Адыгэхэм тхыбзэ ямыIами, хамэбзэхэр къагъэсэбэпырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ алыфбейр зэрызэхалъхьам, ар зэрызэхэт макъхэм топсэлъыхь филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий:
- Доминиканым щыщ Юлиан I340 гъэм адыгэхэм я деж щыIа нэужь итхыжащ: «Князь и народ называют себя христианами, имея греческое писание и греческих священников» (Адыгэ энциклопедие. М., 2006, 687 н.). Иужьрей лъэхъэнэхэм къагъэсэбэпащ тэтэрхэм, хьэрыпхэм, урысхэм я тхыбзэр, адыгэбзэм ейр яухуэу щыщIадзар епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэрщ. Ауэ ар цIыхубэм ящIэ, ядж, иритхэ щыхъуар Совет лъэхъэнэрщ. Псоми зэращIэщи, тхыбзэм къежьапIэ хуэхъур алфавитырщ. Адыгэхэм нэхърэ нэхъ алфавит куэд зэхэзылъхьа щыIэу къыщIэкIынкъым. ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм Грацилевский И. урым зэрыбым (I829 гъэм), Нэгумэ Шорэ хьэрып зэрыбым тету адыгэбзэм и алфавит зэхалъхьауэ щытащ. Урыс графикэм тещIыхьа алфавитым елэжьащ Услар Пётр, Бырсей Умар сымэ. I89I гъэм Лопатинский Лев зэхилъхьэгъащ «Урыс-Къэбэрдей псалъалъэмрэ», «Къэбэрдей грамматикэмрэ». Хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэми къахэкIащ адыгэ тхыбзэ къызэрагъэпэщыну яужь итахэри. I909-I9I0 гъэхэм Тыркум щыпсэуа Пчыхьэлыкъуэ Мухьэмэд алфавиту тIу, хьэрфылъэ я гъусэу, зэхилъхьауэ щытащ.
Езыхэм я алфавит зэхалъхьат Хъан-Джэрий, ПащIэ Бэчмырзэ сыми, нэгъуэщI Iэджэми. Ахэр лъэужьыншэу къэнакъым, ауэ я лэжьыгъэр нэсу цIыхубэм хапщэфакъым тхыдэм и къэгъэшыпIэ быркъуэшыркъуэ гущIэгъуншэхэм я зэранкIэ.
Коммунистхэм, сыт хуэдиз хужамыIами, абыхэм фIыуэ ялэжьар зыщыгъэгъупщэн хуейкъым. Къапщтэмэ, Урысейм лъэпкъыу исым я бзэхэм зрагъэужьри цIыхухэм, инми цIыкIуми, еджэкIэрэ тхэкIэрэ ирагъэщIащ. Адыгэ тхыбзэр япэщIыкIэ траухуащ хьэрыпыбзэм и алфавитым, Iуэхур хьэрыпыбзэ зыщIэ ефэндыхэм тращIыхьри къурIэн еджэ дэтхэнэми сэбэп хуэхъуну къалъытащ. Псори хъарзынэу екIуэкIырт, ауэ I925 гъэм тхыбзэр зытет хьэрып хьэрфхэм къытрашри латиным хуагъэкIуащ. Абы зыкъомрэ тетри, I936 гъэм СССР-м ис лъэпкъхэм я тхыбзэр урысхэр зэрытхэ кириллицэм и графикэм трагъэуващ. Зэман кIэщIым ерагъыу зэрагъэпэща адыгэ тхыбзэр щэнейрэ яхъуэжащ. Абы, зэрыгурыIуэгъуэщи, фIы лъэпкъ къишакъым. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэр Адыгей тхакIуэ Iэзэ Еутых Аскэр и романхэм ящыщ зым и персонаж гуэрым мыпхуэдэу гушыIэу жригъэIащ: «Ди къуажэм дэсхэр пщыхьэщхьэкIэ тхэкIэрэ еджэкIэрэ ящIэу гъуэлъыжхэрт, ауэ пщэдджыжькIэ зы хьэрф ямыщIэу къэушыжхэрт».
Иужьрей урыс графикэр, шэч хэмылъу, политикэм епхат, ауэ, дапхуэдэу мыхъуами, кириллицэр адыгэбзэм нэхъ тегъэпсыхьауэ къыщIэкIащ. Кириллицэм иIэ дамыгъэхэр, хьэрфхэр, хьэрып, латин тхэкIэхэм нэхърэ нэхъыбэщ. Апхуэдэу щытми, кириллицэм и хьэрфхэр адыгэ макъэхэм я бжыгъэм хурикъуакъым. Ахэр нэхъ зэпэгъунэгъу зыщIар хьэрф зэгуэтхэрщ. Ари тхъэжу къагъуэтакъым. Алфавит системэм и хьэрыфхэм уикIмэ Iуэху мыщхьэмыпэ Iэджи къыкъуэкIынут ахэр зэрытрадзэ машинкэхэм, иджы компьютерхэм къыщыщIэдзауэ газет, журнал, тхылъ къыдэгъэкIыным я деж щиухыжу. Ди тхыбзэм зиужьын папщIэ абы къарурэ зэфIэкIыу иIэр езыхьэлIа Яковлев Н.Ф. щхьэкIэ Къумахуэ Мухьэдин жиIащ: (Ар зэдмыдзэкIыу зэритха дыдэм хуэдэу къыдохь) «Ныне действующие адыгские алфавитные системы не такие уж примитивные изобретения. Яковлев был признанным в мире высококлассным специалистом по общей и адыгской фонетике. Может показаться парадоксальным, но адыгские системы письма выгодно отличаются своей системностью от архаичных и трудных систем изображения живой речи письменными знаками во многих старописьменных языках, в том числе английском и французском, в которых один звук может передаваться разными буквами».
Псом япэ къыжыIэпхъэщ адыгэ-абхъаз бзэ гупым макъ дэкIуашэу къагъэсэбэпыр егъэлеяуэ зэрыкуэдыр. Ар зэ еплъыгъуэкIэ бзэм и къулеягъэщ, ауэ нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ, лъэпощхьэпо куэд къэзышэ Iуэхущ. Убыхыбзэм фонемэ дэкIуашэу 80 иIэщ, ар дунейм бзэуэ тетым яIэм нэхърэ нэхъыбэщ. Абы куэдкIэ къыкIэрыхуркъым абхъазыбзэмрэ абазэбзэмрэ, бжьэдыгъу диалектым фонемэ дэкIуашэу 65-рэ хэтщ, адыгей литературэбзэри (кIэмыргуей диалектым тетщ) къэбэрдей-шэрджэсыбзэри макъэкIэ пэрытхэм хабжэ. Аращ дамыгъэ мащIэ зиIэ хьэрып графикэри, латиныбзэм и хьэрфхэри адыгэбзэм щIефэгъуэкIыр.
Адыгэхэм ягъэунэхуа алфавитхэм ящыщу ди макъхэм нэхъ хуэкIуэр кириллицэращ. Абы хузэфIэкIащ дамыгъэ лей хэмыхьэу адыгэ тхыбзэр шэрыуэу игъэлэжьэн. Зы хьэрыф щIэгъэкъуэн закъуэщ лейуэ къигъэсэбэпар, ар «апостроф» жыхуэтIэ дамыгъэрщ. Кириллицэр нэхъ зэрыпэгъунэгъур къалъытэри, абы техьауэ ди къэралым ис адыгэ мин 800-м нэс абы иротхэ илъэс 90-м щIигъуауэ. Ар лъэ быдэкIэ хыхьащ ди гъащIэм.
А алфавитыр лъабжьэ зыхуэхъуа адыгэбзэр щадж курыт еджапIэхэм, университетым. Бзэм елэжь щIэныгъэлIхэр, докторхэр, профессорхэр ди куэдщ, университету щым къыщIагъэкI адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэр. АдыгэбзэкIэ театру щы мэлажьэ (Черкесск, Мыекъуапэ, Налшык). ЩыIэщ методикэм елэжь институтуи щы, адыгэ кафедрэхэр, тхылъ тедзапIэхэр, адыгэбзэкIэ къэрал газету щы къыдокI, зиужьащ ди литературэми. А псори IэщIыб пщIыуэ иджы нэгъуэщI алфавит къапщтэмэ, лъэпкъыр зытекIуэдэну гъуэгуанэ тепшэу аращ. Мы Iуэхум теухуа псалъэмакъыр совет зэманым, 90 гъэхэм, къежьауэ щытащ. Ар къызыхэкIар хьэрыф зэгуэт къызэрыдгъэсэбэпырщ. Хэкурыс гуэрхэм 2003 гъэм ирахьэжьа псалъэмакъым дежьууэ хуежьащ Тыркум ис адыгэхэри. Псоми зэращIэщи, Тыркум адыгэ нэхъыбэ щыIэщ, ахэр мелуан зыбжанэ мэхъу, ауэ илъэсищэрэ щэ ныкъуэрэ хъуауэ хуитыныгъэ ямыIэу дэкъузауэ яIыгъа, хамэ хэгъуэгум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм иджыри къэс яIакъым езыхэм я тхыбзэ. Дэри, иджы дыдэ щIэуэ къащта хабзэм – адыгэбзэр школхэм Iэмал имыIэу щегъэджыным и пIэкIэ хуэмейхэр хагъэзыхьыну хуимыту ягъэувам – ди бзэм и пщIэр хуабжьу ириудыхынущ. Ириудыхыу къигъэнэжтэмэ ди насыпт – хигъэкIуэдэжыпэнущ!