Си адэшхуэм Сталинград ихъумащ![]() Дунейр къызэригъэщIрэ екIуэкIа зауэхэм я нэхъ лъыгъажэ ин дыдэхэм ящхьэщыкIыжащ 1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 17-м щыщIэдзауэ 1943 гъэм мазаем и 2-м пщIондэ Сталинград и деж щекIуэкIар. ЛъэныкъуитIми зэпэщIагъэуват сэлэтрэ офицеру мелуан зырызым щIигъу. Танкыу, топу, кхъухьлъатэу, нэгъуэщI техникэрэ Iэщэу кърашэлIам щIэи-гъуни яIэтэкъым. ЛIэн-къэнэну илъэсрэ ныкъуэкIэ щызэзэуащ ди сэлэтхэмрэ фашистхэмрэ Индыл (Волга) псым и Iуфэм. Абы кърикIуащ Европэ псор лъэгущIэт зыщIа нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыхэгъэщIэныгъэм и дыджагъыр зыхащIэныр икIи, хэкIуэдахэм къищынэмыщIауэ, цIыху мин 90-м щIигъу, я дзэзешэ фельдмаршал Паулюс я пашэу, гъэру яубыныр. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм къриубыдэу Германиер зэрыщыту япэу зыгъэщыгъуа Iуэхугъуэ иным псэемыблэжу хэтащ си адэшхуэ Жыласэ Хьэжджэрии. ЦIыху гъащIэ хуэдиз мэхъур бэлыхьрэ хьэзабу куэд дыдэ къытхуэзыхьа Хэку зауэшхуэр зэриухрэ. Дауи, жагъуэ зэрыхъущи, абы и мафIэ лыгъейм хэту ди щхьэхуитыныгъэр бий хьэщхьэрыIуэм щызыхъумахэу нобэ къытхэтыжыр зырызщ - дунейм ехыжахэм ахърэт нэхур Алыхьым къарит! Сэри зи гугъу фхуэсщIыну си адэшхуэ Жыласэ Хьэжджэрий зэрымыпсэужрэ илъэс 70-м нэблэгъащ, ауэ щIэх-щIэхыурэ, ди унэкъуэщхэм къищынэмыщIауэ, зыцIыхуу щыта къэхъундэс куэд фIыкIэ тепсэлъыхьу зэхыдохри гуапэ къытщохъур. Жыласэ Машэ и мэкъумэшыщIэ унагъуэм 1903 гъэм иралъхуа щIалэ цIыкIур куэд щIауэ зыпэплъэт. Абы Хьэжджэрий фIащащ икIи и жыджэрагъкIэ, акъылкIэ и ныбжьхэм къахэжаныкIыу къэхъуащ. Къэжэпхъын зэрыщIидзэу Iуэхур сытым дежи щыкуэд унагъуэм щIэгъэкъуэн хуэхъуащ. Псом хуэмыдэу ар хуэгумащIэт и анэкъилъху закъуэ Гуащэгъагъ. И щIалэгъуэр зыхиубыда революцэ нэужь лъэхъэнэ гугъум Хьэжджэрий Iэмал къритакъым еджапIэ щIэтIысхьэу щIэныгъэ зригъэгъуэтыну. Ауэ апхуэдизу абы и нэ къыхуикIырти езыр-езыруэ алыфбийр зригъэщIащ икIи тхэфу, еджэфу зригъэсащ. Хуабжьу дихьэхырт щэкIуэнми. А зэманым Къэхъуным ихъуреягъкIэ мэзхэр щыкуэдт икIи унагъуэр зыхуеину лыхэкIыр, щIагъуэ къэмынэу, абыхэм къыщищэкIурт. Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям Хьэжджэрий лIыкут, и ныбжьыр илъэс плIыщIым нэблэгъауэ. Унагъуэ хъуэпсэгъуэ зригъэпэщат, щIалитI къыщIэхъуэрт. ЗанщIу дзэм ираджакъым, и ныбжьымрэ бынитI зэриIэмрэ къалъытэри. АрщхьэкIэ, 1942 гъэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу фашист зэрыпхъуакIуэхэр Кавказым гъунэгъу дыдэ къыхуэхъуащ. Iэщэ зыIыгъыфыну псори фронтым ираджэу щIадзащ. …Гъатхэ пасэт. Махуэ псом щхьэкъэIэт имыIэу, цIыхубзхэм, сабийхэм, зи ныбжь хэкIуэтахэм фIэкIа тегъэщIапIэ имыIэу губгъуэм илэжьыхьа Хьэжджэрий пшапэр фIыуэ зэхэуауэщ унэм къыщекIуалIэжар. Ар тIэкIу едзэкъэну етIысэха къудейуэ арат, щIалэ гуэр куэбжэм къыщытеуIуам – фронтым кIуэн хуейуэ повесткэ къыхуахьауэ арат. - Дакъикъэ бжыгъэм хьэблэр къызэхуэсащ, - игу къигъэкIыжырт си адэ Щэлэуат. – Си ныбжьыр илъэситхут зэрыхъур, ауэ нобэми нэгум щIэтщ ар. Къызэхуэсахэм яхэтт зи бын, щхьэгъусэ, дэлъху зауэ губгъуэм итхэр икIи куэдым къащыхъурт мыгувэу ди адэр абыхэм яхуэзэну, я хъыбар яхуиIуэтэфыну. Жэщым кIасэу дыгъуэлъыжами, нэху кIапэ къищIа къудейуэ пщэдджыжьым дыкъызэщIэтэджащ. Ди анэ Лилэ и нэпситIыр къелъэлъэхыу гуэщымкIэ щIэст, зэрымыжеяр наIуэу плъагъуу. Ди адэм щIалитIыр дызэбгъэдишэри, быдэу дызырикъузылIащ икIи си къуэш нэхъыжь Жыраслъэн, зи ныбжьыр илъэс пщыкIущым итым, зыхуигъазэри жриIащ: «Унагъуэм цIыхухъу нэхъыжьу укъыдонэ. Уи шынэхъыщIэмрэ фи анэмрэ яхуэсакъ, сэ бийр зэтедукIэмэ, къэзгъэзэжынщ». Зауэм и гуащIэгъуэ дыдэти, Хьэжджэрий занщIу фронтым яшащ. Ар яхыхьащ Сталинград псэемыблэжу зыхъумахэм. Абы хуабжьу сэбэп къыхуэхъуащ щакIуэ Iэзэу зэрыщытар икIи зэман кIэщIым къриубыдэу отделенэм и командиру ягъэуващ. Мамыр гъащIэр къытезыкъута фашистыдзэм Жыласэ Хьэжджэрий щысхь имыщIэу хэщIыныгъэ яритырт. Абы и щыхьэтщ «И хэхуагъэм папщIэ», «Сталинград зэрихъумам папщIэ» медалхэр къызэрыхуагъэфэщар. Сталинград иужькIи Воронеж, Куйбышев, нэгъуэщI щIыпIэхэми щызэуащ си адэшхуэр. 1944 гъэм уIэгъэ хьэлъэ хъуащ ар. Дзэ госпиталым зыкъомрэ къыщеIэзэри, ныкъуэдыкъуагъ иIэу унэм къигъэзэжащ. Ауэ и Iэ ижьыр щIагъуэу къызэрыдэмыбзыжри, контузием иджыри зэриIыгъри къызыхыхьэжахэм къафIэIуэхущэтэкъым – гуфIэгъуэшхуэт, псэууэ къигъэзэжати. - А махуэр зэи сигу икIыжынкъым, - жиIэрт си адэм. – Ди адэр щыдэкIами хуэдэу пщIантIэ хуитым цIыхур зэуэ дэз хъуат. Хэти гуфIэрт, хэти гъырт. ГуфIэхэт, зауэм псэууэ къикIыжа си адэм щхьэкIэ. Гъыхэрт, хэкIуэда е хъыбарыншэ хъуа я Iыхлыхэр ягу илъти. Хьэжджэрий къэсыжри, зы махуи зрамыгъэгъэпсэхужу, лIыжьхэр къелъэIури, Къэхъун къуажэ Советым и тхьэмадэу ягъэуващ. Ар жэуаплыныгъэ ин зыпылъ дзыхьышхуэт. И уIэгъэхэм иджыри къамыутIыпщами, лэжьыгъэ IэнатIэм пэрыувэжащ. Зэман хэлъэмрэ гугъуехьымрэ ириудыха цIыхухэм я гукъыдэжыр къиIэтт, ахэр зэгуригъаIуэрт, адрейхэми хуэдэу жэщи, махуи губгъуэм итт, фронтым Iутхэр зыхуеину ерыскъыхэкIхэр къилэжьу. ПщIэрэ щIыхьрэ иIэу Хьэжджэрий а IэнатIэр ныкъусаныгъэншэу ирихьэкIащ зауэ, зауэ нэужь лъэхъэнэ нэхъ гугъу дыдэхэм (1945-1947 гъэхэм). Абы къыхэкIыу «Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм иIа гуащIэдэкI лэжьыгъэм папщIэ» медалыр къыхуагъэфэщащ. ИужькIи щIыпIэ колхозым и бжьэхэр игъэхъуу, хузэфIэкI жылэм дищIыхьыу, чэнджэщ хуэныкъуэхэр къыхуэкIуэрейуэ псэуащ. АрщхьэкIэ зауэм къыхиха фэбжьым куэд иригъэхьакъым – и ныбжьыр илъэс 55-ми нэмысауэ дунейм ехыжащ. И хъыбарыфI зэхэсхыжа фIэкIа си адэшхуэ Жыласэ Хьэжджэрий сэ зэи слъэгъуакъым – сыкъыщалъхуар ар дунейм ехыжри илъэсищ дэкIа иужькIэщ. Абы лъандэрэ куэд дэкIами, нэхъыжьыфIым и фэеплъ нэхур нобэми къытщхьэщытщ. Ар зэрыдмыгъэпудыным, хуэфащэу дунейм дызэрытетыным и щIэблэри дыхущокъу. Жыласэ Заурбэч, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и журналист.
Поделиться:
Читать также:
18.02.2025 - 15:00 →
Шэриймрэ Жыласэмрэ я медалхэр
18.02.2025 - 15:00 →
Процент 21-м щIигъукIэ нэхъыбэ
18.02.2025 - 14:00 →
Монголиер къахохьэ
17.02.2025 - 18:56 →
КъБР-м и щIыналъэхэм
17.02.2025 - 17:08 →
КъБР-м и щIыналъэхэм
|