Литературэ

Сэлэт хахуэм и гъуэгуанэр зыкIуа

         КIыщокъуэм и творчествэм фIыуэ щыгъуазэхэм зэращIэщи, усакIуэр зауэм Iухьауэ щытащ япэу къыдигъэкIа и усэ тхылъыр иIыгъыу. Iэщэм щIыгъуу къалэмри зыгъэбзэн хуей хъуа усакIуэм зауэм здыIутми и творчествэм пищащ. ЗэуапIэ губгъуэм Алим щыIущIэжащ балъкъэр усакIуэ, и ныбжьэгъуфI Кулиев Къайсын. А зэманми иужькIи КIыщокъуэм дилъагъуу щыта цIыхугъэмрэ лIыгъэмрэ теухуауэ Кулиевым итхыжащ: «Дон губгъуэ диту Алим зы усэ къысхуеджауэ щытащ. ИгъащIэкIэ сщыгъупщэжынукъым сэ а усэр, апхуэдизкIэ гукъинэ сщыхъуащи.

Нэна

Хьэблэ сабийм я джэгупIэщ Нэна и пщIантIэр. Алэрыбгъу иубгъуа хуэдэ удзыпцIэ дахэщ ар, кхъужьеишхуитIи дэтщ. Езы нэнаи ищIэу фIэщщIыгъуейщ къуабэбжьабэ хъужу лъагэу дэкIея а жыгхэм я ныбжьыр. Зым пасэу къыхэхъукIын щIедзэ. Сыхъэр къыдихыу абы къыпыху кхъужь данагъуэхэм ящыщу зы кхъужьыщхьэ Нэна еIэбыхыу къыщIихыркъым - нэху къызэрекIыу и пщIантIэм къыщызэхуэсыну сабийхэм япегъаплъэ. Ешыху ахэр джэгуа нэужь, жьэгу мафIэкIэ игъэжьа щIакхъуэ тебэшхуэ къахущIихынщи, бахъэр къыщхьэщихыу яIэщIилъхьэнщ, жьэгупщэм щигъэгъу кхъуей плъыжьым щыщ тыкъыр зырыз щIыгъуу.

Кавказ

Москва сыкъэсри, сэ дыгъуакIуэм хуэдэу сыщIэтIысхьащ Арбат пэмыжыжьэу щыт хьэщIэщым и пэш къызэрыгуэкIым. Зэшыгъуэу екIуэкIырт зэманыр. Абы сыIущIа нэужь, къыкIэлъыкIуэну ди зэхуэзэм сыпэплъэу сыпсэурт, хьэпсым ибэмпIыхьым хуэдэу. А зэманым къриубыдэу щэнейрэ сыхуэзауэ аращ, ари епIэщIэкIыу къыщIыхьэрт, зы дакъикъэкIэ, жиIэурэ. Лъагъуныгъэ гуащIэр зи гущIэм къикIэзызыкIыу, гузавэм зи фэр пихуа бзылъхугъэр си пэшым къызэрыщIэбакъуэу, жьауэр лъэныкъуэкIэ иридзэкIырт, и нэгум къепхъуха хъарыр, епIэщIэкIыу, дрихьейрти, зыкъызишэкIырт.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэх Сэфарбий Хьид и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ щрикъум ирихьэлIэу, абы «Си хъуреягъкIэ» зыфIища и тхыгъэ кIэщI цIыкIухэм щыщ тыдодзэ

*  *  *
Си псэр пыхуу сешарэ адэкIэ схузэфIэмыкIыжIауэ сыщызэщIэтIысыкIым, мы дунеягъэм щызгъэвари иджыпсту щызгъэври зы схуэхъужри, мы гупсысэр псом я гущIыIу къысфIэкIуащ: «Яхузэрымыгъэгъуэт зы фIыгъуэ бэлыхь гуэру щытамэ, мы дунейр сэ напафэкIэ сагъэлъагъунтэкъым!»
*  *  *
«АбыкIэ укIуэну ухуиткъым!» - жаIэ щхьэкIэ къимыгъанэу, макIуэ делэр, ищIэну зыхуимытыр ещIэ икIи къыхуогъу.
Апхуэдэ дыдэу здэкIуэну хуимытым макIуэ ищIэну зыхуимытыр ещIэ къулейми икIи къыхуогъу.

Джэд нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ

                                ЛIиплI зэхыхьэри, я бжьэр губгъуэм дашащ, бжьахъуэ пщыIэ хасэри, бжьэр ягъэхъуурэ мэз лъапэм бжьэ къэпщIыгъуэ пщIондэ тесащ. Зы чыцI здыдашати, чыцIым и лъакъуиплIыр зэхуагуэшащ: «Лъакъуэхэр ди зырызщ», - жари. ЧыцI къуейщIейм, дэлъей-къелъыхыурэ, и зы лъакъуэр икъутэжащ. Лъакъуэм пхъэщIэпхэ хуащIащ. ЧыцIыр мафIэм пэрысыурэ, и лъакъуэ къутар зэрыпха хъыданым мафIэ хидзащ. ЧыцIыр гужьейри бжьаIуэм илъэдащ, мафIэ щIидзэри, бжьэ матэхэр зэтрисхьащ.

Псыдзэ

Джылахъстэнейм уэгъур къыщхьэщытт. ЩIыр апхуэдизкIэ псыIагъэ щыщIати - зэгуэтхъат. Хьэжкурийм кърихьэкI сабэр нэм къыщIозэрыхь. Гъэмахуэми, удзхэр гъуэжь хъуащ, псыкъуийхэр игъущыкIащ. Жыг тхьэмпэхэм зашыхьыжащи, къыпоху. Дунейм и хъуреягъкIэ зуплъыхьмэ, ди гуэн щIыбагъым щыкI кIарц закъуэрщ щхъуантIэу къызэтенар.

Лъэужь куу къэзыгъэна

Зи художественнэ тхыгъэхэм лъэпкъ щIэныгъэмрэ литературэмрэ я тхыдэм щIыпIэшхуэ щызыубыд Хъан-Джэрий псом нэхърэ нэхъ гъунэгъу зыхуэхъуар урыс тхакIуэ икIи журналист Н.И. Гречщ. Махуэку пщыхьэщхьэ къэс абы и деж щызэхуэс цIыху цIэрыIуэхэм адыгэ щIалэр ирагъэблагъэрт, зэрыхуэбгъэфэщэнкIи, Греч и унагъуэрауэ къыщIэкIынущ Пушкинымрэ абырэ цIыхугъэ щызэхуэхъуари, абы и тхыгъэхэм нэхъ пасэу зэреджам и гугъу умыщIыххи.

ЖьыкIэфэкIэм я къарур зыхэлъыр

Зы унагъуэ гуэр къалэм къиIэпхъукIыжри, къуажэм дэтIысхьэжат. Къуажэр псы  Iуфэм Iуст. Абыхэм къыздашэжат зи ныбжьыр хэкIуэта бзылъхугъэ. Нанэр жьы дыдэ хъуат. Ар пасэм мы унэм щыпсэууэ щытащ, ауэ куэд щIащ абы лъандэрэ. И къару къимыхьыж щыхъум, и закъуэу имыгъэпсэун папщIэ, и пхъум къалэм ишэжат. Фызыжь цIыкIум ишх щIагъуи щыIэтэкъым, и лъакъуэхэр ерагъыу зэблихыу арат, щыгъупщэхи хъуат. Абы и иужьрей махуэхэр и унэжьым щигъэкIуэну щIэхъуэпсырти, ар зэхащIыкIри, и пхъумрэ и малъхъэмрэ  къашэжауэ арат. Сыти жыIи илъэс 90-м нэсат. Зэщхьэгъусэхэм къуажэм щыIэ гугъуехьхэр къатехьэлъэми, зыхуагъэшэчырт, нанэр дунейм ехыжмэ, и гуэныхь къамыхьу,  къыщалъхуа щIы кIапэм щыщIалъхьэжыну.

Гуибгъу я гулъэмыжрэ фызибгъу я цудэчийрэ

Шырэ уанэрэ зэхуэсхьыфыртэкъым, ауэ сыкъаIэтрэ сагъэшэсмэ, жыхуаIэм сынэсырти, сыкъэкIуэжыни схузэфIэкIырт, Динэху (арат зэреджэр) нанэу жэнэтыр тыншыпIэ зыхуэхъуным мы псысэр къыщызжиIэжам щыгъуэ.

КъыкъуэмыкIа дыгъэ

Автобусыр къуажэм дэлъадэри къыщыувыIати, сыкъикIащ. Уэрамыр иджыри нэщIщ, адакъэ Iуэхэмрэ хьэ банэхэмрэ я макъхэр лъэныкъуэхэмкIэ къоIукI. Жьы упщIыIужар пщэдджыжьым Iэпкълъэпкъым щызэпреху, къэплъа щIыфэр игъэтхытхыу.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ