Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ«ЩэкIуэнымрэ зэщакIуэ къулеигъэхэр хъумэнымрэ я IэнатIэм зэхущытыкIэхэр щызегъэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 2-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI: 1. «ЩэкIуэнымрэ зэщакIуэ къулеигъэхэр хъумэнымрэ я IэнатIэм зэхущытыкIэхэр щызегъэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 2-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн. 2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ тридзэн икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ. 3. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. Налшык къалэ 2025 гъэм гъатхэпэм и 26-м №124-П-П
«ЩэкIуэнымрэ зэщакIуэ къулеигъэхэр хъумэнымрэ я IэнатIэм зэхущытыкIэхэр щызегъэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 2-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2025 гъэм гъатхэпэм и 26-м 1-нэ статья «ЩэкIуэнымрэ зэщакIуэ къулеигъэхэр хъумэнымрэ я IэнатIэм зэхущытыкIэхэр щызегъэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №13-РЗ-уэ 2012 гъэм гъатхэпэм и 22-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) 2-нэ статьям 4-1-нэ пунктыр щIыгъужын, мыпхуэдэу тхауэ: «4-1) щэкIуэн лэжьыгъэм и нэхъ мащIэм хищIыкIын хуейуэ хуагъэувхэр зэрищIэр къэпщытэныр, апхуэдэу щакIуэ лэжьыгъэм и нэхъ мащIэм хищIыкIыну хуагъэувхэр зэрищIэр къызэрапщытам кърикIуахэр убзыхуныр;». 2-нэ статья Мы Законым къару егъуэт 2025 гъэм фокIадэм и 1-м щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Налшык къалэ 2025 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м №13-РЗ
Поделиться:
Читать также:
06.08.2026 - 11:06 →
ДыщIэгушхуэ хъунухэр ди куэдщ
05.08.2026 - 15:57 →
ЕгъэджакIуэхэр ягъэгушхуэ
05.08.2026 - 11:09 →
Об охоте и о сохранении охотничьих ресурсов и о внесении изменений в отдельные законодательные акты Российской Федерации
28.07.2026 - 16:53 →
Бжыгъэхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ
25.07.2026 - 16:00 →
Унэ гъэплъыгъуэр къоблагъэ
| ||




