Литературэ

Напэм къыщыщIэдзауэ кIапэм нэс ящэ

Куэбжэм укъызэрыдэбэкъукIыу, занщIэу узыкIэрыхьэ Iуащхьэ хъуреишхуэр щхъуантIэ дахэу щытащ, укIэрыплъэн къудейр гухэхъуэу. Унагъуэхэм къыдаутIыпщыкIа шкIащIэ, танэ къэжэпхъахэм я хъупIэр бэгъуат. Удзымэр къыпIурыуэрт зыщумыгъэнщIу... Иджы нэгъуэщIу зихъуэжащ а щIыпIэ дахащэр къыумыцIыхужыну, дыгъэм илыпщIа къум нэщIым ещхьу, плъыжьыфэ хъуащ.

Усэхэр

* * *
Уи сурэт закъуэр къызощтэжри,
НэгъуэщI дуней сыхобзэхэж,
НэгъуэщI хьэуа сыхоIубэж.

ЩIыуэпсыр егъафIэ

Дыкъэзыухъуреихь дунейр гурэ псэкIэ щызыхыбощIэ Фазиль Искандер и усыгъэм, щIыуэпсым и хьэлыр, зэманым и кIуэкIэр къыщыбгуроIуэ.
ГукъэкIыж щыпхышащ и усыгъэм, дэтхэнэри и гъащIэ хигъэплъэжу! Искандер и усыгъэр узэрыбауэ хьэуам къыхонэ, дахагъэ гуэр щыплъагъукIэ усэхэм хэт псалъэхэр уигу къагъэкIыу.
Искандер и усыгъэм къыхощ гъэмахуэ курыкупсэ: Iэщ хъушэр псым зэпрокI, Iэщыхъуэм дыIуощIэ, кхъуей ягъэгъум Iугъуэмэ къыпех, псыкъелъэм и макъ зэхыбох, псынэпсым и IэфIыр, хьэуам и къабзагъыр зыхыбощIэ, пцIащхъуэхэм къалъэтыхь, хьэм и кIапэр егъэджэгу.

Зэи ящыгъупщэнукъым

Тырку литературэм и новеллэ жанрым и лъабжьэр зыгъэтIылъа Хьэткъуэ Умар (Омер Сейфеддин) дунейпсо литературэми увыпIэ хэха щеубыд. Абы и тхылъхэр къэрал куэдым къыщыдэкIащ. УрысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ Умар и новеллэхэр тIощI гъэхэм и кIэм къыщыщIэдзауэ урыс журналхэм къытохуэ, и тхыгъэ къыхэхахэр тхылъ щхьэхуэу 1957, 1975, 1987 гъэхэм Мэзкуурэ Ленинградрэ къыщыдокI. Тхылъищми ит новеллэхэр, повестхэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIащ Печенев Игорь, Яковлевэ Нелли, Кормушин Иван сымэ. «Омер Сейфеддин пщIэшхуэ иIэщ иджырей тырку литературэбзэр убзыхуа зэрыхъуамкIэ, - жеIэ Печеневым.

Джэгуэщ – псыкъелъэу 33-м я хэщIапIэщ

 Руслан къыщытпежьэну жыхуиIа бжьэпэм и теплъэр зыхуэдэр тхузэхэмыгъэкIыу, Шахэ и ижьрабгъу лъэныкъуэм Iут нэпкъхэр кIуэрыкIуэм тету нэкIэ щэтпщыкIащ.

Къуршхэм я уэрэдус

Дызэрыт илъэсым Дагъыстэнми Урысей псоми Iэтауэ щагъэлъэпIэнущ авар усакIуэшхуэ Гамзатов Расул къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъур.
Дагъыстэным хыхьэ Цада къуажэм I923 гъэм дунейм къыщытехьащ Гамзатов Расул. ЩIалэм IэщIагъэкIи гъэсэныгъэкIи япэ ущиякIуэ хуэхъуар езым и адэрщ. Усэхэри шыпсэхэри зэхилъхьэу щытащ Гамзат Цадасэ, Пушкин и таурыхъхэр аварыбзэкIэ зэридзэкIырт. Расул унагъуэм щыщIалэ ещанэт.

ЩIэныгъэм дызэрыхуэкIуар

Урыс-Кавказ зауаем хэкIуэдами е лъахэм иIэпхъукIами, сыткIи пхузэмыгъэзэхуэжын хэщIыныгъэ зыгъуэта адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ мащIэу

ИстамбылакIуэм и гукъеуэ

ХамэщI щIыпсэу адыгэхэм яхэтщ усыгъэкIэ бзэр зыхъумэ. Хэкум къыхуэпабгъэ гум зэшыгъэм и гуауэр щызэтрехьэри, ар усэбзэм щIогъуалъхьэ. Хэкурщ ахэр нэхъыбэу зыхуэусэр…

Хэкум и макъыр зэм щабэу, зэм губжьауэ къыхоIукI ЩIэжьокъуэ Зафэр и усыгъэм. Зафэр Хэкум хуиIэ гурыщIэхэр къыщигъэлъагъуэу итхащ усыгъэ тхылъитI. «Гум къыпыткIухэр» абы и усэ тхылъым къыкIэлъыкIуащ «Сэ иджыри сы - ИстамбылакIуэщ» зи фIэщыгъэр. «Хэкупсэу, зи гъащIэр хэку гъэзэжыным щIэзыта къуэш лъапIэ Тыжь Илкай и фэеплъу…» тритхащ етIуанэ тхылъым.

Нартыху фо

Сабий рассказ

Хэт нэхъыфIу ищIэрэт?!

 Щхьэлыкъуэ къуажапщэмкIэ къежэхыж таксир къэзгъэувыIэу: «Налшык «Дубки» бэзэрым сышэ», - жысIэу щIалэ лъагъугъуафIэм зыщыхуэзгъазэм, къалэм нэс нэщIу зэрымыкIуэжынур и гуапэ хъуауэ, сызыбгъурегъэтIысхьэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ