Нинэ ягъэгушхуащ Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ и къудамэм зыхуигъэзащ налшыкдэс ГъуэнжафIэ Нинэ. ТелефонкIэ щызэпсалъэм цIыхубзым жиIащ ар зэрыпенсионерыр, етIуанэ гупым хыхьэ ныкъуэдыкъуагъэ зэриIэр икIи езыр-езыру къызэримыкIухьыфыр. Ар щIэлъэIуащ къэрал Iуэхутхьэбзэр унэм щыIэрагъэхьэну.
ОВМ-м и лэжьакIуэхэр а махуэ дыдэм и пщыхьэщхьэм Нинэ Александр и пхъур щыпсэум кIуащ къэрал Iуэхутхьэбзэхэр унэм щыхузэфIахыну. ЦIыхубзым Iэрыхьащ Iэмал имыIэу зыхуей справкэр.
Полицейхэм ГъуэнжафIэ Нинэ жраIащ узыншагъэ быдэ, нэжэгужагъэ иIэну зэрагуапэр.
ЦIыхубзым КъБР-м щыIэ МВД-м и унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ зи ныбжь хэкIуэтахэм зэрызыщIагъакъуэм, къыдэIэпыкъуа лэжьакIуэхэм гулъытэ, гъэсэныгъэ зэрахэлъым папщIэ.
Поделиться:
Читать также:
06.03.2026 - 12:26 →
Нэхъыбэ къахуэщэху хъуащ
06.03.2026 - 12:02 →
А гъатхэ пщэдджыжьыр уает лъэпкъым и дежкIэ
05.03.2026 - 12:14 →
ЩхъуантIагъэр нэхъыбэ ящIынущ
05.03.2026 - 12:11 →
Пщащэ набдзэгубдзаплъэ
05.03.2026 - 12:08 →
Хамэ щIыпIэхэм нэIусырт и макъыр
| ||




