Гупсысэр - псалъэкIэ

Iэмал зимыIэр

 ЦIыхур дунейм къытохьэри токIыж, и лъэужь къонэри. Сабий къалъхуар дахэщ, хьэлэлыщэщ, хьэрэмагъ лъэпкъ игу къэмыкIыу, зыщумыгъэнщIу, удихьэхыу. Дахэщ абы щыгъуэ дэтхэнэри, псэ къабзащэщ, дагъуэ лъэпкъ имыIэу.

ЦIыхум и хьэлым зеужь, зэрагъасэ елъы­тауэ. Хэти нэпсейщ, дуней псор IэщIэплъхьами и гум зи­мыгъэнщIыну; хэти дыгъуакIуэщ, къыпэщIэхуэ блэмыкIыну; хэти гущIэгъуншэщ, щысхь имы­щIэу; хэти хьэлэлщ, иIэр къуитыну; хэти хьэзырщ дэхуэхам дэIэ­пыкъуну. Ерыщ щыIэщ, цIыхум я сэбэп зэрихуэу, делэ ерыщ щыIэщ, букIами и мурадым темыкIыну. Куэд мэхъу цIыхум хьэл зэхуэмыдэу иIэр. Псори дунейм тетщ я псэукIэкIэ, ауэ и псэукIэм теухуауэ дэтхэнэ зыми къыбжиIэнур зыщ – гъащIэр зэрыбгъакIуэщ. Iэмал зи­мыIэр зыщ – цIыхур зыгъэсам ещхь зэрыхъужырщ.

 

Iуэху еплъыкIэ

         Уэ уфIэмыхьэнэншэм, гу зылъумытэхэм нэгъуэщIым мыхьэнэшхуэ кърихынкIэ мэхъу, ар фIэегъэлея Iуэхуу, арыншауэ езыр псэуа мыхъуну. Ауэ уэ фIыуэ зыплъытэжын щхьэкIэ жыпIэ псалъэмрэ блэжь Iуэхумрэ егупсысыжыф убгъуауэ, нэгъуэщI цIыхум и пIэ иуви. Зэры­мы­щIэкIэ пIэщIэкIа щыуагъэр къыбдагъуэжынкъым.

 

НапIэдэхьеигъуэ

ГъащIэр зэрымыкIыхьыщэр, зэрыжаIэу, напIэ­дэ­хьеигъуэу ар зэрыкIуэр хэти ищIэу къыщIэкIынщ. Ауэ дэтхэнэри егупсысыркъым гъащIэм и гъэкIуэкIэм. Нэмысышхуэ зыхэлъари, лэжьыгъэшхуэкIэ цIэрыIуэ хъуари, хьэулейрэ нэмысыншэу дунейм тетари зэгуэр егупсысыжу къыщIэкIынщ гъащIэр зэригъэкIуа щIыкIэм. Ауэ еплъыкIэ зырызкIэщ гъащIэм зэрыриплъэжыр. Дахэу дунейм тетам сыт хужыпIэн - къигъэщIам хуэарэзыжщ. Iуэхуншэу, еIуя­щIэу псэуахэм, гъащIэм зэ къытригъэзэжамэ, зэрыпсэу уэзгъэлъагъунт, жиIэу тобэ къэзыхьыж яхэтми, щыIэщ апхуэдэхэр зыфIэауани, кърихуэкIыр сыт, жиIэу. Дэтхэнэ зыми и хъыбар нэхъ мыхъуми, зыгуэр къызэренэкI. Быныр зыщIапIыкIын лъэужь дахэ къызэзынэкIым и насыпщ. Зэхуэдэкъым «дуней уцIэпIу щытащ» жыхуаIэмрэ абырэ. Зэгупсысын хуей Iуэхущ ар.

 

Хабзэр зэрыпщIкъым

«Хабзэ» - жеIэ цIыхур псэлъамэ. А псалъэр яIурылъщ къыщезэгъи къыщемызэгъи. «Гугъу зыщIезгъэхьыр хабзэращ», «Хабзэращ апхуэдэу щIэсщIар», - куэдым жаIэу зэхэпхынущ. Абы щыгъуэми урохьэлIэ а хабзэр къыфIэмыIуэхуу, ауэ абы и хьэтыркIэ сытри ищIэну хьэзыру зыкъыпщигъэхъуу, и щхьэ и фейдэ, и фIыщIэ лъыхъуэхэм. Езым и Iуэху зэрыдэкIынщ апхуэдэр зыхэтыр. УкъыхуеплъэкIыжмэ, фейдэ гуэр Iуэхум къыхихыну ищIэмэ, апхуэдэр зыуи къыщымыхъуу а и бзэм сытым дежи Iурылъ хабзэм ебэкъуэфынущ. Хабзэр узэрыхуейм хуэдэу, уи фейдэ къызэрыхэкIынкIэ зэблэпшмэ, ар хабзэжкъым - щхьэхуещагъэщ.

 

 

 

 НЭХУЩ Хьэжпагуэ.
Поделиться:

Читать также: