КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит. А районым щIыпIэ самоуправленэмкIэ и советым и унафэм ипкъ иткIэ, ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит иджыблагъэ хахащ Аруан щIыналъэм и пашэу.
ЛIыжьыкъуэм зэрыжиIамкIэ, администрацэм зэфIигъэкIын хуейуэ къыпэщылъ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм хохьэ ди къэралым гъунэгъу щIыналъэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам (СВО) хэту фронтым щыIэ я лъахэгъухэм ядэ-Iэпыкъуныр, абыхэм я унагъуэхэм защIэгъэкъуэныр, «Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо фондым щIыпIэм щиIэ къудамэм шэщIауэ дэлэжьэныр.
Абыхэм нэмыщI зэIущIэм щытепсэлъыхьащ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. Апхуэдэхэщ щIыналъэм мэкъумэш IэнатIэм адэкIи зыщегъэу-жьыным, гъатхасэр и чэзум икIи къызыхуэтыншэу егъэкIуэкIыным ехьэлIахэр. Къыхэгъэщыпхъэщ Аруан районым и хозяйствэхэм бжьыхьэсэ къэкIыгъэхэр щIыгъэпшэркIэ зэпэщ зэращIар. Гъатхэм мэкъумэш къэкIыгъэхэр щыхасэнущ гектар мини 10-м щIигъум.
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэбелджылыкIащ районым и экономикэм нэхъыфIу зиужьын папщIэ, абы хыхьэ щIыпIэхэм я мылъкум нэхъри хагъэхъуэн зэрыхуейр. Абы папщIэ нэхъ жыджэру ядэлэжьапхъэщ Iуэхум мылъку хэзылъхьэфыну хьэрычэтыщIэхэм. Гулъытэ хэха хуэщIын хуейщ лъэпкъ проектыщIэхэу Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ къыхалъхьахэм. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри хуолажьэ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным.
Республикэм и пашэм зи гугъу ищIа унэтIыныгъэхэм къызэщIаубыдэ Аруан щIыналъэм и псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм зезыгъэужьынухэр, ар адэкIи езыгъэфIэкIуэнухэр. ЛIыжьыкъуэм зэрыжиIамкIэ, дызэрыт илъэсым абы и лъэныкъуэкIэ зэлэжьынухэм ящыщщ Къэхъун къуажэм псы зэрыкIуэ бжьамиищIэхэр щыукъуэдииныр, Нарткъалэ, Псыгуэнсу жылэхэм я зыгъэпсэхупIэ, цIыху куэд зэкIуалIэ щIыпIэхэр зэгъэпэщыжыныр.
Дызэрыт илъэсым къриубыдэу и кIэм нагъэсынущ Шэрэдж Ищхъэрэ, Старэ Шэрэдж къуажэхэм я амбулаторэщIэхэм я ухуэныгъэр. Апхуэдэуи щIын яухынущ Нарткъалэ щаухуэ курыт еджапIэри. Районым и жылэ нэхъыщхьэ Нарткъалэ и уэрам нэхъ инхэми яужь щихьэнущ ухуэныгъэ-зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр. КъинэмыщIауэ, мы зэманым щIыналъэм зыщыхуагъэхьэзыр Старэ Шэрэдж къуажэм дащIыхьыну я мурад сабий гъэсапIэщIэм и ухуэныгъэр зэраублэнум, Нарткъалэ, Аруан жылэхэм дэт курыт еджапIэхэр зэрызэрагъэпэщыжынум.
КIуэкIуэ Казбек гуапэу ехъуэхъуащ къалэным пэрыувагъащIэ, мурадыщIэхэмрэ жэрдэмыщIэхэмрэ зи куэд, Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит. Районым ифI, и зэпэщыныгъэ къызыхэкIыну и пщэрылъхьэр ехъулIэныгъэкIэ зэфIихынуи зэригуапэр къыхигъэщащ.