Мэлэчыпхъурэ гъунэгъу гуащэ нысэмрэ

Нарт эпос

Мэлэчыпхъу цIыкIурэ зы гуащэ нысэ гуэррэ зэгъунэгъуу, зэбгъэдэсу зэдэпсэурт. Зэгуэрым гуащэ нысэм илI Шужьейрэ Мэлэчыпхъу и адэ Жагъыщэрэ зекIуэ зэдежьащ.
Мэлэчыпхъу и адэр зекIуэм къэту и анэр шыгъу тIэкIу хуей щыхъум: «Гуащэм деж кIуэи шыгъу тIэкIу къеIых», – жиIэри, и анэм Мэлэчыпхъу игъэкIуащ гуащэ нысэм и деж.
Мэлэчыпхъу здэкIуа гуащэ нысэм деж нарт щауэщIэ зыбжанэ щIэсхэт. Мо щIэсхэм щхьэкIэ укIытэжри, гуащэм «шыгъу» жримыIэу куэдрэ щытащ Мэлэчыпхъу. ИкIэм гуащэр къеупщIащ:
- Щхьэ укъэкIуа, узыхуейр сыт? – жиIэри.
- Нанэ IэфIыр зыгъэдыджу, дыджыр зыгъэIэфI – жиIэри сыкъигъэкIуащ, – жиIащ Мэлэчыпхъу.
- Тхьэм удих уэ Iейр. Сыт мыбы «IэфIыр зыгъэдыджу, дыджыр зыгъэIэфI» жыхуиIэр? Уэ, тхьэ, лIыншэу улъхуэнмэ, – жиIэри гуащэр Мэлэчыпхъу къешхыдащ, жыхуиIар къыгурымыIуэу, Мэлэчыпхъуи къыщIэкIыжри къэкIуэжащ.
- СиIэкъым жиIэри къызитакъым, – жриIащ и анэм.
Мэлэчыпхъу цIыкIуми и гум ирилъхьащ «лIыншэу сылъхуэну жызыIа гуащэм зыгуэр жесIэжынщ», – жиIэри. Нэху игъэщри Мэлэчыпхъу гуащэм деж кIуащ.
- Си адэр сымаджэу къигъэзэжри ныжэбэ къэкIуэжащ. Езыр зэрысымаджэ дыдэм щхьэкIэ къэмыкIуэфу сэ сыкъигъэкIуащ мыр бжесIэжыну:
«Нартым мафIохъу къуихыжащ, мафIохъум иужькIэ, щIэлъи хыумылъхьэу, кIыти хыумылъхьэу, хэудэни хыумыудэу, и щхьэри тумыпIэу, сэ сынэкIуэжыхукIэ, фадэ пIащIэ схуэщI», – къыбжиIэжащ.
Гуащэм ар жриIэри, кIуэжри тIысыжащ.
Гуащэр гузэващ, гупсысащ, апхуэдэу зыри химылъхьэу фадэ зэрищIынур имыщIэу.
Абы иужькIэ махуэ заули дэкIауэ нарт Шужьейр къэсыжащ Жагъыщэр и гъусэу. Мэлэчыпхъу и адэр и унэм кIуэжащ, нарт Шужьей и унэм кIуэжащ.
Шужьей къепсыхыжу и унэм зэрыщIыхьэжу гуащэр къегиящ:
- А сымыгъуэ, сыт телъыджэ а къызэпщIар?
- Сыт уэсщIар, зиунагъуэрэ? – жиIащ нарт Шужьей.
- Е хэудэн хэмылъу, е кIытэ хэмылъу, е щIэлъ хэмылъу, е и щхьэ темыпIауэ  апхуэдэ фадэ пIащIэ ящIрэт! Ар щхьэ къэпIуэхуат?
- Уэ гуащэм жыпIэхэр сщIэркъым, делэ ухъуа си гугъэщ, – жиIащ нарт Шужьей.
- Тхьэ сымыщIэ, Жагъыщэ ипхъу цIыкIур къакIуэри, «си адэр сымаджэу къэкIуэжати мыращ уи нартым къыпхуиIуэхуар: щIэлъи хыумылъхьэу, кIыти хыумылъхьэу, хэудэни хыумыудэу, и щхьэри тумыпIэу сэ сынэкIуэжыхукIэ, фадэ пIащIэ схуэщI къыбжиIэжащ», – Мэлэчыпхъу жиIахэр гуащэм и лIым хуиIуэтэжащ.
Абдежым Шужьейм игъакIуэри, Мэлэчыпхъуи и адэри зэгъусэу къригъэшащ.
- Иджы фыкъыщIезгъэшар мыращ. ПцIы бупсу гуащэм деж щхьэ укъэкIуат? – жиIэри Шужьей Мэлэчыпхъу еупщIащ.
- Гуащэм лIы симыIэу сылъхуэну жиIэри къызэщати, фадэ пIащIэ хэмылъIауэ ищIмэ, сеплъынути аращ, – жиIащ Мэлэчыпхъу.
- Ар сыт щхьэкIэ къыбжиIа гуащэм? – жиIэри нарт Шужьей къеупщIащ аргуэру.
- Нанэ шыгъу тIэкIу щхьэкIэ сыкъигъэкIуати, нарт щауэхэр щIэсу сыкъыщрихьэлIэм сыукIытэри, шыгъу жызмыIэу «IэфIыр зыгъэдыджу, дыджыр зыгъэIэфI» жысIати, «тхьэм удих уэ Iейр, тхьэ уэ лIы уимыIэу улъхуэнмэ»  къызжиIащ. Гуащэм жиIэр пэжщ, абы езым зыри хэмылъу фадэ ищIыфмэ, – жиIащ Мэлэчыпхъу.
Апхуэдэу Мэлэчыпхъу щыжиIэм, Шужьей абы егупсысащ. Мэлэчыпхъу и Iущагъым нарт Шужьей дихьэхащ. ИгукIи и псэкIи Мэлэчыпхъу щхьэгъусэу къехъуэпсащ.
- Уэ укъуаншэкъым, къуаншэр гуащэрщ, – жиIэри, нарт Шужьей Мэлэчыпхъу и Iэпщэм данэ кърищIэри, и адэр и гъусэу иутIыпщыжащ, иужькIэ щIэупщIэну игу хэлъу.
«IэфIыр зыгъэдыджу, дыджыр зыгъэIэфIыр къэзымыщIар сэ щхьэгъусэ схуэхъункъым», - жиIэри, нарт Шужьей ар и щхьэусыгъуэу и гуащэр иригъэкIыжащ, Мэлэчыпхъу цIыкIур къишэн и мураду.

 

Поделиться: