Вындыжьым и насып щыгъэхэр

Ди лъэпкъэгъуу дунейм тет псоми зэ­дэдгъэлъапIэ Адыгэ тхыбзэм и махуэр зытещIыхьар ди анэдэлъхубзэр хъумэнырщ, абы зегъэу­жьы­нырщ, щIэблэхэм гъащIэ гъуэ­мылэу къахуэгъэ­нэнырщ. 

Адыгэ­бзэр и псэм щыщ налъэу, и гум и къуэпсу къэ­зылъытэу зи дунейр езыхьэкI ­хэкупсэхэм ящыщщ усакIуэ, уэрэдус цIэ­ры­-Iуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и адыгэ ре­дакцэм егъэ­джэ­ны­гъэмрэ щIэ­ныгъэмкIэ и къудамэм илъэс куэдкIэ щылэ­жьа Вындыжь Марие. 
Зи IуэхущIафэхэмкIэ дахэ, гуп­сысэхэмкIэ шэщIа адыгэ бзылъхугъэр макъамэмрэ усыгъэмрэ псэ­кIэ дапщэщи зыхэзыщIэ цIыхущ. Вындыжь Марие и къалэмыпэм къыпыкI усэхэр гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым ятеухуащ. Абыхэм къызэщIаубыдэ сабиигъуэ IэфIри щIалэгъуэ дахэри, анэ лъагъу­ныгъэри хэкупсэ гурыщIэхэри. Вындыжьым и усэхэм ящыщ куэ­дым ди композиторхэм макъамэ щIалъхьауэ уэрэджыIакIуэ цIэ­рыIуэхэм утыкушхуэхэм щагъэ­защIэ. УсакIуэм и сабий уэрэдхэр цIыкIухэм я гум, я псэм нэс, абы­хэм япэу жаIэ хъуахэщ. 
Сэрмакъ къуажэм щыпсэу адыгэ мэкъумэшыщIэ унагъуэш­хуэм, пщIэрэ нэмысрэ зэрылъым, къыщалъхуа пщащэ цIыкIур зэ­рыбыниблым - зэкъуэшищрэ зэ­шыпхъуиплIым - я курытти, езым зэрыжиIэжымкIэ, нэхъыжь ягъэпажэми нэхъыщIэ ягъафIэми ящыщакъым. Быныбэ унагъуэм я адэ-анэр хущIэкъуащ къащIэхъуэ цIыкIухэм я сабиигъуэр зэрыхуа­гъэIэфIыным, зэрыхуагъэ­дэхэ­ным, дэтхэнэми къалъысащ абы­хэм я гулъытэ, я псалъэ гуапэ. Нэхъыбэу и адэм кIэрыщIауэ щыт Марие ноби и гум илъщ абы зэригъэжеижу щыта уэрэдхэр, и тхьэ­Iумэм итщ таурыхъ, псысэ хьэ­лэмэтхэр, къебжэкIхэр, зауэ хъыбархэр къызэрыжриIэжу щыта и макъ щабэр. Абы щыгъуэщ, дауи, абы и гум къыщыщыушар иужькIэ къыкъуэкIа усакIуэ зэфIэкIыр. 
Школым щыщIэса илъэсхэри ­гукъинэщ Вындыжьым и дежкIэ. Псом нэхърэ нэхъыфIу илъагъу дерсхэм ящыщт адыгэбзэр, литературэр. Класс унафэщIу гупым яIа Лыджыдэ Хьэлимэт Темыржан и пхъум сабийхэм яригъэджыр урысыбзэрами, фIы дыдэу хи­щIыкIырт адыгэбзэми. Абы къызэ­ригъэпэща литературэ гупжьейм хэту, япэ усэхэр тхын щIидзащ икIи и япэ усэхэм ящыщыр гъатхэпэм и 8-м ирихьэлIэу Хьэлимэт хузэ­хилъхьауэ щытащ, «Си егъэджа­кIуэ» фIэщыгъэр иIэу. 
Курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиухри, Марие япэщIыкIэ пед­училищэм, итIанэ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие къудамэм щеджащ, адыгэбзэм, лъэпкъ усыгъэм я хабзэхэм, щэхухэм нэхъ ­куууэ щыгъуазэ зыхуищIу. Пщащэ зэчиифIэм абы щыгъуэ шэщIауэ къыдэлэжьа критик, щIэныгъэлI цIэрыIуэ Сокъур Мусэрбийщ ар япэу утыкушхуэм изышар. 1973 гъэм «МакъыщIэхэр» республикэпсо щIалэгъуалэ зэпеуэм хэту, Марие и усэхэм гулъытэ хэха къы­хуащIауэ щытащ къэпщы­такIуэ гупым хэтахэу Мысычэ Пётр, Тхьэгъэзит Зубер, ШэджыхьэщIэ Хьэ­мыщэ сымэ, усакIуэ ныбжьыщIэм и усэбзэм и зэхэлъыкIэр, абы ­къыщигъэсэбэп художественно-изобразительнэ Iэмалхэр, къы­зэщI­ригъэубыдэф гъунапкъэхэр яфIэхьэлэмэту. А псори гунэс зыщыхъуа усакIуэ цIэрыIуэхэм зэ­дэарэзыуэ зэпеуэм и япэ увыпIэр Вындыжь Марие хуагъэфэщауэ щытащ. УсакIуэ ныбжьыщIэр иужь­кIэ ди телевиденэм ирагъэб­лагъэри, нэтын щхьэхуэ щыхуа­щIауэ щытащ. 
Апхуэдэ щIыкIэкIэ пщащэр зытеува творческэ лъагъуэр иужь­кIэ абы къыхущIэкIащ Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэмкIэ гъэнщIа гъуэгуа­-нэ бгъуфIэу, кIыхьу. ЯпэщIыкIэ Марие сабий усэ цIыкIухэм нэхъ тригъэщIащ. Абыхэм макъамэ щIилъхьэрт Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм цIыкIухэм вокалымкIэ ядэлажьэу щыта Блашэ Владимир. Ахэр сабийхэми яфIэ­фIу ягъэзэщIащ. ИужькIэ а уэрэдхэр педколледжым и студентхэм ятхащ, лэжьапIэ здагъакIуэ школхэм я гъэсэнхэм ирагъэщIэну. Ап­хуэдэурэ Вындыжьым и сабий уэрэдхэр хэIущIыIу хъуащ. Куэд дэмыкIыу абыхэм къакIэлъыкIуащ лъагъуныгъэ лирикэр, хэкупсэ те­мэр, цIыху зэхущытыкIэхэр, щIы­уэпсым и теплъэхэр, нэгъуэщIхэри къызыхэщ усэ куэд. 
А лъэхъэнэм абы и творчествэр хуэдэт къэунэхуагъащIэ псынащхьэм: япэщIыкIэ зыкъомрэ къибыргъукIыу, псыр зэхуихьэсу, итIа­нэ лъагъуэ къигъуэтрэ ежэхын щIидзэу. Марие и усэхэм гу лъамытэу къэнакъым адыгэ компо­зитор цIэрыIуэхэу Къэбэрдокъуэ Борис, Даур Аслъэн, ЗэрамыщIэ Заретэ сымэ. Марие и усэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр ягъэзащIэу ­хуежьащ ди уэрэджыIакIуэ Iэзэхэу Сокъур Ольгэ, Нэхущ Чэрим, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Хъыжьрокъуэ СулътIан, Лийхэ Аслъэнрэ Иринэ­рэ, Хьэцей Тимур сымэ, нэгъуэщI­хэми. Ахэр куэд мэхъу икIи япэми хуэдэу, ноби цIыхухэм яфIэфIщ, гумрэ псэмрэ едэхащIэу, гурыщIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэ­щIа­Iэ­тэу. 
Вындыжьым и гъащIэм щызэ­хэухуэнащ усэ тхынри журналист лэжьыгъэри. Абы лъэпкъ радиом щигъэхьэзыру щыта нэтынхэр IэнатIэм и дыщэ фондым хыхьащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри купщIа­фIэщ, анэбзэр гурэ псэкIэ зыхащIэу щIэблэр гъэсэнымкIэ, щIэныгъэ тэмэм ягъуэтынымкIэ, егъэ­джэ­ныгъэм и мардэфIхэм дэнэ­кIи зыщаубгъунымкIэ IэмалыфIхэщ. ЗэфIиха лэжьыгъэхэм ящыщ дэтхэнэри Марие и дежкIэ насып щыгъэ налъэщ. Аращ абы и усэхэм ящыщ зым «Насып ткIуэпсхэр зэ­хуэсхьэсауэ, ГъащIэ зэIусщэм хы­зогъэбыдэ» щIыщыжиIэри. 
ЦIыхубз зэчиифIэр щыцIэры­Iуэщ ди къэралми, ди лъахэми, ар урысейпсо, республикэпсо уэрэд зэхыхьэхэм я лауреатщ. И лэ­жьыгъэфIым папщIэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я Iуэху­хэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ и министерствэхэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм я щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр къратащ, утыкушхуэхэм куэдрэ щаIэтащ, щагъэлъэпIащ. ФIыуэ илъагъу и анэдэлъхубзэм и махуэмкIэ до­хъуэхъу Марие. Узыншагъэ быдэ иIэу, и унагъуэм исхэр, нобэ хуэ­дэу, къепщIэпщIэкIыу, гукъы­дэж­рэ дэрэжэгъуэрэ щымыщIэу куэдрэ Алыхьым дунейм тригъэт. 

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться:

Читать также: