ди деж къэсыжа тхылъымпIэхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, а илъэс дыдэхэм абы и мурадащ Бытырбыху дэт консерваторием щIэтIысхьэну. Сытхэр и щхьэусыгъуэми, гугъэ ищIахэр къегъанэри, ар Одессэ дэс и унагъуэм йокIуэлIэж, зэрынэсыжуи, къулыкъу дзэм щищIэну ираджэ. Ауэ мазиплI фIэкI хуэмыхьу, ар абы къыхокIуэсыкIыж икIи нэгъуэщI унэцIэ зэрихьэу урыс газетхэмрэ журналхэмрэ ядэлажьэу щIедзэ. А илъэсхэм ар нэхъыбэрэ здэщыIар Тыркурщ, зыгъэкIуа газетхэм яхуитха тхыгъэхэм нэмыщI, тырку гъащIэм абы треухуэ «Тыркум теухуа очеркхэр», «Иджырей Тыркур», «Мазэныкъуэ къэралым» щхьэхуэу къыдэкIа тхылъхэр.

Иужь зэманхэм лъэпкъ щIэныгъэлIхэм къэхутэныгъэ ирагъэкIуэкIахэм сэтей къызэращIамкIэ, Ахъмэтыкъуэ Къазбэч Хьэжылъашэ Мыхьэмэт унэцIэр къищтащ. Ар иужькIэ Франджым мэIэпхъуэ, зэрыхуэбгъэфэщэнкIи, абы и щхьэусыгъуэр а къэралым щыщ Лефевр Александрэ Альфонс и пхъур къызэришам и закъуэу къыщIэкIынукъым. Куэд дэмыкIыуи абы Париж къыщыдигъэкIыу щIедзэ «Муслъымэн» журнал цIэрыIуэр. А илъэс дыдэхэм абы Урысейми къыщызэригъэпэщауэ щытащ «Муслъымэн дуней» газетри. ФIэщыгъэцIэ зэхуэмыдэ Iэджэм щIэту и газетымрэ журналымрэ абы къытредзэ публицистикэ, художественнэ тхыгъэ куэд. А тхыгъэхэм къыщыIэта гупсысэхэм тепщIыхьмэ, узыхуэкIуэр зыщ: япэ лъэхъэнэхэм урыс пащтыхьым зэрихьэ лейм пэувыну абыхэм лэжьакIуэбэр къыхураджэу щытамэ, иужькIэ зауэ - банэ хэмыхьэу я щIэныгъэм, я зэхэщIыкI-гупсысэм зэрызрагъэужьыным яужь итынущ и тхылъеджэхэр ахэм зыхуагъасэр.

ИджыкIэ дызыщыгъуазэ тхылъымпIэхэм къызэрыхэщымкIэ, Октябрь революцэм ар гуапэу IущIакъым, ауэ, абы щхьэкIи къимыгъанэу, ар пIалъэ гуэрхэкIэ Совет властым и тIасхъэщIэххэм ядэлэжьащ, къалэн пыухыкIахэр и пщэ иралъхьэурэ хамэ къэралхэм пIалъэ - пIалъэкIэрэ ягъэкIуэу щытащ. Ахъмэтыкъуэ Къазбэч дунейм щехыжа илъэсри щыщIалъхьа щIыпIэри нобэр къыздэсым зэхэмыгъэкIауэ къонэ.

Япэрей адыгэ узэщIакIуэхэми ещхьу, Ахъмэтыкъуэм пасэу къыгуроIуэ лъэпкъ IуэрыIуатэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, ар зэзыгъэпэща лъэпкъым и гъащIи, и хъуапсапIи, и Iуэху еплъыкIи куууэ абы къызэрыхэщыжыр. Тхэн щыщIидза япэ махуэхэм къыщегъэжьауэ IуэрыIуатэм щызекIуэ хъыбарыжьхэр тхакIуэм и тхыгъэхэм лъабжьэ хуещI, и IэдакъэщIэкIхэми я нэхъыбэм пыщIэныгъэ быдэ абы хуаIэщ. Япэ и тхыгъэхэм ахэр екIуэкI гъащIэм, щыпсэу зэманым ирипхыфыркъым, абы и дежкIэ нэхъыщхьэр тхылъеджэр дэзыхьэхын, занщIэуи зытхьэкъун гъэщIэгъуэныгъэ гуэр къэIуэтэнырщ. Апхуэдэхэм дежи абы и тхыгъэхэм нэхъ ехьэжьауэ зи гугъу щищIыр лъагъуныгъэрщ, абы къыдэкIуэ насыпыншагъэ - нэщхъеягъуэшхуэхэрщ, кIэ зимыIэж лъыгъажэ пыщIарщ.

Апхуэдэ тхыгъэ зыбжанэм и гугъу фхуэтщIынщ. Лъагъуныгъэм зи лIыгъи цIыхугъи зыфIигъэкIуэда цIыху гущIэгъуншэм и образ гукъинэж щызэфIэгъэуващ «Азэн джапIэм и щэху» рассказым. Зэ еплъыгъуэкIэ уэркъ щIалэ Джэфар цIыху зэпIэзэрыту къыпщохъу - ар зауэлI хахуэщ, и лъахэм и хъумакIуэ къэмылэнджэжщ, лъагъуныгъэ къабзэ Ритэ-хъани хуиIэщ. Ауэ лъэпкъкIэ зэрызэхуэмыдэм къыхэкIкIэ, а пщащэм и адэ Хьэжы-Джэрий и пхъур абы иритынкIэ Iэмал иIэкъым. Ар щIалэми ещIэ, ауэ ар апхуэдизу ерыщщи, жаIэр къыгурыIуркъым, зыми едэIуэнуи и мурадкъым. И псэр щIитами, фIыуэ илъагъур абы нэгъуэщIым дигъэкIуэнукъым, зышэми щIигъэкIуэнукъым. Лъагъуныгъэм зи нэр къыщипхъуа а цIыху гущIэгъуншэм и зэранкIэ, лажьи хъати зимыIэ, зи насып къэкIуэгъуэ пщы Джэрий и щIалитIым - Илджыкъуэрэ Уэсмэнрэ, Ритэ-хъан, езы дыдэхэм я псэр ятын хуей мэхъу.

МынэхъыкIэмэ, Джэфар зыкIи къыкIэрыхуркъым «Жэнэт пщащэ» рассказым хэт Жамбулэти. Куэд щIауэ зыхилъхьэ щымыIэу фIыуэ илъагъу, и гъащIэр зыдихьыну и хъуапсапIэ и пщащэр - пщы цIэрыIуэм ипхъу Фуджэ - къызэришэу, и ныбжьэгъу щхьэхуещэм ар IэщIегъэкI, шыкIэ ирехъуэж, кърипэса напэтехыр зыхуэмышэч и щхьэгъусэми зеукIыж. А насыпыншагъэм и бэлыхьыр зытехуэр фIыуэ зэрылъагъуитIым - Фуджэрэ Жамбулэтрэ - я закъуэкъым, и ныбжьэгъум ириха лейр къыщIэкIуэркъым Темырболэти, IэщIэщIам иужькIэ, ари гъащIэм IэфIыгъэ лъэпкъ хуимыIэжу дунейм къытонэ.

Лъагъуныгъэм, лъыщIэжыным тхьэмыщкIагъэшхуэ къыдэкIуэхэр тхакIуэм Iэзагъ хэлъу къыщигъэлъэгъуащ нэгъуэщI тхыгъэхэми. Абыхэм иужькIэ дытепсэлъыхьынщ.

Зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также: