Литературэ

Мывэ нэпцI

 (хъыбар кIэщI)
Махуэ гуэрым налкъут плъыжь (рубин) къэсщэхуну сежьащ. Здэрт ар Iэлъынми, тхьэгъуми, а мыщIэ плъыжь дахэр ис закъуэмэ.
- Налкъут плъыжь фиIэ? - соупщI япэу сыздыщIыхьа дыщэ щапIэм гуфIэжу къыщыспежьа цIыхубзым.
- Ехьей диIэ, мис къыхэх, - сыбгъэдешэ витринэ зэщIэпщIыпщIэм. Уасэхэм соплъ, узыпэмылъэщын хуэдэкъым.
- Налкъут плъыжь дыдэ?
- АтIэ, дэ хьэпшып нэпцI тщэркъым, Мэзкуу и завод нэхъыфIхэм ящыщ зым ейщ мы плъагъухэр…

«Псынэ цIыкIу», «Къуажэхьхэр»

Дэ зэрытщIэщи, Щоджэн Леонид и тхыгъэхэм я нэхъыбэр теухуащ къытщIэхъуэ щIэблэм хьэл-щэн дахэ яхэлъу, хэкур, лъэпкъыр, анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу гъэсэным. Абы и усэхэм сабийхэр дахьэх, къеджэгъуафIэщ, гукIэ зэгъэщIэгъуафIэщ.

ЗыхащIыкIа Iущыгъэ

Хъыбар

Ди къуажэм тхьэмыщкIэ дыдэу зылI дэст. Гъурц къищыпу ищэжымкIэ абы игъэпсэурт и унагъуэр. Махуэ псокIэ зэхуихьэса гъурцыр пщыхьэщхьэхуэкIуэу бэзэрым ихьырти ищэрт. КъыщIэкIамкIэ факъырэм къищэху щIакхъуэр яхуихьырт и щхьэгъусэмрэ и къуэ закъуэмрэ. КIыфI зэхэту къэтэджырт, щыгъуэлъыжыр жэщыбг хъуауэт. Еуэри, зэгуэрым абы бэзэрым гъурц щищэри, щIакхъуэ щапIэмкIэ иунэтIауэ, зы лIыжь гуэрым ирихьэлIащ.

Мэлэчыпхъурэ гъунэгъу гуащэ нысэмрэ

Нарт эпос

ПШЫНЭ

Адэм   адыгэ  макъамэхэм пищI щыIэтэкъым.  Къалэм Iуэху  гуэркIэ  и  лъэ  щытеувэххамэ,  пластинкэ  зыбжанэ  имыIыгъыу  къыдыхьэжыртэкъым.  Ар  приёмникым  трилъхьэрти, зы  къафэр  иухым, адрейр трилъхьэурэ,  махуэ  псом  щедаIуэ къэхъурт. ИтIанэ  абы  ямылейуэ  и  нэ  къикIырт  и  пхъуищым  языхэз  пшынауэ  хъуну.    Махуэ  гуэрым  ар  къэкIуэжащ къэзан  пшынэ  дахащэ  и  блэгущIэм  щIэлъу.  НэхъыщIитIри  къигъанэри,  пшынэр  нэхъыжьым IэщIилъхьащ. Езы дыдэми ищIэртэкъым абы ар нэхъ дихьэхыну фэ щIриплъар. Пэжыр  жыпIэмэ,  щыри  пэжыжьэт    а  Iуэхум...

Зэманыр IуэхукIэ игъэнщIыфырт

Зэманыр IуэхукIэ зыгъэнщIыфу псэуам гъащIэр къехъулIауэ жыпIэ хъунущ. ТхакIуэ цIэрыIуэ Жылэтеж Сэлэдин къикIуа гъуэгуанэм уриплъэжмэ, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым адыгэ къуажэ къыщыхъуа щIалэ жаныр щIэныгъэм хуэпабгъэу, лэжьыгъэм хуэIэкIуэлъакIуэу, Iуэхум хуэмыщхьэхыу зэрыпсэуар.

Мэзым дызэрынэсар

Си цIыкIущхьэу зэрызысцIыхуж лъандэрэ мэзхэм, къуршхэм сыдахьэх. АтIэми, сызыIэпамышэнкIэ Iэмал яIакъым сыкъыщыхъуа Лэскэн ЕтIуанэ къуажэр къызыдэунэхукI тIуащIэ лъагъугъуафIэм и лъэныкъуитIымкIи ди анэм и дыщ Хьэтуей жылэу куэдрэ дыздишэжым ипщэ лъэныкъуэмкIэ къыщыхуеплъых джабащхьэ зэпыгъэщхьэхукIахэмрэ зыуфэбгъуа щхъуантIагъэм.

Дзыгъуэ мыдыгъуэ плъэгъуа?

Таурыхъ

Псэм къыбгъэдэкI сатырхэр

Жэуаплыныгъэ ин зыпылъ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ ­IэнатIэм илъэс 50-м щIигъукIэ псэ хьэлэлу пэрыта, ноби ­гъащIэм жыджэру хэт ДыщэкI Марие Сухьэмэдин и пхъур зымыцIыху куэд щыпсэу къыщIэкIынкъым ди щIыналъэм. 

Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ Бемырзэ Мухьэдин къызэралъхурэ илъэс 75-рэ ирокъу

Бемырзэ Мухьэдин Хьэмид и къуэр 1948 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Хьэбэз щIыналъэм хыхьэ Али-Бэрдыкъуэ (Хьэгъундыкъуей) къуажэм къыщалъхуащ. 1966 гъэм Мухьэдин къуажэ еджапIэр дыжьын медалкIэ къиухащ. Къэрэшей-Шэрджэс педагогикэ институтым и филологие факультетым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэта нэужь, Бемырзэм дзэм къулыкъу щищIащ. 1971 - 2003 гъэхэм Али-Бэрдыкъуэ къуажэ еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щригъэджащ. А илъэсхэм Бемырзэмрэ езым нэхърэ нэхъыжь егъэджакIуэ Шорэ Хьэсинрэ я жэрдэмкIэ еджапIэм къыщызэIуахауэ щытащ къуажэм и тхыдэр къэзыIуэтэж музей.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ