Урысейм и паспорт ират![]() 2024 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм Урысей МВД-м и къудамэу Тэрч районым щыIэм къыIэрыхьащ хамэ къэрал гъунэгъухэм я зым щыщ, илъэс 57-рэ зи ныбжь цIыхухъум и лъэIу тхылъ, Урысей Федерацэм и цIыхуу къалъытэным теухуауэ. Абы зэрыжиIамкIэ, УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм зэгурыIуэныгъэ ирищIылIауэ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтщ икIи ди къэралым и цIыху хъуну хуейщ. Дзэм хыхьам зигъэпсэхуну пIалъэ гуэркIэ къызэрыкIуэжар къагъэсэбэпри, Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм Iуэхур хузэфIахащ – цIыхухъур кърагъэблагъэри, иратащ урысей паспортыр. Урысей МВД-м и къудамэу Тэрч районым щыIэм и ОВМ-м и унафэщI, полицэм и майор Жеттевэ Зухра абы ехъуэхъуащ узыншагъэ быдэ, насып иIэну, и къулыкъур тэмэму ирихьэкIыну.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
15.12.2025 - 11:21 →
«Адыгэ» фIэщыгъэ зиIэхэр
15.12.2025 - 11:15 →
Куэдым хунэс зэгухьэныгъэ
12.12.2025 - 15:30 →
ЗэхъуэкIыныгъэр ягу ирихьащ
| ||





