Курск областым доIэпыкъуДзэ Iуэху хэхам и зы Iыхьэу щыт, Курск областым щекIуэкI зэпэщIэтыныгъэм имыгъэпIейтей куэд щыIэ къыщIэкIынкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ псапащIэхэм гугъуехьыпIэм ит цIыхухэм ерыскъы хурагъэшащ иджыблагъэ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ щIэуэ псапэхуэщIэ хьэпшыпхэр зэхуахьэсри Курск областым щыпсэухэм хурагъэшащ. Хьэлъэзешэхэм ирашэжьащ пIалъэ кIыхькIэ зэмыкIуэкI ерыскъыхэкIхэр: хьэжыгъэ, кIурпIа, сэхуран дагъэ, пыченэ, къинэмыщIхэр.
Поделиться:
Читать также:
22.07.2026 - 17:35 →
Узыншагъэм теухуа щIэнIуатэ
22.07.2026 - 16:33 →
Уи бзэм ухуэсакъынри Хэкур пхъумэнри лIыгъэщ
22.07.2026 - 15:22 →
Бзэр тхыдалъэщ
22.07.2026 - 15:09 →
ЗылI хузэфIэкIын кърихьэлIащ
22.07.2026 - 14:04 →
Бзэ зэлъэбжьэгъухэр
| ||




