Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ Бемырзэ Мухьэдин къызэралъхурэ илъэс 75-рэ ирокъу

Бемырзэ Мухьэдин Хьэмид и къуэр 1948 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Хьэбэз щIыналъэм хыхьэ Али-Бэрдыкъуэ (Хьэгъундыкъуей) къуажэм къыщалъхуащ. 1966 гъэм Мухьэдин къуажэ еджапIэр дыжьын медалкIэ къиухащ. Къэрэшей-Шэрджэс педагогикэ институтым и филологие факультетым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэта нэужь, Бемырзэм дзэм къулыкъу щищIащ. 1971 - 2003 гъэхэм Али-Бэрдыкъуэ къуажэ еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щригъэджащ. А илъэсхэм Бемырзэмрэ езым нэхърэ нэхъыжь егъэджакIуэ Шорэ Хьэсинрэ я жэрдэмкIэ еджапIэм къыщызэIуахауэ щытащ къуажэм и тхыдэр къэзыIуэтэж музей. Абы щIэлъыну хьэпшыпхэр зэхуэхьэсынымкIэ а тIум къадэIэпыкъуат егъэджакIуэхэри, еджакIуэхэри, къуажэдэсхэри. Къуажэ еджапIэм егъэджакIуэу зэрыщылажьэм къыдэкIуэу, Бемырзэ Мухьэдин япэщIыкIэ Хьэбэз РОНО-м методисту, иужькIэ лъэпкъыбзэмрэ литературэмрэ егъэджыным и IуэхукIэ Мэзкуу щыIэ щIэныгъэ-методикэ центрым и къудамэу Черкесск дэтым щIэныгъэлI нэхъыжьу щылэжьащ. 2003 гъэм щыщIэдзауэ дунейм ехыжыху (2007 гъэ пщIондэ) «Черкес хэку» газетым и корреспонденту Хьэбэз куейм щыIащ. ЩIэблэр егъэджэнымрэ гъэсэнымкIэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэр къалъытэри, Бемырзэр егъэджакIуэхэм я япэ Союзпсо съездым, 1989 гъэм Мэзкуу щекIуэкIам, ягъэкIуауэ щытащ. 1997 гъэм абы къыфIащащ «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ», 1998 гъэм – «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и цIыхубэ усакIуэ» цIэ лъапIэхэр. Ар 1998 гъэм Къандур Иззэт и цIэкIэ щыIэ саугъэтым и лауреат хъуащ. 1971 гъэм Бемырзэм и IэдакъэщIэкIхэр зэрыт «Ди гухэлъхэр» усэ тхылъыр (усакIуэ зыбжанэм ей щызэхуэхьэсауэ) Ставрополь тхылъ тедзапIэм и Къэрэшей-Шэрджэс къудамэм (Черкесск) къыщыдэкIащ. 1972 гъэм иджыри апхуэдэ зы тхылъ тедзапIэ дыдэм дунейм къыщытехьащ «Зэкъуажэгъухэр» фIэщыгъэцIэ иIэу. Псыпэ лъэужьыфIэ хъуа а тхылъитIым къакIэлъыкIуащ нэгъуэщIхэри: «Зэшхэм я макъ» (усакIуэ гупым я тхыгъэхэр иту; Ставрополь, 1974), «ЛIыгъэм и тхыдэ» (Черкесск, 1981), езым и япэ усэ тхылъ «Уэрэду сиIэр уэрщ» зыфIищар (Черкесск, 1990), «ДыгъафIэ уэс» (Налшык, 1993), «Адыгэу ущытыныр гугъущ» (Налшык, 2002). Бемырзэм и IэдакъэщIэкIхэр Къэрэшей-Шэрджэсми, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Адыгейми къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ куэдрэ къытрадзащ, апхуэдэуи, абы и усэхэр итщ 2003 гъэм Псыхуабэ къыщыдэкIа «Антология народов Северного Кавказа» (1 том) тхылъым. ЗэрыусакIуэм, егъэджакIуэм къыдэкIуэуи, Бемырзэр зэдзэкIакIуэ Iэзэт. «Уэрэду сиIэр уэрщ» тхылъым итщ Пушкиным, Есениным, Блок, Бодлер, Ахматовэм, Кедриным, Гамзатовым, Светловым я усэхэм щыщ, Мухьэдин адыгэбзэкIэ зэридзэкIауэ. Бемырзэр псэемыблэжу телэжьащ егъэджэныгъэми, щIэблэм я гъэсэныгъэми. Абы и гуащIэ ирихьэлIащ класс нэхъыжьхэм литературэр зэрыщаджыну программэхэмрэ тхылъхэмрэ зэхэлъхьэным. Апхуэдэщ ебгъуанэ, епщIанэ, епщыкIузанэ классхэм адыгэ литературэр зэрыщаджын программэхэр, ебгъуанэ классым и «Адыгэ литературэ» тхылъыр (и закъуэу), ебгъуанэ, епщыкIузанэ классхэм я адыгэ хрестоматиехэр (гъусэ иIэу). Абыхэм нэмыщI, 2006 гъэм Къэрэшей-Шэрджэсым и тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Бемырзэ Мухьэдин гъусэ иIэу зэхилъхьа, епщыкIузанэ классым адыгэ литературэр зэрыщаджынум тегъэпсыхьа тхылъыр. Лъэужь дахэ къызэзынэкIа егъэджакIуэ, усакIуэ Бемырзэ Мухьэдин и цIэр фIащащ Али-Бэрдыкъуэ къуажэм и уэрамхэм ящыщ зым.

Ди гуапэу Бемырзэм и усэ къыхэхахэм ящыщ зыбжанэ тыдодзэ.

ЛЪЭПКЪ УЩЫХЪУР

Зэшу хъуар къызэдалъхукъым, -
Зэдалъхуахэри мэхъу,
Зыр адрейм ныхуэдалъэу
ЗэрыщIыжхэу жагъуэгъу.

Сыт цIыхугъэ, сыт напэ,
Къуэш е шыпхъу къыбдалъхуам
Къыщыхъуныр нэхъ лъапIэ
Псалъэ уяку къыдэхуар!

Сыт ищIыс и Iыхьлыгъэм,
Гузэвэгъуэм и дей
Къимыхьыжым зи лIыгъэм
ЦIыху гулъытэ къудей?!

Е зэхамэми пщIэншэу,
ЗэхуащIэ Iуэху жьгъейр,
Къыщыхъуауэ фейдэншэ
Iыхьлы пхуэмыхъейм?

Зэшу хъуар къызэдалъхукъым – 
Зэщхьу уи щхьэ, уи нэпкъ,
Зы унэцIэ ббгъэдэлъкIэ,
Ухъуу къикIкъым зы лъэпкъ.

ЛъэпкъкIи къупщхьэкIи узыу,
Минрэ зыми пщIэт лъыр,
Уи лыр – зил къыпхуэузырщ,
ГукIэ пхуэхъуу Iыхьлы…

* * *

Псыкъуийм псы къипхыхункIэ мэхъу нэхъ
къабзэ,
Мэхъу усэри нэхъ лъэщ уелэжьыхун, 
Езэш зымыщIэу зи къалэм зыгъабзэр 
Зэгуэрым цIэрыIуагъми ицIыхунщ. 
УсакIуэу укъалъхуами тет зы хабзэм: 
Хьэпшыпкъым усэр, тхылъыр мыбэзэр, 
Псыкъуийр псы къипхым, пэжу, егъэкъабзэр, 
АрщхьэкIэ къызэрипхри хуейщ къабзэн! 

Си лъэпкъым

Тхьэ лъапIэр си щыхьэтщ, щыхьэтщ ныбжьэгъухэр,
ЦIыху фIыуэ сыкъэзыщIэхэр щыхьэтщ:
Си лъэпкъ, сэ зэикI уи нэмыс згъэщIэхъуу,
ЦIыху Iейуэ сыщытакъым зы сыхьэт.
Къыщызапэс къэхъуами схуэмыфащэ,
Захуэзгъэгусэ мыхъумэ ар зыщIам,
ХуэстIыну сыпылъакъым зэикI мащэ,
Я хьэкъ си гугъэу ахэр IузгъэщIэн.
Е бампIэм си гур зэгуиуду щыхъукIэ,
Сащысхьти «щIэгъэкъуэн» абы хуэхъуам,
Си гъащIэ мыкIуэмытэм щхьа сыщыгъуэу,
ТхылъымпIэм есIуэтылIэрт сигу дэгъуар.
Си гъащIэр схьами сэ жыIэзыфIэщу,
Зыгуэрхэм жаIэр хъууэ сэ си фIэщ,
Нэжэс щэн-хьэлыр гъащIэ хабзэ сфIэщIу,
Къэхъуакъым цIыхум сэ дыгъужь щыфIэсщ.
Си нитIыр къыщипхъуауэ щхьэхуещагъэм,
Зы цIыхуи сэ и мылъку фIэзмыубыда,
Е щэхуу кIэлъызесхьэу хъуагъэщагъэ,
Зыгуэрми и лъэр сэ щIэзмыуда.
Сэ куэд сыхуейкъым: зы сабий нэхъ мыхъуми,
Хьэщыкъ анэбзэм хуищIыжынырщ стхам,
Е си лъэпкъ мащIэу си гур зыхуэмыгъуэм
КъиIэтыжынырщ уи зы дэхуэха.
ИкIи зэгуэрым, и кIэм нэса щагъэу,
Сигу мафIэр, си лъэпкъ мащIэ, хъужмэ дий,
ЖыпIэнырщ: «Си цIэр щIэлъу и гущIагъым
Тетащ дунейм Бемырзэ Мухьэдин...».

 

Поделиться: