СыткIи зэпэщщДзэлыкъуэкъуажэ дэт поликлиникэр илъэситI хъуауэ медицинэм и иджырей мардэхэм тету мэлажьэ. «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым хыхьэ, цIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щрат IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын щIыналъэ программэмкIэ ар сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжащ. Дзэлыкъуэ район сымаджэщым и поликлиникэ къудамэм цIыху мин 49-рэ епхащ, махуэ лэжьэгъуэм абы зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэр щагъуэтыфынущ сымаджэ 380-м, къищынэмыщIауэ, абы хэтщ гъуэлъыпIэ 65-рэ щIэту махуэ стационар. IуэхущIапIэр зэрагъэпэщыжащ дохутырхэми абы къекIуалIэ цIыхухэми я тыншыпIэм хуэщIауэ. IэщIагъэлIхэр зыщIэс, цIыхухэм щакIэлъыплъ пэшхэр зэгъунэгъущ, чэзум ущежьэ плIанэпэр къызыхуэтыншэщ, гъуэгугъэлъагъуэхэр фIадзащ, узыншагъэм теухуа хъыбарегъащIэ IэмалхэмкIи къызэгъэпэщащ. Апхуэдэ Iуэху къызэгъэпэщыкIэм цIыхум поликлиникэм щигъакIуэ зэманыр къыхудегъахуэ, хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъми хигъэхъуащ. Поликлиникэм и клинико-диагностикэ лабораторэр ирикъуу IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщащ: абы щIэтщ УЗИ, рентген зэращI, эндоскопие аппаратхэр. Апхуэдэу IэнатIэм иIэщ ягъэIэпхъуэ фельдшер-акушер пункт, абы и фIыгъэкIэ цIыхухэм я узыншагъэр къэпщытэнымкIэ ирагъэкIуэкI Iуэхум къуажэ пхыдзахэм щыпсэу цIыху нэхъыбэ къызэщIрагъэубыдэф.
Поделиться:
Читать также:
03.12.2024 - 17:35 →
IуэхугъуэщIэхэм я зэхэублакIуэт
03.12.2024 - 17:18 →
Мылъкурщ псори къыщежьар
03.12.2024 - 16:32 →
Дзэ атомашинэхэр Налшык щагъэлъэгъуащ
03.12.2024 - 15:01 →
Хы ФIыцIэм и лъабжьэм псы щIож
03.12.2024 - 14:16 →
Ди лэжьэгъухэм я гупсысэ
|