Бзэ куэдкIэ псэлъа урыс тхакIуэшхуэхэр

 

Революцэм и пэкIэ нэмыцэбзэмрэ франджыбзэмрэ пщIэныр, урипсэлъэныр Iуэхугъуэ къызэрыгуэкIт урыс тхакIуэхэм я дежкIэ. Ауэ бзэ куэд пщIэныр, урипсэлъэныр, тхыгъэ ириптхыныр е нэгъуэщI лъэпкъхэм я тхакIуэхэм ятхахэр урысыбзэкIэ зэбдзэкIыныр ехъулIэныгъэшхуэу къалъытэрт. Урыс тхакIуэшхуэхэм яхэтщ бзэ куэд зыщIэхэр. Нэхъыбэми, бзэхэр езыр-езыру яджыжат.

Илъэс 14 хъуху Ломоносов Михаил тхэкIэ ищIакъым. ИтIани, балигъ хъури, бзэ куэди зэригъэщIэжащ. Уэркъ (дворянин) унагъэм къыхэкIауэ и дэфтэрхэм иритхэри, хьилагъэ мащIэ хэлъу ар «Спасскэ школым» щIэтIысхьауэ щытащ. Абы щыгъуэ къызыхуэтыншэу зэригъэщIащ алыджыбзэр, латыныр, ивритыр. Бзэхэр джыным щыпищащ Петербург академием. Абы нэмыцэбзэр къызыхуэтыншэу къыщигъэIурыщIащ. А зэманхэм дихьэхри зригъэщIащ итальяныбзэр, франджыбзэр, инджылызыбзэр. Езыр-езыру иджыжащ монголыбзэр. Ломоносовым бзэхэр щIызэригъащIэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр бзэ куэд фIыуэ ищIэну пабгъэу аратэкъым, атIэ нэгъуэщI лъэпкъхэм я щIэныгъэлIхэм ятхахэр зэратха бзэмкIэ иджырти аращ. Къапщтэмэ, езыми щIэныгъэ лэжьыгъэхэр итхырт латынкIэ. Абы урым усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр урысыбзэкIэ зэридзэкIырт.

Толстой Лев бзэ I5 ищIэу щытащ. Бзэхэм я зэгъэщIэкIэм теухуауэ и еплъыкIэ иIэжт. ЖиIэрт алыджыбзэр, умыщхьэхынэ дыдэмэ, гугъу удемыхьу пхузэгъэщIэну. Инджылызыбзэр пщIэмэ, дэтхэнэ нэгъуэщI европеибзэри мазищым къриубыдэу зэбгъэщIэфыну. Пасэрей журтыбзэр Толстой Лев зэригъэщIащ зы щIымахуэм къриубыдэу – жэщ-махуэ имыIэу гугъу зыдригъэхьащ.

Толстой тыншу ирипсалъэрт инджылызыбзэм, тыркубзэм, франджыбзэм. Хъарзынэу къигъэIурыщIат латыныр, украиныбзэр, алыджыбзэр, болгарыбзэр, пасэрей журтыбзэр, голландыбзэр. КъыгурыIуэрт, урысыбзэкIэ зэридзэкIыфырт чехыбзэр, сербыбзэр, польскэбзэр, итальяныбзэр. ЛIэщIыгъуэкIэ Толстойхэм зэхуахьэса библиотекэшхуэ иIэт. НэгъуэщI лъэпкъхэм я бзэкIэ тха тхылъ куэдым зэмыдзэкIауэ къеджэфырт. Еджэхуи, и бзэр нэхъри хуэкъута хъурт. И щхьэгъусэ Софья письмо гуэрым щитхырт: «Дыгъэгъазэм щегъэжьауэ алыджыбзэр едж. Жэщи махуи жейркъым. Дуней дыкъэзыухъуреихьыр и ни и пи къихьыркъым, и щIэныгъэм къыхэхъуэ алыдж псалъэщIэхэрщ, абыхэм я мыхьэнэрщ иджыпсту и дунейр. Ксенофонт еджащ, иджы Платон и чэзущ. «Одиссеерэ» «Иллиадэрэ» егъэлеяуэ игу дохьэ. ЗэригъащIэхэм макъкIэ уригъэдэIуэн фIэфIщ. Алыджыбзэм теухуауэ зэригъэхъулIахэр нэхъыбэщ абыкIэ университетым курс псо къэзухахэм я зэфIэкIым нэхърэ».

Нэмыцэбзэмрэ франджыбзэмрэ Толстой цIыкIуу и гъэсакIуэхэм ирагъэщIэн щIадзащ. Бзэ джыныр игу ирихьырти, Къэзан университетым щIэтIысхьэри, тэтэрыбзэми зрипщытащ. А бзищым къыщынэмыщIа, мыдрейхэр езыр-езыру зэригъэщIэжат. А зэманым, 19 -нэ лIэщIыгъуэм,  нэгъуэщIыбзэхэр зэбгъэщIэну, дауи, куэдкIэ нэхъ гугъут. Дауэ зэригъэщIэфа Толстой Лев бзэ 15?! Абы сэбэп къыхуэхъуащ Iуэхугъуэ зыбжанэ. Ар къэрал зэхуэмыдэхэм кIуэрт, абы щыпсэу цIыхухэм яхэтти, ар сэбэп хъурт бзэхэр нэхъ тыншу къищтэнымкIэ. Езыр-езыру зигъэунэхужырт, еджэрт, тхылъхэр сыт щыгъуи и гъусэт.

Царскосельскэ лицейм щIэтIысхьэн и пэ къихуэу Пушкин Александр фIы дыдэ ищIэрт франджыбзэ, уеблэмэ лицейм щIэсыху абы цIэ лейуэ иIащ «француз». Ар апхуэдизкIэ куууэ ищIэрти, къыдеджэхэми егъэджакIуэхэми ягъэщIагъуэрт. ЕджапIэм щиджащ латынымрэ алыджыбзэмрэ. Нэхъыбэу бзэхэм гулъытэ яхуищI щыхъуар лицейр къиуха нэужьщ. Езыр-еыру иджыну зарипщытащ. Шекспиррэ Байронрэ еджэн хуей хъури, инджылызыбзэр зэригъэщIащ, Гётерэ Шиллеррэ щеджэнум – нэмыцэбзэр. Пушкин и гъащIэр зыджыжахэм яхэтщ абы испаныбзэмрэ итальяныбзэмри хищIыкIыу щытауэ жызыIэхэр.

Чернышевский Николай нэгъуэщIыбзэу 9 ищIэрт. Латынымрэ пасэрей алыджыбзэмрэ пасэу иригъэщIащ и адэ динырылажьэм. Илъэс 16 хъуауэ иджыри бзи 7 зэригъэщIащ: тэтэрыбзэр, пасэрей журтыбзэр, къэжэрыбзэр, хьэрыпыбзэр, франджыбзэр, нэмыцэбзэр, инджылызыбзэр. Франджыбзэр семинарием щиджащ. Къэжэрыбзэр зэригъэщIащ пхъэщхьэмыщхьэ зыщэ къэжэр сондыджэр гуэрым дэуэршэрурэ – езыми абы урысыбзэр иригъащIэрт. Адрей бзэхэр Чернышевскэм езыр-езыру зэригъэщIэжащ. Ар Цицерон итхахэм еджэфырт тыншу, псалъалъэ къимыгъэсэбэпу.

Грибоедов Александр илъэси 6 щыхъум нэгъуэщIыбзэу щы ищIэрт: инджылызыбзэр, нэмыцэбзэр, франджыбзэр. Бзэ зэгъэщIэнымкIэ фIыуэ къелIалIащ и гъэсакIуэхэр.  Итальяныбзэри алыджыбзэри ищIэрт, илъэс 11-м иту Москва университетым щыщIэтIысхьам. Абы латыныр щиджащ. Илъэс 13 - м щIэныгъэ нэхъыщхьэ иIэт. Нэхъ иужькIэ куржыбзэр, тыркубзэр, хьэрыпыбзэр къигъэIурыщIащ. Бзэ куэд зэрищIэр сэбэп къыхуэхъуащ Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ коллегием тэрмэшу щылэжьэнымкIэ. Лэжьыгъэ IэнатIэ пэрыту ар пIалъэкIэ щыIащ Персым, Тегеран, Кавказым.  Абы и сэбэпкIэ, бзэ зэхуэмыдэхэмкIэ нэхъри шэрыуэу псалъэ хъуат.

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: