Мывэ нэпцI

 (хъыбар кIэщI)
Махуэ гуэрым налкъут плъыжь (рубин) къэсщэхуну сежьащ. Здэрт ар Iэлъынми, тхьэгъуми, а мыщIэ плъыжь дахэр ис закъуэмэ.
- Налкъут плъыжь фиIэ? - соупщI япэу сыздыщIыхьа дыщэ щапIэм гуфIэжу къыщыспежьа цIыхубзым.
- Ехьей диIэ, мис къыхэх, - сыбгъэдешэ витринэ зэщIэпщIыпщIэм. Уасэхэм соплъ, узыпэмылъэщын хуэдэкъым.
- Налкъут плъыжь дыдэ?
- АтIэ, дэ хьэпшып нэпцI тщэркъым, Мэзкуу и завод нэхъыфIхэм ящыщ зым ейщ мы плъагъухэр…
Абыи сыкъыщIэкIыжри, къезгъэзыхащ, адрей къалэ тыкуэнхэми сыщIэплъэн мурадыр сиIэу. Лъэс лъагъуэм сытету хуэмурэ сыздехым, согупсыс, сыт а налкъут плъыжьыр  Iэмал имыIэу си гум къыщIыпылъэдар, налмэсым нэхърэ зэрынэхълъапIэрщ…
 Адрейм, адреижым - си лъэр здынэс къэзгъэнакъым. Дэни налкъут плъыжьыр щIэлъщ, арщхьэкIэ, Iухур къэщэхуным щынэсым, зыгуэрым сызэтреIыгъэ. Зыкъомрэ къэскIухьауэ, уэрамитI зэхэкIыпIэм тет «Винтаж» тыкуэныр къэслъэгъуащ: витринэм игуэшахэм яхэлъщ  мыщIэ плъыжь ису зы Iэлъын закъуэ. Ар къызогъащтэри, гъунэгъуу зэпызоплъыхь. МыщIэр зрагъэтIысхьа дыжьыныр, IэщIагъэ зиIэ цIыху зэрелэжьар нэрылъагъуу, дахащэу гъэщIэрэщIащ.
- Мыбы илъыр сыт хуэдэ мывэ? - иджы упщIэр нэгъуэщIу согъэуври, къыкIэлъыкIуэнум сыпоплъэ.
- «Берилщ»… Сыщеплъым, къыгурыIуакъым жиIа…
- Налкъут плъыжькIэ еджэу къекIуэкIаращ, - къызитыжащ жэуапыр нэхъ гъэхуауэ.
- Сэ къэслъыхъуэр налкъут плъыжь къабзэт…
- ПщIэрэ, - жиIащ абы и щхьэр кърихьэхри, - пэжыр бжесIэнщи, цIыхур…  XVIII лIэщIыгъуэм иужькIэ абы теплъауэ си фIэщ хъуркъым.
… Совет зэманым яща къомыр-щэ?
- Мывэ IэрыщI къызэрыгуэкIт, абы зэриплъыфэ къудейм щхьэкIэ ирата фIэщыгъэт.
- ЦIыхур къагъэпцIауэ арат-тIэ?
- КъагъэпцIакъым - цIыхур езыр щIэупщIакъым абы. ЩыщIэмыупщIакIэ - къагъэпцIакъым.
- Уэ езым зэи плъэгъуакъэ налкъут плъыжь? - соупщI, журтыфэ зэсплъу сыхуежьа сатуущIэм.
- Си ныбжьым къриубыдакъым…
А жэуап тэмэмыр къызэзытынт сэ езым иджыри къэс къэслъыхъуар, къызэрыщIэкIымкIэ…
Тыкуэным сыкъыщыщIэкIыжами сыкъимыутIыпщу, хьэлъэу си гум зыгуэр телът. Апхуэдизу сызыщIэхъуэпса мывэм зыкIи ехьэлIатэкъым ар. ГъащIэри, цIыхури, цIыхум я IэдакъэщIэкIри кIуэ пэтми  нэхъ жьгъей зэрыхъурт гум зыхищIэр. Иджыпстут сэ къыщызгурыIуэжар налкъут плъыжьыр къыщIэслъыхъуам и пэжыпIэ нэсыр. Абы и нэпцIри кIэрызэгъэнут цIыхум - зыми бгъэдыхьэу ар къипщытэнутэкъым. АрщхьэкIэ, гум къилъыхъуэр, щымыIэ пэлъытэу, а налкъут плъыжь пэжырт - сыт хуэдиз абы щIэстми здэрт.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: