Таурыхъхэм я закъуэкъым

 Зэ еплъыкъуэкIэ тхыдэмрэ иныжьхэмрэ зыкIи зэкIуалIэркъым - иужьрейхэм я лъапсэр таурыхъырщ, IуэрыIуатэрщ. Дэ ди набдзэ нарт эпосым куэду дащрохьэлIэ абыхэм. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэри абыкIэ зыщытхъужыфынущ. Иджыри къэс къалъытэу щытащ ахэр щымыIа, хъыбархэр ирагъэщIэрэщIэн щхьэкIэ къагупсыса хуэдэу. Абы щыгъуэми, зэгуэр апхуэдэ псэущхьэ абрагъуэхэр дунейм тетауэ итщ Инджылым, къахощ пасэрей Iэрытххэм.
 Нэхъ гъунэгъуу дыкъэIэбэнщи, ХI лIэщIыгъуэм Индыл и Iуфэм Iуса муслъымэн Булгарием (хэвмыгъэзэрыхь Болгарием!) щыIа хьэрып лIыкIуэм жиIэжауэ щытащ а къэралым и щыхьэрым и Iэшэлъашэхэм къыщыкI жыгей гъумыщIэм кIэрапха иныжь щилъэгъуауэ. Гъуахъуэрт, къыкIэрыкIыну къеIэтри, яукIын хуей хъуащ.
 Хьэрып усакIуэ цIэрыIуэ, духьэшы Iэбу-Хьэмиди 1136 гъэм а щIыналъэ дыдэм щилъэгъуащ ДаникикIэ зэджэ апхуэдэ зы иныжь, уеблэмэ абы щепсэлъащ. АпхуэдизкIэ инти, езым и щхьэр адрейм и бынжэм нэсыртэкъым. Данки сабырт, нэмысыфIэт. КъыщыпхуэзэкIэ гуапэу сэлам къуихырт. Ягъэзэуэн щхьэкIэ хуащIа афэ джанэмрэ мэIуху абрагъуэмрэ апхуэдизкIэ хьэлъэти. Iэбу-Хьэмид къилъытэрт абыкIэ Данки зэ уэгъуэкIэ пыл иукIыфыну.
Азербайджан усакIуэ икIи узэщIакIуэ Гянджеви Низами (1141-1209 гъгъ.) апхуэдэ телъыджэм щытетхыхьащ «Искандер-наме» поэмэм. И теплъэр апхуэдизкIэ шынагъуэти, ар цIыхум нэхърэ хьэкIэкхъуэкIэм нэхъ ещхьт. Низами и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, апхуэдэ псэущхьэхэр мэзхэм къыщаубыдурэ ягъасэрт.
Иджы захуэдгъэзэнщ нэгъуэщI щыхьэтхэм - щIым къыщIаххэм. Дунейм и нэхъ щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ дыдэхэми щарохьэлIэ иныжьхэм я къупщхьэлъапщхьэхэм. Ар куэд щIауэ къокIуэкI. 1877 гъэм США-м и Невадэ штатым дыщэ къыщыщIэзыххэм илъэс мелуани 185-рэ зи ныбжь лъакъуэ кIыхьу щытам и къупщхьэхэр къыщагъуэтащ. Ар зеям метри 4,6-рэ и лъагагъын хуеяуэ къалъытащ. Нэмыцэ антрополог Коль Ларион 1936 гъэм Африкэ Курытым щыIэ Элайзи гуэлым и Iуфэм щрихьэлIащ дэтхэнэми сантиметр 350-370-рэ зи лъагагъ цIыхухъу 12-м я къупщхьэхэр зыщIэлъ кхъащхьэ. Австралием и Батерест къалэм и гъунэгъуу 1930 гъэм щарихьэлIащ зи инагъыр сантиметр 365-м нэс цIыхухэм я щхьэкъупщхьэхэм. 1950 гъэм Аляскэм гъуэгу щызыукъуэдийхэм Iуащхьэ гуэрым къыщыщIатIыкIащ зи кIыхьагъымкIэ сантиметр 58-рэ, бгъуагъымкIэ сантиметр 30 хъу щхьэкъупщхьэ. Абы екIуэкIыу дзэ сатыр тIурытI Iутт. Псоми ятекIуэжащ Монголием къыщагъуэта къупщхьэлъапщхьэхэр. Ахэр зеям метр 12-м нэс и лъагагът. Балхаш гуэл цIэрыIуэм и Iуфэхэм щарихьэлIащ метррэ ныкъуэм щIигъу лъэкъуампIэхэм. Аэр зеяхэм уапэщIэхуэну уи нэгу къыщIэбгъэхьэн къудейр шынагъуэщ. Дэ ди гугъэщ къэдгъэлъэгъуа щапхъэхэр зи гугъу тщIы псэущхьэхэр щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ дыдэхэм зэрыщыпсэуам щыхьэт техъуэу. Дэнэ ахэр здэкIуар? Щхьэ кIуэдыжа?
 А упщIэхэм жэуап ират пасэрей дин тхылъхэм. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ иныжьхэр дуней псор зэщIэзыщтауэ щыта псыдзэм итхьэлауэ. Ар икIи пэжым ещхьщ: шынагъуэ къэблагъэм зыхуагъэхьэзыракъым, я къарум щыгугъри. Iуэхур зыIутыр къащыгурыIуам кIасэ хъуат. Мыбы дигу къигъэкIыжыркъэ, «И инагъым хуэдиз и делагъщ» псэлъафэр. Хэбгъэзыхьмэ, ди Нарт эпосми апхуэдэущ ахэр нэхъыбэу къазэрыхэщыр: езыхэр абрагъуэми, акъыл чэнжу, жыIэзыфIэщу. Псалъэм и хьэтыркIэ, КъуийцIыкIу тыншу къегъэпцIэф ахэр, Сосрыкъуэ цIэрыIуэри IэмалкIэ иныжьым токIуэ…
Псыдзэшхуэм хэкIуэдами, абыхэм ящыщу къела гуэрхэри щыIагъэнущ. Ахэращ курыт лIэщIыгъуэхэм къэсари. Ауэ ахэр зы зэман дунейм зэрытетам шэч къытрахьэжыркъым къэхутакIуэ куэдым. Уегупсысмэ, хэт атIэ тонн куэд зи хьэлъагъ мывэ джейхэмкIэ лъагэ дыдэу сэрейхэр дэзыщIеяр? Апхуэдэ ухуэныгъэхэу сыт хуэдиз къатIэщIыжрэ?
АрщхьэкIэ ахэри, археологие музейхэм щызэтрихьа иныжь къупщхьэлъапщхьэхэри, нэгъуэщI Iэджи къищтэркъым иджырей щIэныгъэм. ЗэфIэува Iуэху еплъыкIэм тет еджагъэшхуэхэм кIэщIу паупщI: иныжьхэр щыIакъым, ахэр щыпсэуар таурыхъхэрщ, шыпсэхэрщ. Сыт щIэныгъэлIхэм зыкъыщIратIэр? Псори къызэрыгуэкIщ: иныжьхэр яхэзагъэркъым цIыхум и къэхъукIам теухуауэ езыхэр зытет теорием. Ар мытэмэму къыщIэкIмэ, абы егъэщIылIауэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэми шэч къытрахьэнущ. Хэт абы хуейр?
Мис апхуэдэурэ йокIуэкI зэкIэ.

 

Шал Мухьэмэд.
Поделиться: