Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэмкIэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №151-УГ-мкIэ къащтам, хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэмкIэ щыIэ советым, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэмкIэ щыIэ советым теухуа Положенэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 20I5 гъэм мэлыжьыхьым и I3-м къыдигъэкIа Указ №49-УГ-мкIэ арэзы зытехъуам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэмкIэ щыIэ советым хэтхэр къэщтэнымрэ ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №I5I-УГ-м ипкъ иткIэ къащтам, мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Советым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
ГъукIэ А. А. - Федеральнэ налог IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ управленэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ);
Николаев А. В. - «Зыуэ щыт энергетикэ IэнатIэм и системнэ оператор» - «Кавказ Ищхъэрэмрэ Ставрополь щIыналъэмрэ я энергетикэ IэнатIэхэм я щIыналъэ диспетчер управленэ» акционер зэгухьэныгъэм и къудамэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ);
Тхьэгъэлэдж А. А. - Инфрастуктурэм ехьэлIа проектхэм я Лъэпкъ зэгухьэныгъэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и лIыкIуэ къудамэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ);
б) Iэпщэ З. Б. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым Экономикэ политикэмкIэ, инновацэ зыужьыныгъэмкIэ, хьэрычэт IуэхумкIэ и комитетым и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)»;
 в) Дэш Хь. А. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: зи жэуаплыныгъэр зэхэгъэщхьэхукIа «Севкаврентген-Д» зэгухьэныгъэм и управляющэ директорыр»  (зэгурыIуауэ)»; 
г) Советым къыхэгъэкIыжын ГуэбэщIыкI А. Ю., ЛIуп А. С.
2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ   
  КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ
2025 гъэм мэлыжьыхьым и 2I-м
№45-УГ

 

Поделиться: