Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мылъку зэлъэфIэлIэным щыпэщIэтыным теухуа лэжьыгъэр зэзыгъэуIу Комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №149-УГ-мкIэ къащтам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мылъку зэлъэфэлIэным щыпэщIэтыным теухуа лэжьыгъэр зэзыгъэуIу Комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мылъку зэлъэфэлIэным щыпэщIэтыным теухуа лэжьыгъэр зэзыгъэуIу комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №149-УГ-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Комиссэм мы къэкIуэнухэр хэгъэхьэн:
Васильченкэ Д. А.-Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэр (зэрызэгурыIуам тету)
 ГъукIэ А.А. – Федеральнэ налог IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ управленэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)
Крючков В. Г.- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал IуэхухэмкIэ министру щыIэр (зэрызэгурыIуам тету)
Тогузаев Т.М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къыщхьэщыжынымкIэ и министрыр
Тюбеев А.А.- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм мылъку зэлъэфэлIэным пэщIэтыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэр (комиссэм и секретарщ);
б) Комиссэм хэгъэкIын Асанов А. О., ГубэщIыкI А. Ю., Мэкъуауэ Т. Э., Нэгъуей А. А., Павлов В. П. сымэ.
2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Налшык къалэ
2025 гъэм мазаем и 10-м
№6-УГ

Поделиться: