«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я советым зэрадэлажьэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым
къищтащ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 20-м
1-нэ статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я советым зэрадэлажьэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №46-РЗ-уэ 2009 гъэм бадзэуэгъуэм и 29-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1.1-нэ статьям «Коммерцэу щымыт IуэхущIапIэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законымрэ тету хабзэхэмрэ пщалъэхэмрэ егъэув» псалъэхэр «(адэкIэ - Федеральнэ закон) зэрыщыIэну хабзэр егъэув» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
2.2-нэ статьям къару имыIэжу къэлъытэн.
3.3 –нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм:
1) 1-нэ пунктым «Социально-экономикэ зыужьыныгъэмкIэ республикэ, муниципальнэ зэхуаку программэхэр къищтэныр» псалъэхэр хэгъэкIын;
2) 2-нэ пунктым «республикэ, муниципальнэ зэхуаку программэхэмкIэ зэпеуэхэр къызэрагъэпэщынымкIэ икIи ахэр къыщыхахынымкIэ Iэмалхэр зэрагъэкIуныр» псалъэхэр «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэм стратегие зыужьыныгъэм хуэгъэзауэ къащтэ (арэзы зытехъуэ) дэфтэрхэм я проектхэр» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;
3) 3-нэ пунктым къару имыIэжу къэлъытэн;
4) 4-нэ пунктым «муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я советым къарита» псалъэхэр муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я советым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм къыхуигъэлъэгъуа» псалъэхэмкIэ, апхуэдэу «щIыпIэ самоуправленэмрэ муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм зегъэужьынымрэ» псалъэхэр «щIыпIэ самоуправленэм зегъэужьыныри» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;
5) 5-нэ пунктым къару имыIэжу къэлъытэн.
4. 4-нэ статьям:
1) 1-нэ Iыхьэм и етIуанэ абзацыр мыпхуэдэу тхын:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и лIыкIуэу муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэм и советым щыIэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хабзэкIэ егъэув (еубзыху) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал къулыкъухэр щызыIыгъхэм е Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэхэм къахехри».»;
2) 2-нэ Iыхьэм «щыщIэупщIэ» псалъэр «апхуэдэу щIэупщIэн папщIэ муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я советым иригъэкIуэкI нэгъуэщI Iуэхухэми хэту» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;
3) 3-нэ Iыхьэм и япэ псалъэухам «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым» псалъэхэр «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэмкIэ я советым» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын икIи щIыгъужын «апхуэдэу муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я советым иригъэкIуэкI нэгъуэщI Iуэхухэри» псалъэхэр.
5-нэ статьям
1) «зэреджэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентымрэ Правительствэмрэ» псалъэхэр «къэрал властым и органхэм» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;
2) 3-нэ Iыхьэм «къэрал властым» псалъэхэр хэгъэкIын;
3) 4-нэ Iыхьэм «советым и унафэщIыр» псалъэхэр «советым и управленэм и органым и унафэщIыр» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;
4) 6-нэ Iыхьэр мыпхуэдэу тхын:
«6. «Муниципальнэ къулыкъухэр зезыхьэ цIыхухэри яхэту муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я советым и управленэм и органхэм щыщхэр хуитщ щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэр зэфIагъэкIыным ехьэлIауэ щIыпIэ самоуправленэм и органхэм я полномочиехэм, апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законхэм япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ органхэм щIыпIэ самоуправленэм и органхэм ират къэрал полномочие щхьэхуэхэм тещIыхьа Iуэхухэм зи лэжьыгъэр хуэгъэза зэзыгъэуIу, щытепсэлъыхь, нэгъуэщI органхэми хыхьэну».
2-нэ статья
Мы Законым къару егъуэт официальнэу къытрадзэу махуипщI дэкIа иужь.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Налшык къалэ
2024 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м
№48-РЗ
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэиным щыщхэм (тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэм) я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 13-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым
къищтащ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 20-м
1-нэ статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэиным щыщхэм (тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэм) я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №39-РЗ-уэ 2003 гъэм мэлыжьыхьым и 10-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) и 13-нэ статьям и 6-1-нэ пунктым «къалэухуэ регламентым хуагъэувхэмрэ» псалъэхэр «мэзхэр къэгъэсэбэпыныр ягъэмэщIэнымрэ къалэухуэ регламентым хуагъэувхэмрэ» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын
2-нэ статья
Мы Законым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Налшык къалэ
2024 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м
№49-РЗ