АфэщIагъуэ Михаил, КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетымрэ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм «Урысей зэкъуэт» партым и къудамэу щыIэмрэ я унафэщI:
- УФ-м и Президентым Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къэралым и пашэм щигъэбелджылащ къэкIуэну илъэсихым дызэлэжьыпхъэ Iуэхугъуэхэмрэ къалэн нэхъыщхьэхэмрэ.
Президентым къызэрыщIидзар дзэ Iуэху хэхам ехьэлIахэмкIэщ. Ар тепсэлъыхьащ къэралыр зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрызыщIигъакъуэм, а лэжьыгъэр зэрырагъэфIэкIуэнум. Путин Владимир къытеувыIащ 2018 гъэм зытепсэлъыхьауэ щыта Iэщэхэр мы зэманым жыджэру къагъэсэбэпыф зэрыхъуам. Къэралым и Iэтащхьэм къыхигъэщащ зыхъумэжыныгъэмрэ дзэр IэщэкIэ зэщIэузэдэнымрэ хухаха мылъкур тэмэму къызэрагъэсэбэпам щыхьэт зэрытехъуэр УФ-м и дзэм къигъэлъагъуэ зэфIэкIыр.
Зэрызыхуигъазэм и япэ Iыхьэм Путин Владимир и гугъу щищIащ къэралым и политикэ щIыб Iуэхухэми. Урысейм и политикэ кIуэцI Iуэхухэм ехьэлIауэ къалэн нэхъыщхьэу абы къигъэлъэгъуахэм ящыщщ къалъхум и бжыгъэм хэгъэхъуэныр, узыншагъэр егъэфIэкIуэныр, къулейсызу къалъытэ унагъуэхэм я хэхъуэхэр нэхъыбэ щIыныр (апхуэдэу цIыху мелуан 13,5-рэ диIэщ), бынунагъуэшхуэхэм зэрызыщIагъакъуэ IэмалыщIэхэр убзыхуныр. А гугъуехьхэр къызэнэкIа хъуным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIынущ.
Президентым къиIэтащ узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и Iуэхухэри: адэкIи пащэнущ апхуэдэ IуэхущIапIэхэр зыхуей хуагъэзэным, гу-лъынтхуэ узыфэхэм, узыфэ хьэлъэхэм, нэгъуэщIхэми зэреIэзэ Iэмалхэм хагъэхъуэным, медицинэ IэнатIэхэм зегъэужьыным.
Пащэнущ школыщIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ ухуэнми. 2025 гъэм къыщыщIэдзауэ программэ щхьэхуэкIэ елэжьынущ гъэсапIэхэр зэгъэпэщыжыным.
ДяпэкIи къэралым гулъытэ хэха хуищIынущ хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ, щIыналъэхэм я зыужьыныгъэм мылъку къыхегъэлъхьэным.
Къапщтэмэ, IуэхуфI къызыдэкIуа программэ псори 2030 гъэ пщIондэ иджыри ягъэзэщIэнущ. Шэч хэмылъу, абыхэм щIэхэри къахэхъуэнущ, IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр зыхуей хуэгъэзэным, Урысейм и щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм защIэгъэкъуэным теухуауэ.
Къыхэзгъэщыну сыхуейт Путин Владимир къызэрытеувыIар щIыналъэхэм я зыужьыныгъэм. Президентым къыхилъхьащ бюджет щIыхуэу щIыналъэхэм ятелъым и Iыхьэ щанитIыр къыхуагъэгъуныр. Абы и фIыгъэкIэ къахудэхуэну ахъшэр халъхьэфынущ щIыналъэхэм зезыгъэужьыну Iуэхухэм. КъищынэмыщIауэ, апхуэдэ Iуэхухэм ятещIыхьауэ къащтэ щIыхуэхэм процент нэхъ мащIэ техьэу ящIынри хэлъщ. Урысей Федерацэм и щIыналъэхэр 2030 гъэм ирихьэлIэу сыт и лъэныкъуэкIи ефIэкIуэн зэрыхуейр мурад быдэу зэраIэр жиIащ Президентым.
Ди пашэм и Зэрызыхуигъазэм къалэнышхуэхэр къыщигъэлъэгъуащ, ахэр гъэзэщIа хъунми ахъшэшхуэ хуаутIыпщынущ. Дэ абы жиIахэр тэмэму зэпкърытхыу, ди пщэрылъхэр щIыналъэхэм зэрыщыдгъэзэщIэным и ужь дихьэн хуейщ.
Пащты Борис, «КПРФ» партым КъБР-м и Парламентым щиIэ къудамэм и унафэщI:
- Къэралым и Iэтащхьэм и псалъэр иублащ мы зэманым мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхумкIэ - СВО-р зэрырагъэкIуэкI щIыкIэр, къэралымрэ цIыхухэмрэ абы ехьэлIауэ ялэжьыр къызэщIэзыубыдэмкIэ. Псори зэуэ къызэщIэпкъуэжмэ, Зэрызыхуигъазэм и лъабжьэр цIыхухэм яIэ гугъуехьхэр зэрагъэкIуэдыну хэкIыпIэхэращ.
КПРФ-м гулъытэ зыхуищIхэм я гугъу пщIымэ, псом япэу къыхэзгъэщынут Зэрызыхуигъазэм нэсу зэрыщыгъэбелджылар цIыхум я псэукIэр зэрырагъэфIэкIуэну Iэмалхэр - унагъуэхэм, бынунагъуэшхуэхэм зэрызыщIагъэкъуэнур, цIыхубэ лъапIэныгъэхэр зэрахъумэнур, тхьэмыщкIагъэм зэрыпэщIэтынур, къэрал лэжьапIэ Iутхэм я улахуэр хэгъэхъуа зэрыхъунур.
Нэхъыщхьэращи, къэралым и Iэтащхьэм гулъытэ ин хуищIащ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ епха гугъуехьхэм. Коммунистхэм мызэ-мытIэу а Iуэхухэр къэтIэтауэ щытащ. КъищынэмыщIауэ, дэ къыхэтлъхьа Iуэхухэм ящыщщ налогыр зэрытрагуашэ щIыкIэр егъэфIэкIуэн зэрыхуейр. Абыи тепсэлъыхьащ Путин Владимир. Псалъэм папщIэ, абы къыхилъхьащ «зи хэхъуэхэр нэхъыбэхэм ят налогыр нэхъ захуэу тегуэшэнымкIэ бгъэдыхьэкIэ тэмэмхэм егупсысыныр».
Зэрызыхуигъазэм щыжыIахэм мыхьэнэшхуэ зиIэу къыхэгъэщыпхъэхэм ящыщу къызолъытэ къэралыр щIыналъэхэм зэрадэIэпыкъуну щIыкIэри. Президентым къигъэлъэгъуа къалэнхэм, шэч хэмылъу, ирагъэфIэкIуэнущ ди цIыхухэм я псэукIэр. АдэкIэ псори зэлъытар ахэр зэрагъэзащIэрщ.
Кебеков Владимир, «Захуагъэ здэщыIэ Урысей - Пэжым и телъхьэу» партым КъБР-м и Парламентым щиIэ къудамэм и унафэщI:
- УФ-м и Президент Путин Владимир и иджырей Зэрызыхуигъазэр къэрал политикэ кIуэцIми щIыбым дежкIи тегъэщIапIэфIщ. Абы гулъытэшхуэ щыхуищIащ ди къэралым и зыхъумэжыныгъэм и зэфIэкIми, дзэ-промышленнэ IэнатIэхэм я зыужьыныгъэми, IуэхущIапIэщIэхэр къызэгъэпэщынми, иджырей Iэщэхэр къыщIэгъэкIынми. Къэралым и Iэтащхьэр пхъашэу тепсэлъыхьащ НАТО-м хэт къэрал щхьэхуэхэм я къыхуеджэныгъэхэм дуней псор зэрызэхагъэзэрыхьыфынум. Абы щыгъуэми ди пашэм къыхигъэщащ Урысейр хэмыту дунейр зэпIэзэрыт зэи зэрымыхъунур.
Президентыр къытеувыIащ нэхъ зэфIэкI зиIэ къэралиблым я ехъулIэныгъэхэм БРИКС-м хиубыдэ къэралхэм я зыужьыныгъэр зэрынэблэгъар. «Урысейр АСЕАН-м, Африкэм, хьэрып къэралхэм зэрыпыщIам жыджэру зеужь», - жиIащ Путин Владимир, зи гугъу ищI Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр къыхигъэщу.
Урысейм и Президентым къигъэлъэгъуащ къэралым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнми, къалъхум и бжыгъэм хэгъэхъуэнми, псэукIэр егъэфIэкIуэнми гулъытэ зэрыхуащIыпхъэр. АбыкIэ сэбэп хъуну къэралым и Iэтащхьэм къигъэлъэгъуащ «Унагъуэ» лъэпкъ проектыщIэр. Ар бынунагъуэшхуэхэм тещIыхьауэ щытынущ икIи щыпсэун зэрагъэпэщынымкIи щIэгъэкъуэныфI яхуэхъунущ.
Президентым къыхигъэщахэм ящыщщ тхьэмыщкIагъэр проценти 7-кIэ нэхъ мащIэ зэрыхъуари. Абы дыщIигъуащ сабий къыщалъхукIэ анэм ахъшэ зэрырат Iэмалым 2030 гъэ пщIондэ зэрызрагъэубгъур. Путин Владимир къигъэлъэгъуащ нэгъуэщI проектыщIэхэми елэжьын зэрыщIадзэр. Апхуэдэщ: «ГъащIэ нэхъ кIыхь, узыншэ ехьэкIын» зыфIащар. Ар хуэгъэзауэ щытынущ Урысейм ику иту илъэс 80-м нэс псэууэ щыщIыным елэжьыным. «Урысейм и щIалэгъуалэр» лъэпкъ проектыр - ар «ди къэралым и къэкIуэнум тещIыхьа Iуэхущ». Дэтхэнэ проектым щхьэкIи зыхуеину мылъкур зыхуэдизыр къигъэлъэгъуащ.
Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъазэм къызэщIиубыдащ къэралым зэрызиужьыфыну лъэныкъуэ псори. Псом нэхъыщхьэу ар хуэгъэзащ цIыхум я псэукIэр нэхъыфI зэрыхъунум.
Безгодькэ Владимир, КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ, «ЛДПР» партым республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм щиIэ и къудамэм и унафэщI:
- УФ-м и Президентыр Федеральнэ Зэхуэсым ЗэрызыхуигъэзамкIэ абы Iуэхум дыхигъэгъуазэ къудейкъым, атIэ 2030 гъэ пщIондэ дызэлэжьыпхъэхэр зэхэхауэ къытхуигъэлъэгъуауэ аращ. Абы IупщIу къыхощ ди къэралым и щытыкIэр мы зэманым зыхуэдэр, дуней псом щиIэ увыпIэр, щIыналъэ унафэщIхэм яхуигъэув къалэнхэр. Псори зыхуэунэтIар сыт и лъэныкъуэкIи ехъулIэныгъэ дызэриIэнырщ. Шэч къытетхьэркъым зэман гъунэгъум Урысейр нэхъыфIу зызыужь къэралиплIым зэрыхэтынумрэ зыхъумэжыныгъэ IэмалхэмкIэ пашэ зэрыхъунумрэ.
Президентым жэуап нэс иритащ зэкъуэува КъухьэпIэ къэралхэм дагъэшынэну зэрыхэт Iуэхухэм ятеухуауи. Абы жиIащ дзэ Iуэху хэхам ахэр къыщыттекIуэну е ди цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэр «зэкъуачыну» я гущхьэ къагъэкIыххэн зэрыхуэмейр. Си гугъэмкIэ, абы и псалъэхэр щызэхахащ дуней псом.
Ди пашэм и Iуэху еплъыкIэхэр дэ дыдоIыгъ. СВО-м хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэнымкIэ, бийм дытекIуэнымкIэ, лъэпкъ куэду зэхэт Урысейм и зэкъуэтыныгъэр къэмыгъэлэнджэнымкIэ ди Президентым иригъэкIуэкI лэжьыгъэр щхьэпэщ.
Зэрызыхуигъазэм къыщыхьащ бынунагъуэшхуэхэм зэрызыщIагъэкъуэну IэмалыщIэхэр, цIыху бжыгъэм хэгъэхъуэнымрэ псэукIэр егъэфIэкIуэнымрэ хуэгъэза Iуэхугъуэ пыухыкIахэр. Дэфтэрыр ди стIолыщхьэм тетлъхьэу, абы къыщыгъэлъэгъуахэр нобэ щыщIэдзауэ депутатхэм гъуэгугъэлъагъуэ тхуэхъун хуейуэ къызолъытэ. «Дызыунагъуэшхуэщ!», - жиIащ Президентым. Абы къикIращи, дызэкъуэтмэ, тхузэфIэмыкIын щыIэкъым.
Щхьэгъэпсо Сэфарбий, КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ, КъБР-м и Парламентым хэт «ЩхъуантIэхэр» партым и унафэщI:
- 2030 гъэ пщIондэ Урысейм псэукIэр щегъэфIэкIуэным, экономикэ шынагъуэншагъэм (финанс, налог ухуэкIэхэр), социальнэ Iуэхухэм (егъэджэныгъэ, узыншагъэр хъумэн, спортымрэ физическэ щэнхабзэмкIэ IэнатIэхэр) щIыуэпсыр хъумэным, ухуэныгъэмрэ гъуэгухэмрэ зегъэужьыным тещIыхьащ УФ-м и Президент Путин Владимир и Зэрызыхуигъазэр. Абы и купщIэу сэ къэслъытэр Президентым къыхигъэща мыпхуэдэ и псалъэхэращ: «Дэ гъащIэр къыхыдох». Псори щIэтщIэр цIыхумрэ абы и унагъуэмрэ зыми и жыIэм щIэмыт щIыналъэ къабзэм зыхуей щыхуэзэу щыпсэун папщIэщ. А мурадым дылъэIэсын щхьэкIэ, Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэр нобэ къыхалъхьэ. Ахэр: «Унагъуэ», «IэщIагъэлIхэр», «ГъащIэ нэхъ кIыхь, узыншэ ехьэкIын», «Экономикэ» лъэпкъ проектхэрщ. «Псы къабзэ», «Хьэуа къабзэ» программэхэр зэхагъэуващ, ди щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным- рэ абыхэм зэран яхуэмыхъуу зыгъэ- псэхупIэхэм зэрызрагъэужьынумрэ къыщылъытауэ.
Улахуэр зэратым, налогхэм, финанс Iуэхухэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэну ди пашэм къегъэлъагъуэ. А Iэмалхэри зыхуэгъэзар къэралым и экономикэр лъэщ зэращIынымрэ ахъшэр Урысейм ирамыхыу, хэкум къыщагъэсэбэпыжыным, абы и зыужьыныгъэм хегъэлъхьэным къыхуеджэнымрэщ.
Президентым ткIийуэ къыхигъэщащ ди къэралым и Iуэхухэм зыри къыхэIэбэу зэримыдэнур. Абы къыхэкIыу Урысейм и еплъыкIэхэр тхъумэныр ди къалэн пажэхэм ящыщу къызолъытэ.
Зэрызыхуигъазэм къыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэхэр дгъэзэщIэным, шэч хэмылъу, ахъшэшхуэ хуейщ, ар губзыгъэу, сэбэп пылъу къэгъэсэбэпыпхъэщ.