Иджырей мардэхэм хуэщIауэУзыншагъэ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ къыхалъхьа лъэпкъ проетым ипкъ иткIэ, 2023 гъэм республикэм медицинэ IуэхущIапIэу 3 щаухуащ, зы къагъэщIэрэщIэжащ, 2-м зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ. Iуащхьэмахуэ районым и Эльбрус къуажэмрэ Бахъсэн щIыналъэм и Куба жылэмрэ амбулаторэхэр, Май куейм и Октябрьскэм ФАП дащIыхьащ. Метр зэбгъузэнатIэу 600-м нэблагъэ къызэщIэзыубыдэ, иджырей мардэхэм тещIыхьауэ яухуа амбулаторэхэр екIущ икIи хуитщ. Абыхэм хэтынущ унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ дохутырхэр щылажьэ, цIыхухэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ, сымаджэхэм махуэм щеIэзэ пэш щхьэхуэхэр. ФАП-м и хэщIапIэр сыт и лъэныкъуэкIи хуэщIауэ щытынущ цIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр нэсу щагъуэтын IэнатIэу, ар сымаджэхэми дохутырхэми я тыншыпIэм хуэщIауэ яухуащ.
Поделиться:
Читать также:
13.08.2026 - 10:50 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
13.08.2026 - 10:01 →
Лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр
13.08.2026 - 09:05 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
12.08.2026 - 17:40 →
«Уи лъэпкъ хуэпщIэфынур хуэпщIа?»
12.08.2026 - 14:30 →
ЛъэужьыфIэ
| ||




