Тхылъыр – тыгъэу!

Мазаем и 14-м дунейм щагъэлъапIэ Тхылъ тыгъэу тыным и махуэр. Абы ирихьэлIэу ди къэралым щрагъэкIуэкI цIыхухэм тхылъыр фIыуэ егъэлъагъуным теухуа зэIущIэхэр, пшыхьхэр, зэпеуэхэр. Махуэшхуэм и къалэн нэхъыщхьэр тхылъым и пщIэр къэIэтынырщ, абы и пIалъэр зэи зэримыкIым щыхьэт техъуэнырщ. «Тхылъ нэхъ лъапIэу щыIэкъым зы тыгъи» жыхуаIэ гупсысэм поджэщ мы махуэр.
Япэу Тхылъыр тыгъэу тыным и махуэр 2012 гъэм ягъэлъэпIащ. Апхуэдэ жэрдэмыр зигу къэкIар американ бзылъхугъэ, бынищым я анэ Бродмур Эми жыхуаIэрщ. Школ библиотекэм и лэжьакIуэти, абы игу къэкIащ сабий литературэр щызэхуэхьэса интернет сайт къызэIуихыну. И цIыхугъэхэм, интернетым и Iэмалхэм хуэIэкIуэлъакIуэхэм, блогерхэм запищIэри, илъэс къэс мазаем и 14-м Тхылъыр тыгъэу тыным и махуэ егъэкIуэкIыным теухуауэ и гупсысэхэр яжриIащ, Iуэхур ирагъэжьащ. 2023 гъэм Бродмур тхылъым теухуа и жэрдэмыр хуригъэкIуэтэкIыжащ сабийхэм я тхакIуэ Перри Эмми.
Урысейм Тхылъ тыгъэу тыным и махуэр Iэтауэ щагъэлъапIэ илъэс. Псом хуэмыдэу жыджэру я Iуэхум хэтщ библиотекэхэр. 2017 гъэм щегъэжьауэ Урысей къэрал сабий библиотекэм и жэрдэмкIэ йокIуэкI «Дарите книги с любовью» зыфIаща урысейпсо Iуэхур. Абы иращIэкI щIэныгъэ зэпеуэхэр, зэхьэзэхуэхэр, мастер-классхэр, пшыхьхэр, щIэнIуатэхэр. 2019 гъэм а Iуэхум хэтащ Урысейм и библиотекэу, курыт еджапIэу, тхылъщапIэу 2000-м нэс. Илъэсийм къриубыдэу Iуэхур зэдащтащ щIыналъэ 88-м. Абы и дэрэгъу хъуа «Деловые линии» компанием игуэшащ тхылъ тонни 130-м щIигъу. Урысейм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, Урысей тхылъ зэгухьэныгъэр, къэрал сабий библиотекэр, Щэнхабзэм, гъуазджэм, щIэныгъэм сабийхэр тхылъым дегъэхьэхынымкIэ «Растим читателя» зэгухьэныгъэр, тхылъ тедзапIэхэр зыхэт Iуэхугъуэхэр къэралым щокIуэкI а махуэм ирихьэлIэу. 
Тхылъым и пщIэр щаIэт махуэм гъунэгъу зэхуещI цIыхубэр, къэрал IуэхущIапIэхэр, библиотекэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр, тхылъщапIэхэр, щIэныгъэ клубхэр, курыт еджапIэхэр. ТхылъкIэ зэхуоупсэ, художественнэ тхыгъэхэм топсэлъыхь, тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр зэIэпах къэралым и цIыхухэм.

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: