Бангладешым и махуэхэр

         Бенгал муслъымэнхэр щыпсэу Бангладешыр 1971 гъэм хамэ унафэ къыщIэкIащ, Пакистаным къыхэкIри. Ар абы тыншу къехъулIакъым: граждан зауэм цIыху мелуани 3 хэкIуэдащ, абыхэм я процент 90-р мэкъумэшыщIэ къызэрыгуэкIхэт. КъэралыщIэм и Iэтащхьэ хъуа Шейх Рахман Муджибур жиIащ «Ислъам социализм» зэриухуэнур икIи СССР-м зэриныбжьэгъунур. АрщхьэкIэ илъэсиплI нэхъ дэмыкIыу Iуахащ: и унэм абы и гъусэу щIаукIыхьащ и щхьэгъусэри, и къуэхэри, и нысэхэри, и къуэрылъхури, и къуэшри. Къелар а зэманым ФРГ-м щыIа и пхъуитIырщ – Хасинэрэ Рейханэрэщ.

         1977 гъэм Бангладешым и президенту хахащ зауэм лIыхъужьу зыкъыщызыгъэлъэгъуа генерал Рахман Зиаур. Ягъэхъыбарат ари Муджибур лъэныкъуэ езыгъэзахэм яхэтауэ. Сыт хуэдэу щытми, абы и лIыукIхэм яхуигъэгъуат ящIар. АрщхьэкIэ езыми ар дыдэр къыщыщIат: 1981 гъэм ар яукIащ и блыгущIэтхэм.

         Мис абдеж къыщожьэ нобэрей зэпэщIэтыныгъэр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, иджыблагъэ къэралым и премьер-министр Шейх Хасинэ и къулыкъум текIын хуей хъуащ, абы, уеблэмэ, къэралыр ибгынащ. ПIалъэкIэ къызэрагъэпэща правительствэм и унафэщIу ягъэуващ Нобель и саугъэтым мамырыгъэмкIэ и лауреат Юнус Мухьаммад. Хасинэ къэхъуамкIэ егъэкъуаншэ США-р: цIыхубзым идакъым американ дзэ базэ Бангладешым къыщызэIуахыу.

         Сыт атIэ къэралым щекIуэкIхэр? ГъэщIэгъуэнщ, арщхьэкIэ а упщIэм зыгуэр ирипIейтейуи фэ теткъым. «Псори къызэрыгуэкIщ, - къатыж жэуап. -  Мыгувэу фызабэм пхъур зэрихъуэкIынущ».  Абы къегъэлъагъуэ мы зэманым къэралым къыщыхъуахэр ныбжькIэ мыщIалэж цIыхубзитIым – «лъэпкъым и адэ» Шейх Муджибур и пхъумрэ (Хасинэ Вазед) генерал Зиаур и щхьэгъусэмрэ (Халеда Зия) - я зэпэщIэтыныгъэм къызэришар.

Иужь илъэсхэм абыхэм зызэрахъуэкIыурэ (яку зыгуэрхэр къыщыдыхьи къэхъуу) премьер-министр къулыкъур яIыгъащ. ЦIыху 300-м нэс зыхэкIуэда иджырей къаугъэм  щIэдзапIэ хуэхъуари хамэ унафэ къыщIэкIыным теухуа бэнэныгъэм къыхэжаныкIахэм пщIэ яхуэщIынырщ. Ар телъыджэ дыдэщ, абыхэм я фэеплъыр къэралым зэрыщагъэлъапIэр къэплъытэмэ. Зы зэман Бангладешым хабзэ щыIауэ щытащ къэрал къулыкъухэм я процент 30-р хуитыныгъэм щIэбэнахэм я Iыхьлыхэм яIыгъын хуейуэ. Дауи, а IэнатIэхэм щызекIуэ улахуэхэр къыпхуэмылъытэн хуэдизу нэхъ инщ, цIыху къызэрыгуэкIхэм я лэжьапщIэм нэхърэ.

         Премьер-министр Шейх Хасинэ а хабзэр зэфIигъэувэжащ. Ар ямыдэу уэрамхэр яуфэбгъуащ студентхэм. Зэрызекъуэхэр къэхъуащ, лъы ягъэжащ. ЗыкъэзыIэтахэм ягу темыхуэри гурыIуэгъуэщ.

- Дэ пщIэшхуэ яхудощI а лIыхъужьхэм. Фимыгугъэ абыхэм я фэеплъыр дэ дымыгъэлъапIэу, – жаIэ студентхэм. - Ауэ сыт а текIуэныгъэм хащIыхьар абыхэм я щIэблэ бжыгъэншэхэм: я къуэрылъху-пхъурылъхухэм, абыхэм я бынхэм? Абыхэми лъы ягъэжа? АтIэ сыт апхуэдэ ефIэкIыныгъэхэр яIэн щIыхуейр? Сыт ахэр ди къэрал къулейсызым и пщэм щIыдэсынур?

1996, 2001, 2009, 2024 гъэхэм премьер-министру щыта Хасинэ Вазед илъэс 76-рэ и ныбжьщ. ТIэуми абы и къулыкъур къигъэнэн хуей хъуащ экономикэ щхьэусыгъуэхэмкIэ икIи цIыхухэм зыкъызэраIэтым къыхэкIыу. Абы, уеблэмэ щIиуфэркъым я ныкъуэкъуэгъу, генералым и фызабэ Халедэ Зия теплъэ зэрымыхъур: «ЛIыукIым и фызкIэ» йоджэ икIи и унагъуэр егъэкъуаншэ, и адэр иукIауэ. Халеди щIыхуэ къызытримынэу къегъэпудыж.

А цIыхубзри правительствэм и Iэтащхьэу щытащ 1991,1996, 2001, 2006 гъэхэм. Мылъку зрилъэфэлIауэ ягъэкъуаншэри, Хасинэ властыр IэщIыхьа и ужь, 2018 гъэм абы  илъэси 10 тралъхьауэ щытащ, ауэ тезырыр ирагъэхьэкIащ и унэ щIэмыкIыу. Иджы хуит хъужа илъэс 79-рэ зи ныбжь фызыжьыр хуейщ аргуэру премьер-министрым и шэнтжьейм итIысхьэну. Зия жеIэ бэнэныгъэм хэтахэм къащIэхъуахэм яIэ ефIэкIыныгъэхэр ягъэмэщIэным и телъхьэу. Аркъудейщ. Ауэ ар ядэну яшхынрэ щатIэгъэнрэ дахэ-дахэу зымыгъуэт цIыхухэм?

Бангладешыр цIыху бжыгъэкIэ дунейм щыещанэ муслъымэн къэралщ. Абы цIыху мелуани 170-рэ щопсэу. Зэрытлъагъущи, Урысейм нэхърэ щынэхъыбэщ. Къэралым зеужь, ауэ къалъхухэм я бжыгъэм нэхъ псынщIэжу щыхохъуэ. Апхуэдэурэ екIуэкIмэ, тшхын дымыгъуэту дыкъэнэнкIэ шынагъуэш, жаIэ политикхэм.

Бангладешым и щхьэхуитыныгъэм хуабжьу хэлIыфIыхьауэ щытащ СССР-р, абы лъандэри фIыуэ къытхущытщ, къэралым щекIуэкIхэм зыкIи емылъытауэ. Ар ящыщщ Урысейр нэхъ куууэ зыдэлажьэ къэралхэм. ЖытIэну ирикъунщ УФ-м Бангладешым атом электростанц зэрыщиухуэр. Ди зэхущытыкIэхэм захъуэжынукъым, хэт властыр Iэрыхьэми.

 

МАХЪШОКЪУЭ Мухьэмэд

Поделиться:

Читать также: