ХъумпIэцIэдж пцIыупсПсысэ Зэрыщхьэхынэм и зэранкIэ гупым къызыхахуа хъумпIэцIэджыр макIуэ, удз кIырхэм пхыпщу. КъоувыIэ, зеплъыхь, пшхы хъун щимылъагъум, и башыр зыщIегъакъуэри адэкIэ йожьэж. Мо хуабэм и Iур игъущIыкIауэ псы Iуфэм Iуохьэ, ауэ псы уэрышхуэм бгъэдыхьэн мэшынэ - хэхуэмэ! И щхьэр Iушэ хъуащ псымкIэ плъэурэ. Щогугъ зыгуэр къыхурихьэхынкIэ. Апхуэдэурэ здэкIуэм, зищIысыр имыщIэ зы абрагъуэ гуэр къыIэщIолъагъуэ. Мэшынри, удз къуагъым зыкъуедзэ, зэрызигъэхъейуэ къыщIэпхъуэжын хьэзыру. Еплъыпэмэ, жызум Iэрамэт. МэгуфIащэ, лъыр и щхьэм доуейри, къомэх. Псы уэр къытракIа иужьщ зыкъыщищIэжар. И нэр къызэтрихмэ, къызыхэзыхуауэ щыта хъумпIэцIэдж гупыр къыщхьэщытщ. - Сыт фэ къомыр фызыхуейр, хэт къывэджар?!- хъумпIэцIэджыр мэкIий, зи псы IэфIым щIэфыну пIащIэ жызумыр къытрахынкIэ мэшынэри. - Укъэмэхати, дыбдэIэпыкъунщ жытIэри дыкъэувыIащ. Мыдрей ар идэркъым: - Сыт фыкъыщIыздэIэпыкъунур, сэ езыр си щхьэ сыдоIэпыкъужыф. Мес, мор флъагъурэ? - ещI и щхьэр жызумымкIэ. - Мис ар къыпысчри мыбы нэс къэсхьащ. Сешати, тIэкIу зызгъэпсэхуну сыгъуэлъауэ фэ фыкъэсащ! Ар щыжиIэм, псори къоуIэбжь, пелуан къахэкIам щошынэри йокIуэт. ИтIанэ, хъумпIэцIэджхэм я нэхъыжьыр къыхокIри, къолъэIу иращIар къахуигъэгъуу, къахыхьэжыну, и жызумри къадигуэшыну. Гупсысэ хуэдэу заулкIэ хъумпIэцIэджыр щотри, итIанэ арэзы мэхъу. - Ауэ, Iейуэ сешащи, - жеIэ зигъэтхьэмыщкIафэу,- зэкIэ хьэлъэ сеIэжыфынукъым. - Уэ къызэрыпхьари куэдщ, адэкIэ дэ нэтхьынщ, - жаIэри псори жызум къудамэм йожэ. Асыхьэтым, щIыр ягъэхъейрэ жыпIэу, цыжьбанитI абыхэм къащхьэщолъадэ. ХъумпIэцIэджхэм я псэр IукIауэ щIым зыхаудыгъуэ. - Жыжьэ къипха мыр? - йоупщI зы цыжьбанэр адрейм. - Ыы, модэ нэс къислъэфащ, адэкIэ схуэхьыжыртэкъыми, къэзгъанэри уэ сыныпкIэлъыкIуащ, - къетыж жэуап мыдрейм. Зэпаубыдри, иралъэфажьэ жызум Iэрамэр. Iуэхур зыIутыр къызыгурыIуа хъумпIэцIэджхэм зыкъаIэтыжри къэзыгъэпцIам и дежкIэ мажэ, я IэштIым цIыкIухэр ягъэдалъэу. Мыдрей цIыкIури и лъэ къызэрихькIэ мажэ, мажэ и пцIыр япэ иту.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 14:56 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
17.04.2024 - 11:45 →
ЕщIэнокъуэхэрэ КIэфыщхэрэ я таурыхъ
05.04.2024 - 12:14 →
Хэхэсхэм я IуэрыIуатэ
05.04.2024 - 10:11 →
Сабий тхылъхэр
25.03.2024 - 16:00 →
Щызэдагъэхъар гъунэншэщ
|