Щхьэлыкъуэ къуажэм и тхакIуэ-усакIуэхэр

Псоми зэращIэщи, мы жылэм усакIуэ, тхакIуэ, уэрэдус хъарзынэхэр къыдэкIащ. Апхуэдэщ КIыщокъуэ Алим, Бахъуэ БетIал, Брай Адэлбий, Мэзыхьэ Борис, Апажэ Ахьмэд, Елгъэр Кашиф, Къуныжь ХьэIишэт, Бэлагъы Любэ сымэ.

Сыт усыгъэр зищIысыр? Дэнэ кърихрэ абы цIыхупсэр зэригъэпIейтей къару? Усыгъэр - ар лъэпкъым и псэщи аращ. Адыгэ лъэпкъым и псэращ КIыщокъуэ Алими и Iэдакъэ къыщIэкIахэм щигъэфIар. Абы и усыгъэм къыхощ Щхьэлыкъуэм и гъуэгури, дэтхэнэ лъагъуэ цIыкIури, уафэри, удзыпцIэри, къуэмрэ псымрэ я даущ макъри, езы жылэм и бэуэкIэ къудейри. Ахэр уи нэгу къыщIэувэу къэзыгъэлъэгъуэфыр аракъэ усакIуэ Iэзэ хъужыр?!

Алим и адэ Пщымахуэ къыфIища цIэр къызэрыгуэкIтэкъым: урысхэм «ученый» жыхуаIэрщ абы къикIыр. И адэм зригъэуIуа еджапIэм (шэщу щыта унэжь кIыфIырт) илъэситIкIэ щIэсауэ, Бахъсэн дэт школ-интернатым Алим и еджэныр щыпищат. Абы и гукъэкIыжхэм къызэрыхэщыжымкIэ, а зэманым ар быдэу щIэхъуэпсат усэ куэд дыдэ итхыу къапэкIуэ ахъшэмкIэ школыщIэ, щхьэгъубжэ нэхухэр хэлъу, къызэригъэпэщыну. Алим къицIыхуащ адыгэ усыгъэм лъагъуэ хэзыша ЩоджэнцIыкIу Алий. Пщымахуэрэ Алийрэ хуэдэ чэнджэщэгъухэр уиIэу усыгъэм уебэкъуэфынт?! Илъэс 17-м щитым абы и усэхэр газетхэм къытрадзэу щIадзэ, нэхъ иужьыIуэкIи егъэджакIуэ лэжьыгъэм зрепщыт. Къуажэ школхэм адыгэбзэр щрегъэдж, Педрабфакым урысыбзэмкIэ дерсхэр щет. ИужькIэ, Алим и щIэныгъэм хигъэхъуэну Москва Iэпхъуащ. Абы гъащIэ гъусэ къыщыхуэхъуащ Лопуховэ Надеждэ, бынищи (Татьянэ, Еленэ, Александр) зэдагъуэтащ.

Зауэ зэманым КIыщокъуэр 115-нэ шууей дивизэм хэтащ, ар дзэ корреспондентуи лэжьащ. «Псэууэ сыкъанэмэ, а махуэ гугъухэр цIыхубэм яхуэсIуэтэнщ», жиIэу псалъэ зритыжам хуэдэти, абы итхыжащ зауэр зыхуэдар къыщигъэлъэгъуэжа «Нал къута» романыр. Алим теухуауэ жаIари ятхари мащIэкъым, ауэ абы и пщIэр езым иIэтыжащ, и къалэмыпэ къыщIэкIа романи 9-мрэ усэ бжыгъэншэхэмрэкIэ. 

КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, цIыхубэ тхакIуэ, республикэм и ТхакIуэхэм я союзым хэт Елгъэр Кашифи къыщыхъуар мы жылэрщ. 1960 гъэм Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр абы къиухащ. ЕджэхункIэ Кашиф тхылъитI къыдигъэкIыну хузэфIэкIат. Тхэным къыдэкIуэу (псори зэхэту тхылъ 30 иIэщ), ар лэжьыгъэ IэнатIэ хъарзынэхэми пэрытащ: телевиденэм, «Ленин гъуэгу» газетым щылэжьащ, «Iуащхьэмахуэ» журналыр егъэфIэкIуэнми и гуащIэ илъэс куэдкIэ ирихьэлIащ. КъурIэн лъапIэр зэрызэридзэкIами абы и пщIэр нэхъри еIэт.

УсакIуэ, тхакIуэ, драматург, композитор-уэрэдус, сурэтыщI - и зэфIэкIым гъуни нэзи иIэтэкъым Бахъуэ БетIал Бэлацэ и къуэм. БетIал и уэрэдхэр зэманым хэкIуэдэжакъым, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу радиом къет, щагъэзащIэ хьэгъуэлIыгъуэхэми. ЦIыху хьэлэмэтт ар, гъуэлъыпIэ зыпкъралъхьэхэм хуэдэм хэлъ дзэхум абы бжьамий къыхищIыкIыфат. А макъамэ Iэмэпсымэр Бахъсэн къалэм и музейм щахъумэ.

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актер Лу Рэмэзани гукъэкIыж кIапэлъапэ иIэщ Бахъуэ БетIал теухуауэ. «Бахъуэ БетIал къытхэту 1979 гъэм къызэдгъэпэщауэ щытащ «ЗэгурыIуэ» зыфIэтща гуп дахэр. Ансамблыр нэхъыбэу дыкъызэрацIыхур напэмрэ щIыхьымрэ теухуауэ БетIал итха уэрэдыр зэрыдгъэзащIэрт. Абы щыжыIат: «Гъуэгум зы кIэух имыIэ, ИIэкъым щIэдзапIэ, Ущыуамэ, къэувыIи Ечэнджэщ уи напэм»… Зэгуэрым БетIал пианинэм бгъэдэсу уэрэд иусырти, сыплъэри: «Мыр слIожь, БетIал, уи унэцIэр зыIагъэхьа?», - жысIэри пианинэм телъ тхылъымпIэм сытеIэбащ. «Уэлэхьи, арам», - жиIэщ, ручкэр къипхъуатэри, «Бах»-м «ов»-р питхащ. «Иоганн Себастьян Бахов» жытIэурэ дыдыхьэшхырт. Абы гушыIэшхуэ хэлът, дэрэжэгъуэ къыпхилъхьэрт. БетIал и нысашэ уэрэдым и закъуэ сыт и уасэ?! Видео трахауэ яхъумэ Абхъазым зауэ щыщекIуэкIам абы кIуа ди щIалэхэм ар ягъэзащIэу иту. Апхуэдэ зэфIэкI иIащ Бахъуэ БетIал».

Брай Адэлбий итххэр гум, псэм хыхьэрт, щIэх-щIэхыурэ и тхылъхэр къыдэкIырт. Езыр цIыху къызэрыгуэкI дыдэт, ныбжьэгъур игъэпэжт. УсакIуэу Брайр цIэрыIуэ дыдэ мыхъуами, абы и усэхэр пшыхьхэм щыIуу щытащ. Уеблэмэ Тыркум щыIэ ди лъэпкъэгъухэм Адэлбий лъахэм теухуауэ итха и зы усэ къаIэрыхьауэ гукIэ жаIэу щытащ. Брайр «Нур» сабий журналым и редакторуи лэжьат.

УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъШР-мрэ АР-мрэ щIыхь зиIэ я журналист, илъэс 30-м щIигъукIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу щыта Мэзыхьэ Борис 1940 гъэм мэлыжьыхь мазэм Щхьэлыкъуэ къыщалъхуащ. Адыгэ литературэмрэ журналистикэмрэ зи гъащIэ псор езыта тхакIуэм и щIыбагъ къыдэлъщ адыгэбзэкIэ Москварэ Налшыкрэ къыщыдигъэкIа тхылъ купщIафIэхэр - «Гъуэгуанэ псалъэ», «Вагъуэзэшибл», «ПцIащхъуэ хужь», «Мазэхэ жэщ», «Бжьыхьэр пщIащэ пылъэлъыжыгъуэщ», «Къуажэ пшыхьхэр», «Жэщ закъуэрэ гъащIэ псомрэ». А псом я щIыIужу урыс тхакIуэшхуэ Толстой Лев и «Хьэжы Мурат» повестыр абы адыгэбзэм къригъэзэгъащ. Шэч хэлъкъым, а лэжьыгъэр къэбэрдей литературэм и ехъулIэныгъэхэм ящыщ зы зэрыхъуам.

ЦIыхубзым и усыгъэр нэхъ щабэу куэдым къалъытэ. Апхуэдэри и мащIэкъым Щхьэлыкъуэ. Къуныжь ХьэIишэт и «Къру гъуэгу», «Псэм и губгъуэ», «Зэман гъуэща» усэ тхылъхэмрэ Бэлагъы Любэ къыдигъэкIа «Гуащэнэ», «Дыгъэм и гъуэгу», «Пащтыхь гуащэ» тхылъхэмрэ гупсысэкIэ гъэнщIахэщ. Къапщтэмэ, Бэлагъы Любэ и ныбжьыр илъэси 8-м иту и япэ сабий усэхэр газетхэм къытрадзащ. Илъэс I6 и ныбжьыр щыхъум «Къудамэ закъуэ» и усэ тхылъыр къыхудагъэкIыну къыжраIат, арщхьэкIэ щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ ар дунейм къыщытехьар хъыджэбзым Ломоносовым и цIэр зезыхьэ МГУ-м и журналистикэ факультетыр къиуха иужьщ. 1997 гъэм къыдагъэкIащ «Мывэ сэрей» тхылъыр. 2000 гъэм «Сэтэней» поэмэр, 2002 гъэм - «Молюсь я на адыгском языке» тхылъыр Бэлагъым цIыхухэм я пащхьэ кърихьащ. Пащтыхь гуащэ хъуауэ щыта Темрыкъуэ Идар ипхъу Гуащэнэ теухуауэ адыгэбзэкIэ тхылъ къызэрыдигъэкIауэ щытари Любэ и къалэмым пщIэ хуозыгъэщIхэм ящыщщ. Тхылъыр урысыбзэкIи зэдзэкIауэ 2007 гъэм къыдагъэкIащ.

Псалъэм купщIэшхуэ щIэлъщ, цIыхум я Iущагъыр лIэщIыгъуэкIэрэ игъэкIуатэу. Абы псэр егъэхъужыф, укъиуIэнри хузэфIокI. А псалъэм и тепщэр, ар IэкIуэлъакIуэу зезыгъакIуэр тхакIуэрщи, тхъумэн хуейщ ди лъэпкъым къыхэкI цIыхушхуэхэр, абыхэм я Iэдакъэ къыщIэкIхэр.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: