УсакIуэ КIыщокъуэ Алим дунейм зэрехыжрэ илъэс 22-рэ щрикъум

(22.07. 1914 - 29.01. 2001)

Къэзгъэзэнущ псыхьэлыгъуэу,

Къуэр си макъкIэ згъэпсэлъэнщ.

Гъатхэ жылэу сахъумауэ

ЩIы вагъащIэм сыхэлъынщ.

 

Адыгэ литературэм и классик, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Къэбэрдей-Балькъэрым и цIыхубэ усакIуэ, Урысей Федерацэмрэ КъБР-мрэ я Къэрал саугъэтхэм я лауреат КIыщокъуэ Алим дунейм ехыжащ 2001 гъэм январым и 29-м, и ныбжьыр 87-м иту.

Алим езым зэритхыжамкIэ, къыщалъхуар Щхьэлыкъуэщ, 1914 гъэм июлым и 22-м, махуэр щигъэбелджылыжар иужькIэщ - и анэм и гукъэкIыжхэм трищIыхьурэ.

УсакIуэр дунейм щехыжа гъэм, 200I-м, и дыгъэгъазэм «Щхьэлыкъуэ» усэ тхылъыр къыдэкIащ. «Щхьэлыкъуэр» дунейм къытехьауэ Алим имылъэгъуами, ар езым и иужьрей псалъэу игъэхьэзырырт. Тхылъым ихуа усэ гуэрхэм куэд щIауэ дыщыгъуазэу щыт пэтми, ахэр: «Адыгэ хэку», «Адыгэ цей», «Кхъужьей къудамэ», «Зеич лантIэ», «УцIыкIуу уи гум ибубыдэр», «Адыгэ гъатхэ», «Гъатхэм и бзэ», н., редактор Iэзэм и фIыщIэкIэ, зым къыщыIэта гупсысэм адрейм екIуу къыпищэу усэхэр сборникым зэкIэлъыхьа щыхъуащи, абыхэм зэгъусэу укъыщеджэкIэ, Алим и дуней еплъыкIэу щытамрэ къикIуа гъащIэ гъуэгумрэ уи нэгум наIуэу къыщIоувэ. Мыр урижэу узэджэн зы тхылъкъым. Алим и усыгъэ псом къыхихри, тхылъыр зэхигъэуващ редакторым. Ахэр: «Ди бзэмрэ сэрэ», «Псалъэ», «УбзэмыIумэ, бгъуэтыжынкъым», «Сэ нэгъуэщIыбзэщ тхылъ зэрыстхыр», «Гъатхэ къэскIэ я гъуэлъхьэгъуэу», «Си щIыналъэ», «Си хэку нур хадэм и уэрэд», «Ди хэку аргуэру къызогъазэ», «Ди унэжь», «Щхьэлыкъуэ», «Сыжейми, си нэр зэтесхами», «Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху», «Си хэку нэхъ ини сыту сщIын», «Сыт бэлыхьлажьэ къыстехуами», «Уи хэку жыг закъуэ фIэкI имытми», «Къэзгъэзэнущ сэ», «Жьэгу», «Си хэку», «Поэзие», «СыкIуэнт нэхъ псынщIэу», «Си илъэсищэ», «Си нитI», «Щхьэлыкъуэ хадэ», н. Усэхэр апхуэдизу зэхэухуэнащи, зэрытхылъу зы поэмэ дахэу укъоджэ, деплъынти:

- Сыжейми, си нэр зэтесхами,

Щхьэлыкъуэ къуажэр щIэтщ си нэгу;

 

- Бзэ симыIэжмэ, сэ ахърэтым

 Жэнэт сисынуи сыхуэмей;

 

- Бзэр мыбзэжмэ, псалъэр щыкъуну

 къуалэбзухэм яхуэвгуэш;

 

- Iуэхушхуэ цIыхум ящIэхункIэ,

 Уэ ухэку цIыкIуу уамыбжын;

 

- Си гъащIэр сухми, схуэухынкъым

Си хэку нур хадэм и уэрэд;

 

- Сыкъуалэбзууэ къэслъэтыхьмэ,

Щхьэлыкъуэщ дамэ щызгъуэтар;

 

- Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху,

 Си къуажэ жыжьэр пщIыхьэпIащ;

 

 - Дапщэ хъуами къыпхуэмыщIэу,

 Си сыхьэтри зэ къутэнщ,

Мис итIанэ стхам уэ къеджэ -

Си зэманым гу лъыптэнщ., н.

Мыхэр адыгэбзэмкIэ ди школ тхылъхэм игъэува хъуатэмэ, сабийхэм гуфIэжу гукIэ зрагъэщIэнут. Анэдэлъхубзэр езыр усэбзэкIэ нэхърэ нэхъыфIу зэрыпхуэхъумэн щыIэ?! Усэхэм къапкърыкI къарум плъэмыкIыу укъызэщIеIэтэ - ахэр псынщIэ дыдэу еджакIуэ цIыкIухэм къапхъуэтэнурэ гукIэ кърахьэкIынут, - апхуэдизу ди бзэр, ди хэку дахэр, дыкъэзылъхуа адэ-анэр, ди тхыдэр, дуней дызытетыр фIыщэу уагъэлъагъури. ЦIыхум хуэсакъыпэу ихъумэр фIыуэ илъагъуракъэ-тIэ? Тхьэшхуэр зы лъэпкъым усакIуэ нэскIэ къыхуэупсамэ, а лъэпкъым фIыкIэ щогугъ иджыри. Псом хуэмыдэжу анэдэлъхубзэкIэ усэ нэс къэзыгъэщIыфхэр бегъымбар пэлъытэщ. А тIум (усакIуэмрэ бегъымбарымрэ) я къалэнхэр абдеж щызэтохуэ.

Иджыпсту литературэ дахэ диIэщ - школ тхыгъэ къызыхэпхын куэду щыIэщ. Ди школ тхылъхэри фIы защIэу пхузэхэгъэувэну щытащ. Анэдэлъхубзэр лъэпкъым ихъумэнумэ, зригъэужьынумэ, игъэкIуэтэнумэ ди школ учебникхэм делэжьын хуейщ, дыкъэмыувыIэу едгъэфIэкIуэн хуейщ, фIым я фIыж тхыгъэ фIэкIа абыхэм идмыгъэувэу.

Алим япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ и кIэ дыдэм нэсыху зыхэта Хэку зауэшхуэр 1945 гъэм ди текIуэныгъэкIэ иухащ. Зауэм зэхикъута республикэр къэзыIэтыжын цIыху щыпкъэхэм хуэныкъуэти, партым и обкомыр къэрал унафэщIхэм елъэIури, езы Алим зыри химыщIыкIыу, бадзэуэгъуэ мазэм кърагъэутIыпщыжри, щIэныгъэ IуэхухэмкIэ наркому ягъэуват. Мы къулыкъур Алим дауэ къытехуат жыпIэмэ, ар и биографием гурыIуэгъуэ дыдэ пщещI: 1935 гъэм, Алим Владикавказ дэт пединститутыр къиухри, щIэныгъэ нэхъыщхьэ игъуэтауэ и хэку къигъэзэжащ икIи адыгэбзэрэ урысыбзэрэ иригъэджу Налшык щылэжьащ. ИужькIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщIу ягъэуват, ауэ куэдрэ мылэжьауэ дзэм къулыкъу щищIэну яшэ. 1938 гъэм Алим зэхигъэувауэ дунейм къытехьат: 3-нэ классым папщIэ «ЛитературэмкIэ хрестоматие» тхылъым и япэ Iыхьэр. А гъэ дыдэми къыдэкIащ 2-нэ Iыхьэри, 4-нэ классым папщIэ жиIэу. 1940 гъэм къыдэкIащ Алим и IэдакъэщIэкIыу пэщIэдзэ классхэм папщIэ «ЛитературэмкIэ хрестоматие» тхылъым и 1-нэ, 2-нэ Iыхьэхэр. КъинэмыщIу, 3-нэ, 4-нэ классхэм папщIэ хрестоматиехэр етIуанэ къыдэкIыгъуэу, нэхъ елэжьыжауэ еджакIуэхэм яIэрыхьащ. Ахэр зэритхар нобэрей школ учебник зэхэгъэувэкIэм хуэдэукъым - тхыгъэ хьэзырхэр къищтэрэ, зэрыхуейуэ тхылъым иригъэувэу. А лъэхъэнэм художественнэ лъэпкъ литературэ апхуэдизу узыхэщыпыхьын зэрыщымыIэм къыхэкIыу, езым урыс, хамэ къэрал классикхэм я тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIыурэ, къызэрезэгъынум хуэдэу, классхэм ятригуэшащ. Мыр икъукIэ Iуэхушхуэт. Алими щIэныгъэмкIэ цIыхубэм я комиссар (народный комиссар просвещения) къулыкъур, зауэм кърашыжу къыщIыхуагъэфэщар, абы хуэкIуэу и плIэм икIа лэжьыгъэхэрат.

ИлъэсиплIкIэ зауэм Iута Алим, и унэжь къихьэжмэ тIэкIу зигъэпсэхуну, и благъэ-Iыхьлыхэм сэлам ярихыну игу илъами, шыфIым уанэр прахьэжьэ жыхуаIэм хуэдэу и Iуэхур къыщIэкIащ. ЗауэлIыр и хэкум къэмысыж щIыкIэ, щIэныгъэ-еджэныгъэм епха Iуэхугъуэхэр обкомым зыбгъэдилъхьар хэIущIыIу хъуати, Алим IэнатIэм жыджэру пэрыуващ. ЛэжьапIэми гранатэ зэрылъа ашыкыр шэнт хуэхъуат, адрейхэм ущIэмыупщIэххэми хъунущ, ауэ зы маршыни «Виллису» къратат, зауэ гъуэгуу километр минхэр къызэхижыхьауэ, езыр щIэбгъэнэн щхьэкIэ витIым зы сыхьэт хуэдизкIэ кърашэкIын хуейуэ. Лэжьыгъэ гугъум къыдэхуэу, I946 гъэм, Налшык, Кабгосиздатым Алим и «Шум и гъуэгу» усэ тхылъыр къыщыдэкIащ и тиражыр мини 5 хъууэ. Накъыгъэм, ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу, къыдэкIат усэ тхылъыр. Сэлэтхэм ящыщ зыкъомыр иджыри я унэ къэкIуэжатэкъым, хъыбарыншэр нэхъыбэжт. Ауэ мы тхылъыр къыщыдэкIам щыгъуэ, цIыхухэм ди ТекIуэныгъэшхуэр абы ирищIагъэбыдэжауэ къалъытат.

БАКЪ Зерэ, егъэджакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор.
Поделиться:

Читать также: