Бжьэхуц, кIэнфет, жей IэфI

«Тамик, си къуэрылъху цIыкIу! НыбжесIэжыну Iуэхугъуэр теухуащ сэ си къуэш, уэ - уи адэшхуэм и къуэш Владимир. Си хъыбар кIэщIым кIэух дахэ иIэщ, къедаIуэ». Мы хъыбарыр нэхъ ипэкIи зи гукъэкIыжхэм фыщыдгъэгъуэза КIэрашэ Михаилщ къызыбгъэдэкIыр. Тхылъ къыщыдигъэкIым абы сыдэлэжьауэ щытащ, и тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ хузэздзэкIыу. Илъэс 65-кIэ узэIэбэкIыжмэ къэхъуа Iуэхущ дызыхигъэплъэжри.
- Сэ илъэсищ сыхъуа къудейт, Вовэ - илъэситI. Дыщыпсэут дэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъунэ дыдэм, Ингушетиемрэ Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ зищIхэр бгъэдэлъ Къаншыуей (Курп Ищхъэрэ) къуажэм. ЩIыпIэ дахэ дыдэт.
А зэманым жылэм токи екIуалIэртэкъым, гази псыи щыIэтэкъым. АрщхьэкIэ а псоми дэ мыхьэнэшхуэ еттэкъым. Жэщым фэтыджэн уэздыгъэхэм ди унэхэр къагъэнэхурт, апхуэдэ дыдэу фэтыджэн хьэкукIэ ди шхыныр япщэфIырт. Псыкъуий куухэр пщIантIэ къэс дэтт, я щхьэм IункIыбзэ етыжауэ (сабийхэр димыхуэн щхьэкIэ быдэу ягъэбыдэрт). Ди адэ-анэм къуажэ школым щрагъаджэрти, махуэ псом унэм ди закъуэу дыкъыщIэнэрт. Ди зэхуаку ныбжьышхуэ дэмылъми, си къуэш нэхъыщIэм кIэлъыплъыныр сэрат зи пщэрылъыр. ПщIантIэм дыдэмыкIыну унафэ къытхуащIми, дэ махуэ псом гъунэгъу сабийхэм я гъусэу уэрамым къэджыхьыу, дыджэгуу дыдэтт. 
Зэгуэрым Вовэ къыздэсщтэри, «Сельпо»-м сехащ. Апхуэдэу тетхат IэфIыкIэ, псы, щыгъын, кIэщIу жыпIэмэ, балигъми цIыкIуми зыхуеину псор щагъуэт къуажэ тыкуэным. Ар зейри зыгъэлажьэри ди адэм и ныбжьэгъуфI Азэмэтджэрийт. ИкъукIэ цIыху дахэт икIи гуапэт ар, щIэх-щIэхыурэ къытхуеблагъэ и хабзэт. Езым сабий иIэтэкъыми (иджыри къишатэкъым), дэ зэпымыууэ къыткIэрыщIат, гъуэрыгъуапщкIуэми нэгъуэщI джэгукIэхэми емызэшу къыддыхэту.
Дыкъызэрилъагъуу, Азэмэтджэрий къытщыгуфIыкIащ, дригъэблэгъащ, нэхъыжь ди мыгъусэу абы нэс дызэрыкIуэфами щIэупщIащ. КIэнфетрэ псы IэфIрэ абы къыдитри, къуэгъэнапIэм щэхуу дыщыджэгуну дыдигъэтIысхьащ. Сэ джэгун срикъуати, ди адэм и ныбжьэгъум сэлам есхыжри сежьэжащ, бжьэхуц зэкIуэцIыпхахэм хэлъу Iуриха си къуэшыр къэзгъанэри. Си гугъащ зэман дэкIмэ къэзгъэзэжу здэсшэжыну, арщхьэкIэ гъунэгъу щIалэ цIыкIухэм садэджэгуурэ си къуэш нэхъыщIэр сIэщIэгъупщыкIащ.
Пщыхьэщхьэм ди адэ-анэр къэсыжащ. Заплъыхьмэ, Вовэр ягъуэтыжыркъым. Сэ апхуэдизкIэ сыгузэвати, сщыгъупщат ар тыкуэным здэсшауэ зэрыщытар. Арати, сэри абы сылъыхъуэрт. Сыщылъыхъуэрт гуэным, хадэм, къуацэ-чыцэхэм. Си адэр гъунэгъухэм я деж ежэкIати, ахэри лъыхъуакIуэхэм къахэхъуат. Си анэр псыкъуийм иплъэурэ гъырт, уеблэмэ хьэ нэгъунэхэм ди гуныкъуэгъуэр къагурыIуа хуэдэ, банэу уэрамыр къызэхажыхьырт. Ди насыпти, зыгуэрым игу къэкIыжащ Вовэрэ сэрэ махуэм тыкуэным дыкIуэу дызэрилъэгъуар. Сэ псори къызэжауэ саутхыпщI, къызоупщI щIалэ цIыкIур къыщызгъэнагъэнкIэ хъунумкIэ. ИтIанэщ къыщысщIэжар ар тыкуэным къызэрыщIэзнар. 
АпщIондэхукIэ пшапэр зэхэуат. Азэмэтджэрий къагъуэтри тыкуэныр Iурагъэхыжащ. Фэтыджэн уэздыгъэхэр щIагъэнауэ заплъыхь, Вовэр ягъуэтыркъым, я джэ макъми зыри къыпэджэжыркъым. Си анэр мэгъуэг: «КIуэдащ Вовэ», - жиIэурэ. Зэман зэ ди адэр къокIий: «Мис Вовэ! Бжьэхуцым хэлъу мэжей». КъызэрыщIэкIамкIэ, бжьэхуц тюкым ар хэпщхьэIуати умылъагъужу арат. Псори гуфIэщауэ Вовэ къыхалъэфыжт бжьэхуцым, езыр псыфрэ (лимонад зытрикIэжауэ) къыпкIэрыпщIэу (хуит хъуа сабийр IэфIыкIэхэм хэсагъэнт). АпхуэдизкIэ ар езэшагъэнти, зыри дыкъищIэхакъым, ди адэм и IэплIэм илъу унэм ихьыжащ, и пщIыхь IэфIхэри зэпымыууэ. 
Азэмэтджэрий а дакъикъи 5-10-м и щхьэцыр хэтхъукIат, укIытэжат Вовэ гу зэрылъимытам щхьэкIэ. А махуэм ди адэм и ныбжьэгъум жриIат щхьэгъусэ къишэу бын зригъэгъуэтыну. «Хэт ищIэрэ, нэхъ набдзэгубдзаплъэ ухъункIэрэ хъунщ», - псалъэхэри дыщIигъужат. Куэд дэмыкIыу Азэмэтджэрий унагъуэ насып игъуэтащ…
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: