ЛэжьакIуэшхуэхэр ягъэлъапIэ

Дыгъуасэ КъБР-м и Музыкэ теат­рым Iэтауэ щекIуэкIащ Мэкъумэш IэнатIэмрэ промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэм теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэр. ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и аппаратым и инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щылажьэ Васильченкэ Дмитрий, КъБР-м мэкъумэш IэнатIэмрэ промышленностымкIэ и министрым и къулыкъур пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Сыжажэ Хьэсэн, губгъуэ­хэм, фермэхэм щылажьэхэр, мэкъу­мэш IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм­­рэ лэ­жьакIуэхэмрэ, щIэныгъэлI-аграрийхэр, промышленностым елэжь­хэр.
ЗэIущIэр къызэIуаха нэужь, къы­зэхуэса псоми къабгъэдэкIыу пшы­хьыр езыгъэкIуэкIа КIэхумахуэ ФатIимэрэ Сердюков Станиславрэ КIуэкIуэ Казбек ехъуэхъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ къулыкъур иджыри зэ къызэ­рыхуагъэфэщам папщIэ. 

КъэпсэлъапIэр хуит хуащIа нэ­ужь республикэм и УнафэщIым жиIащ:
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IэнатIэр нобэ еужьэрэкIыу зызыужь унэтIыныгъэщ. Иужьрей илъэситхум абы къыщалэжьыр процент 50-кIэ хэхъуащ. Нэгъабэ IэнатIэм продукцэу къыщрахьэ­лIа­щ сом мелард 90 и уасэ. Лъэ­ны­къуэ псомкIи хэхъуэ дызэриIэр нэрылъагъущ, уеблэмэ мы IэнатIэмкIэ ди республикэр Кавказ Ищхъэрэм щыпашэщ. 
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ иджыблагъэ мэкъумэшы­щIэхэм я ехъулIэныгъэхэм папщIэ ирата техникэхэр езыхэм я арэ­зыныгъэкIэ дзэ Iуэху хэхам щыIэ­хэм зэрыхуагъэкIуар, абы щхьэкIэ фIыщIэ ин яхуищIащ, псоми ди зэхуэдэ Iуэхум апхуэдэ гупыж ящIу хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIам щхьэ­кIэ. 
КIуэкIуэр щхьэхуэу къытеувыIащ мы махуэхэм Налшык щекIуэкI мэкъумэш форумым хэтхэм къыхалъхьэ проектыщIэхэмрэ жэрдэм­хэмрэ хуабжьу зэрыкупщIа­фIэр, къуажэхэм щылажьэ, щIым телэ­жьыхь щIалэгъуалэм ядэIэ­пыкъуну сыт щыгъуи зэрыхьэзы­рыр.
УнафэщIым и гуми и псэми къыбгъэдэкIыу жиIащ ди респуб­ликэм и щIыуэпсыр зэрыфIыр, и щIыгухэр зэрыкъулейр, ауэ лъапIэныгъэ нэхъыщхьэу диIэр ди цIыху лэжьакIуэшхуэхэр зэрыарар. 
Республикэм и Iэтащхьэм КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр, «КъБР-м и мэкъумэш IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр зыхуа­гъэфэщахэм я дамыгъэхэр утыкум щаритыжащ. 
КъБР-м и мэкъумэш IэнатIэм пэрыт псоми ехъуэхъуу, абы пэ­рыт­хэм я лэжьыгъэм и мыхьэнэр къыхагъэщу къэпсэлъащ къулыкъущIэхэр икIи IэнатIэм щыпэрытхэм щIыхь тхылъхэмрэ дамыгъэ лъапIэхэмрэ хуагъэфэщащ Ва­сильченкэ Дмитрийрэ Сыжажэ Хьэсэнрэ. 
Пшыхьыр ягъэдэхащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэхэу Бэчхэ Азэмэтрэ Ренатэрэ, Текуев Амур, Шэрджэс Асият, Абанокъуэ Рус­тамрэ Альмирэрэ, ДыщэкI Артур, Габуевэ Зухра, „Кабардинка“ къэ­рал академическэ ансамблыр, «Терские казаки», «Арабеск», «Насып» ансамблхэм, нэгъуэщIхэми. 

Дохъушокъуэ Синэ. Сурэтхэр Къэрей Элинэ трихащ.
Поделиться: