Гъунэгъу къытщащI

Ди къэралым и зыплъыхьыпIэ щIыпIэ телъыджэхэр кIуэ пэтми нэхъ цIэрыIуэ мэхъу, я дэтхэнэми къыдэгъуэгурыкIуэ, нобэм къэси куэд зыщымыгъуэза тхыдэ къулейрэ гъэщIэгъуэнрэ ди пащхьэ къралъхьэу.
ЩIы хъурейм и Iыхьэ ханэр зыIыгъ Урысейм и тхыдэ жыжьэр къызыхэщ щIыпIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр, абыхэм ди цIыхухэр, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэр, щыгъэгъуэзэныр къэралым нобэ мыхьэнэ ин зрит Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщщ, хэкур, лъахэр зылъытэ щIэблэ къэралым къыщIэхъуэн папщIэ. Къэралым и лъэлъэжыгъуэм хиубыда цIыху хьэжэпхъажэ хъуахэм я лъэр щемыувэхарэ зрамыгъэлъэгъуарэ нобэ къэгъуэтыгъуейщ, ирехъу ар Африкэ, Алыдж, Тырку н. къ. Ар хъарзынэщ, ауэ уи къэралым и тхыдэ напэкIуэцIхэм уриплъэныр нэхъапэжщ. Псом хуэмыдэу ди щIымрэ ди псымрэ ттрахыну дуней псор къыщыдэжа лъэхъэнэм. 
Дунеяплъэ къэзыкIухьхэм Iэмал ягъуэтащ дэ диIэмрэ адрейхэм ябгъэдэлъымрэ зэралъытыжу дерс щхьэхуэхэри къыхахыну. Урысейм и щIыналъэхэм я тхыдэр джыным, ахэр цIыхухэм я нэкIэ егъэлъагъуным теухуауэ къыхалъхьа къэрал, лъэпкъ пэхуэщIэхэр нобэ купщIафIэу ягъэлажьэ. Абыхэм хиубыдэу къэралым и КъухьэпIэ лъэныкъуэр КъуэкIыпIэм пызыщIэ дунеяплъэ мафIэгухэр, кхъухьхэр яутIыпщ, турист гъуэгуанэщIэхэр къызэIуах.
Псалъэм папщIэ, сыт хэтщIыкIрэ ди къэралым и къуэкIыпIэ гъунапкъэр зэхуэзыщIыж Сахалин Ипщэм?
ЗэманыфI ипэкIэ японхэм я лъэр а щIыпIэм щиубыдыпауэ щытащ. Къапщтэмэ, я бжьыхьэкIапи зэпылът абыхэм. Хэт ищIэрэ, апхуэдэуи къэнэжыну къыщIэкIынт, Хэку зауэшхуэм и кIэухым зыхуагъазэу къызыкъуаха икIи езыхэм я щхьэм зэран хуэхъужа хьэгъэщагъэ бзаджэр мыхъуамэ…
 А щIыпIэхэр иджыблагъэ къызэхэзыкIухьа журналистхэм я тхыгъэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр «Терпение» хыIущIэм и Iуфэм 1892 гъэм щаухуауэ щыта Макаров къалэ цIыкIурщ, нобэ ди къэрал гъунапкъэр абдежырщ щиухыр. Япэ илъэс 13-м ар картэхэм зэриту щытар «Селютора» фIэщыгъэмкIэщ, а щIыпIэм щыпсэуа «айны» лъэпкъым я бзэмкIэ «щIым тет къуажэ» жиIэу къикIыу. ИужькIэ японхэм абы «Сирутору» фIащри, промышленнэ центр мыин къыщызэIуахащ. Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ - «айны»-хэм я щэнхабзэм увыпIэшхуэ Сахалиным и тхыдэм зэрыщиубыдар, уеблэмэ «Карафуто» къызытехъукIыжар ахэр а хытIыгум зэреджэу щыта «Крафто» цIэрщ. 1923 - 1926 гъэхэм японхэм Сирутору щаухуащ тхылъымпIэ къыщыщIагъэкI завод абрагъуэ, мывэ фIамыщI къыщыщIах шахтэ, псы зэхуэхьэсыпIэ ехьэжьа, тхьэелъэIупIэ зыбжанэ. 
Ухуэныгъэхэр езыгъэкIуэкIа компанием заводыр иузэдат щыIэм я нэхъыфI зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ. Японхэр щIыпIэм ирагъэкIыжа нэужьи, ар 1990 гъэм нэсыху яхуэлэжьащ, фейдэ къаримыту къалъытэу, зэхуащIыжыху. Апхуэдэ тхыдэ къулей зиIа IуэхущIапIэр, къэрал лъэлъэжыгъуэм хиубыдар ноби щытщ хуэм-хуэмурэ мэлъэлъэжри.
Мывэ фIамыщI къыщыщIаха шахтэр, къыхэнэжа щIагъуэ щымыIэу, мэзым щIихъумэжащ, ауэ ноби плъагъун къудейр гъэщIэгъуэнщ шахтэм узэрех бгъуэнщIагъыр, утыкум къинауэ ит гъущI пхъэхьэш ин улъияр, заводым екIуалIэу щыта гъущI гъуэгу Iузэр…
Псы зэхуэхьэсыпIэр гъущI гъуэгу зэхэкIыпIэм и Iуфэм Iуту яухуат японхэм, мафIэгухэм абдежым занщIэу псыр щрагъэхъуэн хуэдэу. ТхьэелъэIупIэхэр сопкэ щыгухэм лъагэу итт, зи гугъу тщIы лъэпкъым зэрахабзэу, дыгъэ къыкъуэкIыгъуэм абы дэкIрэ, тхьэм щелъэIуу. Ахэр хъума хъуакъым, ауэ мэз Iувхэм къыщызэтенауэ хэтщ а щыгухэм зэрыдэкIыу щыта дэкIуеипIэхэр. Ахэр пхъэм къыхэщIыкIа пэтми, хъума хъуащ, я лъащIэхэр цементкIэ зэрыщIэгъэжыкIам и фIыгъэкIэ. Абыхэм ящыщ зыр, 1930 гъэм яухуар, сатуущIэхэмрэ бдзэжьеящэхэмрэ, адрейр щIэблэ узыншэ къащIэхъуэным хухахат.
ИтIанэ, Карафуто и Iэгъуэблагъэм японыкхъэхэр щымащIэкъым. А зэман жыжьэм зи сабиигъуэр хиубыда нэхъыжьхэм къызэраIуэтэжымкIэ, езыхэр имысыж пэтми, кхъэхэр зэи бгынэжыгъуэ ихуакъым - 2020 гъэм нэсыху ар зейхэр къакIуэурэ зыхуей хуагъэзащ. Псом хуэмыдэу мывэ сынхэм тет тхыгъэхэр хэмыгъуэщэжын щхьэкIэ къагъэщIэрэщIэжырт. Японхэм я лъэужьыр хъума щыхъуар IуэхущIапIэхэм я закъуэкъым, Южно-Сахалинск къалэм ноби дэтщ япон архитекторхэм ящIа уардэунэ зыбжанэ. Абыхэм я теплъэ дахэхэр яхъумащ, ноби IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм я хэщIапIэщ. Тхыдэ жыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ, японхэм яухуа Южно-Сахалинск и пIэм итар тезыр зытелъхэр здагъакIуэу щыта, ВладимировкэкIэ зэджэ зы жылэ цIыкIу закъуэт.
 КъулыкъущIапIэу щыта унэхэр къызэтена щхьэкIэ, псэупIэ унэхэм я лъэужь къэнакъым. ЦIыхухэм зэрыжаIэжымкIэ, еувалIэу якъутакъым ахэр, уеблэмэ а щIыпIэр иужькIэ псэупIэ зыхуэхъуа урыс унагъуэхэр щIагъэтIысхьащ икIи зэрахузэфIэкIкIэ яхъумэну хэтащ, арщхьэкIэ японхэм унэхэр къызыхащIыкIыр пхъэт - ахэр куэдрэ щыткъым. ИтIанэ, абыхэм зэрахабзэу, тхылъымпIэм къыхащIыкI блын егъэжэкIхэр, щIым хэт жьэгухэр, щIым щысу шхэным тещIыхьа гъэпсыкIэхэр къетыншэкIыртэкъым урысхэм. Абы къыхэкIыу, Iэмал зэрагъуэту щIэIэпхъукIхэрти, езыхэр зэрыхуейуэ унэ тIэкIухэр яухуэжырт. АпщIондэху, нэщIу къэна япон унэхэр зэпкърыхужырт. Апхуэдэу урысхэр игъэтхьэусыхэрт зэмыса унэ гъэплъыкIэми. Ар зэрахуэмыгъэIэкIуэлъакIуэм къыхэкIыу щIэх-щIэхыурэ мафIэсхэр къэхъурт, хьэблэ псо щызэщIищтэ щыIэу.
Южно-Сахалинск зыухуа японхэр щыдагъэIэпхъукIар, зэрыгурыIуэгъуэщи, 1946 гъэрщ. А Iуэхур пIалъищкIэ зэпыудауэ ирагъэкIуэкIащ, 1950 гъэм нэсыху. АпщIондэху лъэпкъитIри мамыру зэдэпсэужахэщ.
Апхуэдэ тхыдэ дапщэ ди къэралым къыдекIуэкIыр, дэтхэнэми хэтщIыкIын хуейуэ. 

ЛЪОСТЭН Музэ.
Поделиться: