Къэбэрдей тхакIуэ, драматург ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ ТIру и къуэр Тэрч щIыналъэм хыхьэ Абей къуажэм 1932 гъэм гъатхэпэм и 18-м къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр и къуажэм къыщиуха нэужь, 1951 гъэм къыщыщIидзэри, колхозым зыкъомрэ щылэжьащ, иужькIэ дзэм къулыкъу щищIащ. Ар къиухыу къыщигъэзэжым, ВЛКСМ и Урожайнэ РК-м и къудамэм и унафэщIу щытащ. 1956-1958 гъэхэм еджапIэм физкультурэмкIэ гъэсакIуэу щыIащ, къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм районым къыщыдэкI «Хэкум и щIыхькIэ» газетым и редакторым и къуэдзэу лэжьащ. Ростов дэт парт школ нэхъыщхьэр къиуха, нэужь, 1961-1962 гъэхэм ар «Совет щIалэгъуалэ» газетым и къудамэм и унафэщIу, иужькIэ илъэситI зэкIэлъыкIуэм, «Коммунизмэм и нэхулъэ», «Бэракъ плъыжь» район газетхэм я редактору мэлажьэ. ШэджыхьэщIэр 1966-1977 гъэхэм республикэм и тхылъ тедзапIэм и унафэщIу щытащ, итIанэ илъэсищкIэ «Ленин гъуэгу» газетым и къудамэм и унафэщI къалэныр игъэзэщIащ. 1980-1992 гъэхэм ар «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и редактору мэлажьэ. ЛэжьыгъэфI ирихьэкIахэм папщIэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ «За трудовую доблесть», «За доблестный труд в Великой Отечественной войне 1941-1945г.г.» медалхэр, ЩIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ, 1991 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ.
ШэджыхьэщIэм тхэн щыщIидзар 1958 гъэрщ, газетхэм щылажьэу щыхуежьарщ. А илъэсхэм абы къыдигъэкIащ районхэм щылажьэ мэкъумэшыщIэхэм яеухуа очеркхэр, рассказ кIэщIхэр. ТхакIуэр 1962 гъэм къыщыщIэдзауэ «Iуащхьэмахуэ» журналым дэлажьэу хуожьэ, абы и напэкIуэцIхэм къытохуэ абы и гушыIэ, ауан рассказ зыбжанэ.
Илъэс куэдкIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэрыщылэжьам, цIыху Iэджэм нэIуасэ зэрахуэхъуам и фIыгъэкIэ тхакIуэ ныбжьыщIэм екIуэкI гъащIэм и щытыкIэ нэсыр къихутэныр хузэфIэкIащ. Журналистикэм къыщежьэу литературэм и лъагапIэм ухуэзышэ гъуэгу хьэлъэр къызэринэкIыныр къахуихуащ къэбэрдей тхакIуэ нэхъыжьхэм я мызакъуэу, 1960-1970 гъэхэм ШэджыхьэщIэм щIыгъуу абы къыхыхьа тхакIуэ нэхъыщIэхэми.
Хьэмыщэ повестымрэ рассказхэмрэ зэрыт «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Тэрч» и пяэ тхылъыр 1975 гъэм къыдэкIащ. ИлъэситI дэкIа нэужь, дунейм къытохьэ «Дыщэм ефIэкIыу» етIуанэ тхылъри. А илъэсхэм абы итха гушыIэ, ауан, рассказхэр иту 1984 гъэм къыдокI «ХьэмлэтIиф, къэгъэзэж!» тхылъыр. ИужькIэ абы и Iэдакъэ къыщIокI «Гум псори къонэ» (1984), «Тэрч щыхьэтщ» (1987), «ЛъыщIэж» (1992) романхэр.
Тхэн щыщIидза япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ тхакIуэм иубзыхуащ и тхыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэну и мурад Iуэху нэхъыщхьэхэр. Абы и сабиигъуэр хиубыдащ зауэмрэ зауэ нэужь лъэхъэнэ хьэлъэмрэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, ахэр абы игу къимынэнкIэ Iэмал иIэкъым. «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Тэрч!», «Тэрч щыхьэтщ», «Дыщэм ефIэкIыу», «Гум псори къонэ» тхыгъэхэм тхакIуэм щызэфIигъэуващ зауэмрэ зауэ нэужь лъэхъэнэмрэ псэуа цIыху куэдым я образхэр, абыхэм Iэзагъышхуэ хэлъу хэпщащ лъэпкъым и хьэл нэхъ наIуэхэр, хьэлэмэтхэр. Абы и тхыгъэхэм я лIыхъужь нэхъыщхьэр къызэрыгуэкI цIыхущ, ерыщу ирихьэкI лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ лIыпIэ иувэрщ, увыпIэ нэс гъащIэм щызубыдырщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми езым и хьэл, и щэн яIэжщ. Япэ тхыгъэхэм хэт лIыхъужьхэр нэсу зэфIигъэувэныр тхакIуэм хузэфIэмыкIамэ, иужькIэ ахэр гум нэхъ къинэж, нэIурыт мэхъу, гурылъ-гурыщIэхэр нэхъ куууэ къигъэлъагъуэу щIедзэ.
ШэджыхьэщIэм и тхыгъэхэм цIыхубзхэм я образхэми гулъытэ лей щахуещI. Сыт хуэдэ насыпыншагъэхэр къатемыпсыхами, ШэджыхьэщIэм и лIыхъужь нэхъыщхьэхэм насыпыншафэ ятеткъым, а зыIууэ гугъуехьхэм ахэр япсыхь.
ТхакIуэм и тхыгъэхэм хэт цIыхубз образхэм ядыболъагъу насыпым зэрыщIэхъуэпсри, ар зэрызрагъэгъуэтынур я фIэщ зэрыхъури. Уи фIэщ мэхъу «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Тэрч!» повестым хэт Жанусэ, «Тэрч щыхьэтщ» романым и лIыхъужь Лушэ, «Мазизэ» повестым щынэхъыщхьэ, а цIэр зезыхьэ бзылъхугъэм я образхэр. Ауэ псом нэхърэ гум нэхъ къонэж «Гум псори къонэ» романым хэт Лацэ и образыр. Абы тхакIуэм хипщэн хузэфIэкIащ зауэ зэман хьэлъэхэм совет цIыхубз мелуанхэм къалъыкъуэкIа зэфIэкI телъыджэр, акъылыр, лIыгъэр, къабзагъэр.ЦIыхухэр шхын щхьэкIэ зэрымылIар, зауэм къыщытхьа текIуэныгъэр ахэращ зи фIыщIэр.
«ЛъыщIэж» тхыдэ романым къыщыгъэлъэгъуар I8-нэ лIэщIыгъуэм и кIэуххэм къэхъуа Iуэхухэщ. Романым и лIыхъужь нэхъыщхьэхэр ЕщIэнокъуэ зэшхэрщ. А тхыгъэм Iуэху куэд къыщыIэтащ, гъащIэм и лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыгъэлъэгъуащ. ТхакIуэм къихутэну и мурадащ лъэпкъым и къарур щIэзых зэгурымыIуэныгъэм и щхьэусыгъуэхэр, къигъэлъэгъуэну хэтащ лъыщIэжым къишэ тхьэмыщкIагъэхэр, абы хэкур бэлыхьым зэрыхимыгъэкIыр. Романым къыщыIэтащ Шэрджэсым къарылыгъуэ щхьэхуэ зригъэгъуэтыну щIыхузэфIэмыкIар, лъэпкъ зыужьыныгъэр абы зэрызытриIыгъар. Художественнэ Iэзагъ хэлъу тхакIуэм и тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуащ лъэпкъ псэукIэр, и хьэл-щэнхэр. Абы къигъэсэбэпащ IуэрыIуатэм и хъугъуэфIыгъуэхэр: уэрэдхэр, хъыбархэр, легендэхэр, жыIэгъуэхэр.
ШэджыхьэщIэм и романхэмрэ повестхэмрэ къэбэрдей прозэм и хэлъхьэныгъэ инщ. ЗэфIэкIышхуэ абы зэрыбгъэдэлъыр лъэпкъ прозэм нэгъуэщI и зы жанрми – ауанымрэ гушыIэмрэ - къыщыгъэлъэгъуащ. Зауэ нэужь лъэхъэнэхэм абы и лъабжьэр Шортэн Аскэрбий игъэтIылъащ, иужькIэ абы зрагъэужьащ Нало Ахьмэдхъан, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Дудар Хьэутий, IутIыж Борис сымэ. ЕхъулIэныгъэ гуэрхэр зыIэригъэхьа щхьэкIэ, къэбэрдей литературэм а жанрыр нэсу иджыри щызэфIэувакъым, ауэ шэч хэлъкъым, ШэджыхьэщIэм и творчествэр ауан, гушыIэ рассказхэм нэхъ лъагэу зэраIэтам. ТхакIуэм и тхыгъэхэм къыщыщIигъэщыр дыхьэшхэн щищIыр гъащIэм гъунэжу къыщыхъухэрщ. «Анэдэлъхубзэ» рассказым и лIыхъужь анэдэлъхубзэмкIэ «Iэзагъышхуэ» зыбгъэлдэъым къипсэлъым и ныкъуэм къыщыгъэсэбэпар урыс псалъэхэрщ. Ар тхакIуэм и лIыхъужьхэм ящыщ зым деж къыщымынэу лъэпкъым и насыпыншагъэщ.
ШэджыхьэщIэм и рассказхэм купщIэ куу ящIэлъщ, шэрыуэхэщ, къеджэгъуафIэхэщ, зэ еплъыгъуэкIэ къызэрыгуэкIыу плъагъу щхьэкIэ, абыхэм куэдым урагъэгупсыс.
Япэ прозэ тхылъыр къыдэкIа нэужь, ШэджыхьэщIэр яужь йохьэ литературэм и жанр нэхъ гугъу драматургиери жыIэдаIуэ къищIыну икIи занщIэу ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрегъыхьэ. Iуэху куэд къыщеIэт абы и драматургие тхыгъэхэми. ТхакIуэм пэжагъ нэс хэлъу зэфIегъэувэж къэбэрдей лъэпкъым и лъэхъэнэ пыухыкIахэр, ехьэкI хэмылъу къыщIегъэщ и лъэпкъэгъухэм мыхъумыщIагъэрэ ныкъусаныгъэу яхэлъхэри («Дыбгъэунэхъурти, Зузэ!», «Гум и щэху», «Гурыгъу щэхухэр», «Ди гуэныхьхэр», «Ягъеижа»). А пьесэхэм къытращIыкIа спектаклхэм лъэпкъым и цIыхухэр гуапэу и зэманым IущIащ. ШэджыхьэщIэм усэ куэди итхащ. Абы и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэд 80-м нэблагъэ композиторхэм макъамэ щIалъхьащ, ахэри нобэр къыздэсым ягъэзащIэ.