Бажэм и бзаджагъэр
Еуэри, махуэ гуэрым зыми зыри къемыхъулIарэ плIыри ныбаджэу зэхэлът, жеIэ, хэт жейуэ, хэт щхьэукъуэу, хэти гурыму. Бажэр гупсысэщ- гупсысэри, Дыгъужьыр щэхуу къыIуишащ: - ФIыуэ ушхэну ухуей? - жери. - ЛIo, дзыгъуащэ сыпшэну ара? - УмэжалIэрэ, Дыгъужьыжь? - къытрекъузэ Бажэм. - ЛIы зытраукIэ упщIэкIэщ мы уи упщIэкIэр! - жи Дыгъужь нэщIам. - Лы пшэр пшхын, Дыгъужьыжь? Ухуэмеймэ, сыхуейкъым жыIи, дызэфIэкIащ! - Дэнэ къыздидбгъэхынур, мэзым лы зытелъ щIэмысыжмэ? ДощакIуэ-дощакIуэри зыри дгъуэтыжыркъым, - мэгъынанэ щхъуэжьыр. - Уэ, щхъуэжь, узэрыщакIуэр пэрэ лъэрэщ, - жи бзаджэжь цIыкIум. - ЗэрыщэкIуэн хуейр щхьэщ. Щхьэ зыфIэту фхэтыр сэ зыращ, фыкъызэдаIуэмэ, фызгъэтхъэжынщ. - Дауэ? - зэIуробзае Дыгъужьыр. - Къыздипхынур дэнэ? - Мес мо КхъуэпIащэр фэзгъэшхынщ. - Уэ ,Бажэ делэ, абы къыIурыпс дзэжьитIыр джатитI нэхърэ зэрынэхъ гуащIэр пщIэрэ! - Уэ Дыгъужьурэ дыгъужьыжь делэ, езы КхъуэпIащэм сыфшх жиIэрэ арэзы хъумэ-щэ? - Iay? - жи щхъуэжьым, и гурыIупсыр къыIурыжу. - Ар дауэ? - Зи дауэращ, - жеIэри, Бажэм къигупсыса Iэмалыр Дыгъужьым хуеIуатэ. Щхъуэжьыр гуфIэу Мыщэжьыр къыIуешри йопсалъэ: - Мыщэжь, кхъуэл пшэр пшхынкIэ дауэ ущыт? - жаIэри. - Ауан сыкъэфщIыну сыкъэвгъэушауэ ара? - къахуолъ лъэбыцэжьыр. - Хьэуэ, зиусхьэн, - жаIэри, Бажэм и Iэмалыр хуаIуатэ. Мыщэжьри къытохьэ аби, зэгуроIуэ. Къагъэзэж я хэщIапIэми, зэрыгъэкIий-зэрыгъэгуоуэрэ пащIэрывэжьыр къагъэуш. Бажэр утыкум къоувэри къахопсэлъыхь: - Зи уз кIуэдынхэ, си ныбжьэгъужьхэ, фэри фомэжалIэ, сэри си ныбэм солIыкI. Абы нэхърэ танэщIэ къакIуэкIэ зыгуэрым зыдигъэшхамэ, езым дежкIи ди дежкIи нэхъыфIт! - жи. - Ар дауэ? - жи КхъуэпIащэм. - ТанэщIэ къакIуэм къибгъэкIыp сыт? - Сыт абы къыбгурымыIуэну хэлъыр? - егъэщIагъуэ Бажэм. - Бжьыхьэ къакIуэ танэ зырыз къызэфтыжыну сыкъэвгъэгугъэмэ, сэ зывызогъэшх: нобэрей гъаблэм и бэлыхьым сыхэкIыжынт, бжьыхьэми танищ къэсхьынти, щIымахуэ шхыну срикъунт, - жи. - Сыфшх! - жери мэгъуэлъ. - Сыт мы делэм жиIэр: уэ лыуэ пкIэрылъым сэ сигъэнщIын къудейщ, хэт абы щхьэкIэ уэ танэ пшэрищ къозытынур? IукI! - жери, дыгъужьыр къолъэпауэ аби, утыкум пщIоуэ къредзыж: езыр йохьэри мэгъуэлъ: - Сэ щыри фызгъэнщIыфынущ: сыкъэвмыгъэпцIэжыну тхьэ къысхуэфIуи, сыфшх! - Уэ хуэкIэбжьэкIэу узэхэлъщ, хэт уэ щхьэкIэ танэ зытынур! - жеIэ Мыщэжьми, къолъэпауэри утыкум къредзыж. - Сэ шхэгъуэ тIурытI сыфхуэхъунущ: сыкъэвмыгъэпцIэжыну тхьэ къысхуэфIуи, сыфшх! - жери Мыщэжь гуэрым зыкъегъэукIурий. - Уядэ зыгъэпсэун ар! - жи Дыгъужьым. - Лымрэ цымрэ зэхуэдитIу хэт уэ узышхынур? Уэ уи лы IэфIыншэм щхьэкIэ, танэ дэнэ къэна, тхьэкIумэкIыхь уэстынкъым. КхъуэпIащэ делэрикI, къапцIэри, и чэзур къыщысым, зыкъигъэукIуриящ: - Сэ си лым нэхърэ нэхъ IэфI щымыIэу жаIэ, - жери. - СыкъэвмыгъэпцIэжыну тхьэ къысхуэфIуи, сыфшх! - жи. Бажэр, Дыгъужьыр, Мыщэр мэуври, тхьэ яIуэ: «Бжьыхьэм дызэхуэзэжмэ, танэ пшэр зырызи уэттынщи, мышхумпIэ къэпи нытетлъхьэжынмэ!» - жаIэри. - Ерэхъу-тIэ, сыфшх! - щыжиIэм, еIэри и псэр хаудащ. Жыгей гуэрым Iэдэмашэ иIэти, абы фIадзэри, кхъуэм и фэр зэ еIэгъуэм траудри, зэIахыу щIадзащ. Мыщэжьыр игъащIэм Iэ гуахъуэкъэ - жьэныр Iэпыхури, сабэм хэхуащ. - Псым схьынщи, стхьэщIыжынщ, ар Iуэхукъым, - жери Дыгъужьым къепхъуатэри, псыхъуэм долъадэ аби, ешхри къокIуэж. Псым сIэпихри ихьащ, - жи. Мыщэр къепэбжьэуа щхьэкIэ, Дыгъужьым ар зыфIигъэIуэхуакъым: гур езым зыIэпигъэхури, къипхъуэтэжащ: - Иджыпсту стхьэщIыжынкъэ! - жиIэри, псым ихьщ аби, ишхри къигъэзэжащ. - Сыту пIэрэ нобэ къэхъуар: Мыщэр зэIусэр Iэпоху, сэ псым хэслъхьэр сIэщIех, - жиIэурэ тхьэусыхэ хуэдэ зещI. - Уэ ухьэщи, ухьэщ! - жеIэри, Мыщэр къолъ. - Жьэнри гури зыщIыпIэ кIуакъым, тIури уэ пшхащ. Уэ къэбгъэпцIэну уи гугъэр хэт? - жери, Мыщэмрэ Дыгъужьымрэ зызэрадз. Мыщэмрэ Дыгъужьымрэ зэрышх-зэрызелъафэурэ мэзым зэрыхолъафэ; апщIондэхукIэ Бажэм кхъуэлыр кхъуафэм кIуэцIелъхьэри, быдапIэ гуэрым елъэф аби, щегъэпщкIу. Лъэужьыр и кIэ бацэмкIэ трелъэщIэж, езыр макIуэри, жыг щIагъым и бзэгур къилэлу щIотIысхьэж. Мыщэмрэ Дыгъужьымрэ ешыху зэрышхщ, зэрыукIри, лъыпсыр къежэхыу къагъэзэжащ. Къагъэзэжри - лыр бгъуэтмэ къащтэ. - Дэнэ кIya лыр? - жаIэри Бажэр яубыд. - Дэнэ кIуэн: фэ тIyp фызэрышхыу щилъагъум, афIэкIа напэ зимыIэхэм сэ къызатыжын щымыIэ, си жьэнымрэ си гумрэ зыхьам хьэрэм хухъу! - жиIэри, и фэр зришэкIыжщ аби, мэзым хэлъэдэжащ, - жи Бажэм и нэр мыупIэрапIэу. - Сэ хъарзынэу къытезгъэхьа кхъуэр фи зэранкIэ тIэщIэкIыжащ. Си Iыхьэм и уасэр къызэфтыж! - жиIэри, ящишэщ аби, дыщэ зырызи яригъэпшынащ. КхъуэпIащэм илри Бажэм ишхащ, дыщитIымкIэ фошыгъу къищэхури шейуэ ирифыжащ.
Поделиться:
Читать также:
09.06.2025 - 15:18 →
Фалвар и тыгъэр
09.06.2025 - 14:08 →
БзэщIэныгъэри гъэсэпэтхыдэщ
05.06.2025 - 17:04 →
Усэхэр
03.06.2025 - 10:08 →
ЩыIэщ, ауэ я бзэр яIэщIэхуащ
02.06.2025 - 15:29 →
Хьэту Пётр и усэхэр
|