Бахъсэн и топджэгу командэм дегъэгуфIэ![]() Краснодар щIыналъэм хыхьэ Геленджик къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм, ныбжьыщIэхэм футболымкIэ я дунейпсо зэхьэзэхуэ VISTA CUP 2024. Абы ехъулIэныгъэхэр яIэу къикIыжащ Быф Жэмал и цIэр зэрихьэу Бахъсэн къалэм дэт спорт еджапIэм и гъэсэн цIыкIухэм. Ди топджэгу ныбжьыщIэхэр зэпеуэм командихым щаIущIати, абы щыщу плIым щытекIуащ. Бахъсэндэсхэм япэщIыкIэ хагъэщIащ Ермэлым и «Давташен» командэр, зэIущIэм и бжыгъэр 5:1-уэ. АдэкIэ ахэр 2:0-у текIуащ «Краснодар»-м. Ещанэ джэгугъуэм ди щIалэхэм къапэщIэтащ Кореновск къалэм и «Феникс»-р. Мыбдежым ди хьэрхуэрэгъухэр нэхъ лъэщу къыщIэкIащ икIи бжыгъэр 2:3-уэ къыттекIуащ. ИужькIэ, я бампIэр ягъэтIысыж щIыкIэу, зэIущIэм и бжыгъэр 9:1-уэ хагъэщIащ Дон Iус Ростовым и СКА-1-р.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 17:00 →
ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ
17.03.2025 - 15:40 →
МинитIым щIигъу зэхуэсат
17.03.2025 - 15:00 →
Суздаль медалищ къраш
03.03.2025 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
18.02.2025 - 17:00 →
Спорт хъыбархэр
|