Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым ис адыгэхэм я зэпыщIэныгъэхэм нэхъри зригъэужьу, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр игъэбыдэу, диалект зэмылIэужьыгъуэу зэхэт ди бзэр зэдагъэлажьэу «Адыгэ макъ», «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку» газетхэм къыхалъхьауэ ирагъэкIуэкI журналист зэдэлэжьэныгъэм къыпызыщэ зекIуэр Адыгэ Республикэм щыдгъэкIуащ. Тау Замирэ сэрэ Черкесск къыщыщIэддза Iуэху дахэм Мейкъуапэ щыпытщащ шэрджэс журналист Аслъэныкъуэ Мадинэрэ сэрэ. Адыгэ хэкум и беягъыр, и цIыхухэм я гуапагъыр, щIыуэпсым и дахагъэр, IэщIагъэлIхэм я жанагъыр, IэпщIэлъапщIэхэм я Iэзагъыр зэдгъэлъэгъуащ АР-м дызэрыщылэжьа тхьэмахуэм. Адыгэ Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 33-рэ щрикъум ирихьэлIэу «Адыгэ псалъэ» газетым къыдэкIыгъуэ щхьэхуэ хухихынущ ди къуэш хэгъэгум нобэ и щыIэкIэ-псэукIэм, зыужьыкIэм теухуауэ згъэхьэзыра тхыгъэхэр иту.
Ауэ зэкIэ мы тхыгъэ кIэщIыр «Адыгэ макъ» газетым щхьэкIэ згъэхьэзыращ. Мыбы зи гугъу щысщIынур зи романхэмкIэ ди лъэпкъ тхыдэр сэзыгъэцIыхуа, зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ «адыгэм и дунейм» сыхэзыша, лъэпкъ псом ди набдзэ нэхъыжьыфI МэшбащIэ Исхьэкъщ. Апхуэдэуи журналист IэщIагъэм сызэрыпэрыхьэрэ псом нэхъ сфIэфIу къыхэсха лъэныкъуэм – хамэ къэралхэм ис адыгэхэм ятеухуам – къыхэзгъахъуэмэ сфIэигъуэу, хэкум къэзыгъэзэжахэр щыпсэу Махуэхьэблэ сызэрыщыIарщ.
Бысым газетым и редактор нэхъыщхьэ МэшлIокъуэ Саидэ тхуигъэхьэзыра программэм тету, дэ япэу дыIущIащ АР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ядэлэжьэнымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Щхьэлахъуэ Аскэр, зэдгъэцIыхуащ ди къуэш редакцэм и лэжьакIуэхэр, апхуэдэуи япэ махуэр лъапIэ тхуэзыщIа тхьэмадэм дригъэблэгъащ. АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт, ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ МэшбащIэ Исхьэкъ дапщэрэ ухуэзэми къызэрыбдэгуэшэнрэ къыбжиIэнрэ и куэдщ. И Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэм къытебгъэзэжурэ къибджыкIын зэритым хуэдэщ илъэс 94-м ит тхакIуэшхуэм и акъыл жанагъымрэ гупсысэ куухэмрэ ущIэдэIунри.
Кавказ Ищхъэрэми, Урысейми къыщацIыху тхакIуэ цIэрыIуэр куэдым къытхутепсэлъыхьащ Мадинэ сэрэ, тыншу щымыта и гъащIэ гъуэгуанэр, творческэ гъуэгум и зэхэлъыкIар, лIыпIэ иува нэужь зыпэрыта Iуэхухэр, и IэдакъэщIэкIхэр зытриухуар, лъэпкъым нобэ и гугъуехь нэхъыщхьэхэмрэ адыгэу къызэтенэн папщIэ дяпэкIэ зэгугъупхъэхэмрэ, иужьрейуэ итха романымрэ ар япэу Налшык утыку къызэрыщрихьамрэ. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр къыщыIэта МэшбащIэм и интервьюр щхьэхуэу къытехуэнущ «Адыгэ псалъэмрэ» «Черкес хэкумрэ».
Иджы и гугъу фхуэсщIыну сыхуейщ Урысей псом зыхуэдэ имыт Махуэхьэблэ жылэм. Сэ куэдрэ сахуэзащ Тыркум, Сирием. Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм, Америкэм къикIыу хэкужьым къэкIуа ди лъэпкъэгъухэм, сыщыIащ Тыркум, Израилым, Германием щыпсэу адыгэхэм я деж. Хэхэс адыгэхэм я хъуэпсапIэр нэхуапIэ ящIу Адыгэ Республикэм 200I гъэм къыщызэрагъэпэща Махуэхьэблэ жылэм ди хэкуэгъу куэдым я хъуэпсапIэр нэхуапIэ щыхъуащ.
Жылэм узэрыдэлъадэу и къабзагъкIэ, зэгъэпэщыкIэкIэ адыгэ къуажэу зэрыщытыр нэм къыIуедзэ. Чырбыш плъыжькIэ щIа унэ зэтет зэщхьхэм иужьрей илъэсхэм ящI иджырей унэхэр къахощ, жылэм дэтщ мэжджытрэ поликлиникэрэ. Абы къищынэмыщIауэ, адрей къуажэхэм къащхьэщыкIыу, Махуэхьэблэ администрацэ щхьэхуэ иIэщ. Абы и унафэщI Жьыу Мухьэмэдрэ Хэкум къэзыгъэзэжахэр хэсыхьыжынымкIэ республикэ центрым и унафэщI ГъукIэлI Iэсхьэдрэ къытхуаIуэтащ хамэ къэрал къикIыжауэ жылэм дэсхэм нобэ яIэ псэукIэр, къэралыр къазэрыдэIэпыкъур, езыхэр лажьэ-шхэжу, зэгурыIуэу-зэдэIуэжу зэрыпсэур.
Унагъуэ дахэу, унэ-лъапсэкIэ зэгъэпэщауэ Махуэхьэблэ дэсхэм ящыщщ ГъутIэхэ (Абай) Имэррэ Мэулидэрэ. ТIууэ зэтет унэ зэлъыIухам драгъэблэгъащ ди лъэпкъэгъухэм икIи я къекIуэкIыкIам дыщагъэгъуэзащ. Ахэр япэ дыдэу Косовэ къикIыжахэм ящыщщ. Бысым гуащэм и шыгъупIастэр Iэнэм къытригъэувэху Имэр къытхуеIуатэ хэкужьым къыщихьэжам къазэрыпежьар, республикэ тхьэмадэу а лъэхъэнэм щыта Джарым Аслъэн куэд къазэрыхуищIар, уеблэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ зэрахыхьауэ щытари ещIэж. Нобэми республикэ унафэщIхэм гулъытэншэ ящIыркъым къуажэдэсхэр, Имэр зэрыжиIэмкIэ, АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат щыблэжкIэ, зэзэмызэ къыдыхьэу зыщиплъыхь, дэсхэм къащыщIэупщIэ щыIэщ. Имэррэ Мэулидэрэ пщащитIрэ зы щIалэрэ яIэщ, пщащэхэр Тыркум щопсэу, щIалэр езыхэм ябгъэдэсщ. Мэулидэ и хадэм укъуэлIыкIынукъым, абы итщ бэдрэжан, шыбжий, къэб, нэгъуэщI хадэхэкIхэр. Езыхэр нэжэгужэу, фIы ягу илъу псэу унагъуэщ ГъутIэхэ. Я щIалэ закъуэм дяпэкIэ кърагъэшэну я мурадщи, щIэблэ узыншэ яIэу куэдрэ псэуну дахуохъуахъуэ.
Адыгэ Республикэр дунейм адыгэу тетым фIыуэ щIалъагъум, ар турист кIуапIэ щIэхъуам, ди къуэшхэм я гурыгъу-гурыщIэхэм, цIыху цIэрыIуэхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ ятеухуа тхыгъэхэр зэрыт «Адыгэ псалъэ» газетыр зэман гъунэгъум Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыщыдэкIынущ.