КъыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым зегъэIэтыным, зыдэплъеин нэрылъагъу щапхъэхэр нэхъыбэ щIыным и IуэхукIэ Хэкум и хъумакIуэм и илъэсым къриубыдэу къэралым лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ. Абыхэм языхэзщ, псалъэм папщIэ, Хэку зауэшхуэм и тхыдэмрэ ТекIуэныгъэр къэзыхьахэмрэ ехьэлIа плIанэпэхэр еджапIэ къэс зы щапхъэм тету щызэгъэпэщын хуейуэ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къыхилъхьа жэрдэмыр.
Пэжщ, Хэку зауэшхуэм и тхыдэм гулъытэ хэха дапщэщи игъуэту, абы щыщ теплъэгъуэхэр щызэхуэхьэса плIанэпэхэр тхыдэмкIэ пэшхэм хэту совет лъэхъэнэми къэгъуэгурыкIуащ. Апхуэдэу щыт пэтми, ахэр езы егъэджакIуэм и лъагъукIэм, бгъэдэлъ есэныгъэхэм, и зэфIэкIым елъытауэ зыхуей хуагъазэу арат. Иджы къулыкъущIэхэм къыхалъхьа жэрдэмымкIэ а лэжьыгъэр унэтIа хъунущ, зы бгъэдыхьэкIэрэ зы щапхъэрэ иIэу, Хэку зауэшхуэм и кIуэцIкIэ къыщыхъуа Iуэхугъуэ нэхъ инхэм елъытауэ.
Iуэхугъуэр къыхэзылъхьа къулыкъущIапIэм и унафэщI, егъэджэныгъэмкIэ министр Кравцов Сергей Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщыдахрэ илъэс 80 зэрырикъум ирихьэлIэу зэхаша «Ди ТекIуэныгъэр» къызэгъэпэщакIуэ комитетым и пащхьэ щыжиIащ къэралым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэхэм я нэхъыбэм Хэку зауэшхуэм и зэманым лIыхъужьыцIэр зыхуагъэфэща зауэлIхэм я сурэтхэр зэрыщызэрахьэр, абыхэм еджапIэм и дыхьэпIэм, е абы и пэшышхуэм къыщыфIэдзауэ уазэрыщыхуэзэнур.
«Иджыпсту жэрдэм тщIыуэ къыхэтлъхьа Iуэхугъуэм куэд лъандэрэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэр иужь итщ. ЛIыхъужьыгъэ зэрахьэу Хэку зауэшхуэм хэта куэдым я цIэр щIыпIэхэм фIы дыдэу щащIэ, ахэр зэрагъэлъэпIэн, я фэеплъхэр зэрахъумэн Iэмалхэр зэрагъэкIуурэ илъэс Iэджэ лъандэрэ къекIуэкIащ. ЖыпIэ хъунукъым мы лэжьыгъэр зэрыщыту ди деж къыщежьауэ. АтIэми, еджапIэхэм нобэм къэс зэрахьа сурэтхэм я нэхъыбэр тIорысэ хъуащ, зауэ зэмылIэужьыгъуэхэм я екIуэкIыкIэр къэзыгъэлъагъуэ картэхэм тхыдэ щIэныгъэм къихута щапхъэщIэхэм егъэкIужын хуейуэ яхэтыр мащIэкъым е ахэр къыхыумылъагъукIыжыну текIыжащи, щIэрыщIэу зэгъэпэщыжын хуейщ. Уеблэмэ, зи гугъу сщIа нэрылъагъу Iэмэпсымэхэр зимыIэ еджапIэхэри щыIэщ. Абы къищынэмыщIауэ, къэралым ухуэныгъэщIэ куэд щокIуэкI: еджапIэщIэхэр ягъэув, пкъым фIэкIа къэмынэу, адрей псори щызэрахъуэкI IуэхущIапIэхэри мащIэкъым. КъищынэмыщIауэ, иджырей дизайным и Iэмалхэри къэдмыгъэсэбэпу хъунукъым. Апхуэдэ мурадхэр яхудиIэщ сабий гъэсапIэхэми колледжхэми», – жиIащ Кравцов Сергей.
Хэку зауэшхуэм хэта щIалэхэм я фэеплъыр хъумэным хуэунэтIа лэжьыгъэм унэтIыныгъэ зыбжанэ иIэщ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм и хьэтыркIэ, еджапIэхэм муралкIэ зэджэ гъуазджэм и Iэмалхэр къэгъэсэбэпауэ, фэеплъ плIанэпэхэр къыщызэIухыныр, зауэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэта щIалэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр блыным къыщыфIэдзэныр, еджапIэ кIуэцI куэдым дэт къуэшыкхъэхэм я теплъэхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр, нэгъуэщIхэри. «Хэкум и хъумакIуэм и илъэсым Iэмал къыдитащ куэд лъандэрэ дигу къеуэ Iуэхугъуэ зыбжанэ зэф1эдгъэк1ыну, къыхэтлъхьа пэхуэщIэ зэмылIэужьыгъуэхэми яхуэфащэ фащэр ящыттIэгъэну. ЛIыхъужьыгъэ зезыхьэу Хэкум и щыжакIуэу зи псэр зыта зыми и цIэр къидмыIуауэ къэдгъанэ хъунукъым мы илъэсым. Ар фэеплъ пхъэбгъукIэ дгъэлъапIэми, нэгъуэщI бгъэдыхьэкIэ хуэтщIми, дгъэзэщIэн хуейщ. Абы къищынэмыщIауэ, нэрылъагъу щапхъэхэм хэгъэхьэн хуейщ Хэку зауэшхуэм хэтахэм ехьэлIа дэфтэрхэр еджапIэ программэхэм хэухуэнэныр, ахэр ныбжьыщIэхэм къагъэсэбэпу егъэсэныр, а тхыгъэхэмрэ тхыдэ дерсхэмрэ зэщIэту егъэкIуэкIыныр егъэджакIуэм и лэжьэкIэм щыщ зы Iыхьэу хэлъхьэныр. Iэджэ гупсыси диIэщ, догугъэ мащIэ-мащIэурэ ахэр зэщIэну», – жиIащ Урысейпсо дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэм и гъэзэщIакIуэ-унафэщI Мартынюк Виталий – Зы лъэныкъуэкIэ, мамыр гъащIэр къытхуэзылъэща ди нэхъыжьыфIхэм дазэрыхуэарэзыр, я пщIэ зэрыдмыгъэкIуэдыр, фIыщIэ зэрыхуэтщIыр ди лэжьыгъэм къыщыхыдогъэщ, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ, къытщIэувэ щIэблэм лъабжьэфI зиIэ гъэсэныгъэ яхыдолъхьэ.
ТекIуэныгъэм и махуэр – Накъыгъэм и 9-р – къоблагъэ. ЖэрдэмщIакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, абы нэсыхукIэ курыт еджапIэхэм зыбжанэ лъандэрэ щрагъэкIуэкI «Нэхъыщхьэм теухуа псалъэмакъхэм» Хэку зауэшхуэм теухуа дерсхэр нэхъыбэу къыщыхалъхьэнущ, къыщрагъауэ уэзджынэхэм я пIэкIэ зауэ лъэхъэнэм яуса уэрэдхэр къагъэIунущ. Апхуэдэу «Фэеплъ тхылъ» зыфIаща Iуэхугъуэм ипкъ иткIэ, ныбжьыщIэхэм я адэшхуэхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм и хъыбарыр къыщыжаIэфынущ, щызэуа щIыпIэхэмрэ къыхуагъэфэща дамыгъэхэмрэ щагъэлъэгъуэфынущ. Апхуэдэу ахэр 2025 гъэм мэлыжьыхьым и 25-м екIуэкIыну «ТекIуэныгъэм и Iуэрытх» дунейпсо пэхуэщIэми хыхьэфынущ, тхыдэмкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэр здынэсыр къыщахутэфынущ.