Налшык и махуэщУхуэныгъэ инхэр щокIуэкI Къалащхьэм игъуэт социально-экономикэ зыужьыныгъэр иужьрей лъэхъэнэм нэрылъагъущ. Промышленностым, ухуэныгъэм, сату, транспорт IэнатIэхэм къыщалэжь мылъкум хэпщIыкIыу хэхъуащ. Хуабжьу заубгъуащ сотовэ связым и IэнатIэхэм, цIыхухэм я гъащIэр нэхъ тынш ящIу. Къалэм хьэрычэт Iуэхум лъабжьэ быдэ зэрыщигъуэтар нэрылъагъущ. Мы зэманым Налшык щолажьэ хьэрычэтыщIэ IуэхущIапIэ минхэр. Экономикэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщI а IэнатIэм и фIыгъэ куэд хэлъщ къалащхьэм зэрызиужьым, зэрызиузэщIым. КъинэмыщIауэ, социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэ инхэр щызэфIах Налшык. Абыхэм ящыщщ школыщIэхэр, гъэсапIэщIэхэр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэнатIэщIэхэр, транспорт линиещIэхэр, дин IуэхущIапIэхэр, нэгъуэщIхэри. Къалэм щаухуэ Театрхэм я Уардэунэ. Экономикэр къэзыIэт, гъащIэр езыгъэфIакIуэ лэжьыгъэшхуэ жэщ-махуэ ямыIэу щызэфIах, цIыху минхэр щызекIуэ республикэ къалащхьэр пщыхьэщхьэм ягъэбжьыфIэу къекIуэкIащ абы и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щIалэгъуалэм щаублэу щыта адыгэ джэгухэм. Лъэр щIэзыгъэкI макъамэхэм щIалэгъуалэм я гъусэу къадэфэрт Налшык и утыку нэхъыщхьэм щаухуа псыутх дахащэр. Абыхэм яхуокIуэпс къалэ уэрамхэр щхъуэкIэплъыкIэу зыгъэнэху уэздыгъэ зэмыфэгъухэри. СВО-р зэраублэ лъандэрэ апхуэдэ нэгузегъэужь пшыхьхэр кIащхъэ хъуащ. АтIэми, къалащхьэр фIыуэ зылъагъу, абы и ехъулIэныгъэмрэ зэIузэпэщыныгъэмрэ хуэлажьэ цIыхухэм Налшык и нобэрей тхыдэр къагъэщI, абы и къэкIуэну дахэр ябзыху. Къалэм и тхыдэм щыщ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр 1724 гъэ – жылэр щытIыса илъэсу, Налшык и тхыдэм пэщIэдзэ хуэхъуауэ къалъытэ. 1807 гъэ - Къэбэрдейм и административно-политикэ центрщ. 1970 - 2000 гъэхэр –къалащхьэм и гъунапкъэхэм хагъэхъуащ, Кэнжэ, Белая Речкэ, Хьэсэней, Вольнэ Аул, Iэдииху жылэхэр хагъэхьэри. 2010 гъэ - УФ-м и Президентым и УнафэкIэ Налшык къыфIащащ «Зауэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр. 2017 гъэм «Урысейм и къалэ» федеральнэ проектым ипкъ иткIэ екIуэкIа къэралпсо хэхыныгъэхэм Налшык къыщалъытащ ущыпсэуну нэхъ тынш жылэ нэхъыфIхэм.
Усэхэр Къандур Мухьэдин СИ КЪАЛЭ, СИ НАЛШЫК Налшык къалащхьэ, къалэ дыщэ, Псэр зыгъэгуфIэ, Iыхьэлей, Сэ пхужысIэнут хъуэхъу куэдыщэ, Ухъуащ уэ щIасэ, псом я лей. Уи гуапэр, гуфIэр, къалэ хахуэ, Си нэгум хуиту къыщIэпсэху, КъысфIощI мычэму Iуащхьэмахуэ БлэкIар и бзийхэм къагъэнэху. БлэкIар си лъэпкъым хъуащ хуэмыгъуэ: Тепхъащ хэкуэгъухэр дуней псом. ЩIобэг си лъэпкъыр гурыфIыгъуэ - Ар сфIэфIт хамэщIым щымыпсэум. Си къалэ дахэ, къалэ махуэ Нэр гуфIэ нэпсхэм холыдыкI. ХузощIыр щхьэщэ Iуащхьэмахуэ, Уи IэплIэ гуапэр гум пымыкI. Уи бын, уи тIасэр зэрыцIыкIурэ Уи напэлъагъум ныщIохъуэпс… ХуэлIащ уи быныр куэдрэ, куэдрэ Адыгэ уафэм и дыгъэпс. Пащтыхь бжьы хьэлъэм и нэпкъыжьэр, Фашист дзэ фIыцIэм и лъэужь… ГуIэгъуэт уэркIэ блэкIа жыжьэр, БлэкIам слъагъужкъым и Iэужь. Къапех мэ гуакIуэ уи гъэгъахэм. Уи куэдщ уэ ноби нарт лIыхъужь… Къыщопщэ гуапэу уи уэрамхэм ГугъапIэ дахэм и акъужь. Сэ сфIэфIт лъэпкъ уардэр зы дыхъужмэ, Мыр тафэ бейхэм къызаIуэкI: «ХамэщI щыпсэухэм къагъэзэжмэ, Насыпу щыIэм ар йофIэкI». Мис а макъамэр жэщи махуи Ди псыжь толъкъунхэм къыдапэс. Ар щыгъупщакъым Iуащхьэмахуи: И бынхэм поплъэ - гущIэр мэс. Налшык къалащхьэ, къалэ гуапэ, Черкесск къуэшыгъэр къыбдегуэш. Уи псалъэ щхьэпэ хуейщ Мейкъуапэ, Ар куэдрэ, куэдрэ къыпхуозэш. Тэрчыжьи, Балъкъи, Бахъсэныжьи Сэ зэхызохыр я даущ, А псори зэуэ зэщIэжьыуэ ИщIыну сожьэ псалъэ Iущ. ХамэщI щыпсэуми, си лъэпкъ дыщэм ЩыкIуэд къэхъуакъым и нэмыс, И лIыгъэр, щIыхьыр къэралищэм Къэхъуауэ сщIэркъым щынэмыс… БлэкIам си гущIэр ирелыгъуэ, БлэкIар гъэ кIуахэм щIрелъхьэж. Сыхуейщ сэ нобэ къэралыгъуэ, Ар хъунщ лъэпкъ дыгъэ къуэмыхьэж. Налшык къалащхьэ, къалэ махуэ, КъысфIощI бгырысхэм къагъэзэж. Тэджауэ маплъэ Iуащхьэмахуэ… О, ди Тхьэу Тхьэшхуэ, ар гъэпэж. ГурыщIэ IэфIхэр бгъэм щоушэ, Сэ зэхызохыр шы лъэ макъ… ЩIрет си лъэпкъыр куэдрэ, куэдрэ Ди къэралыгъуэм и бэракъ.
ЩоджэнцIыкIу Алий НАЛШЫК Мывэшхуэр и лъэгущи, ЗеIуантIэр утхэжу, БгъуэщIитIым и жыгхэр Тожьауэр абджыфэм. Уэсыбгым и псынэм Салъкъыныр къыпхехур, Пшэху цIыкIухэр уи дежым IэфIыпсу щопсэхур. Гъэмахуэщ, ткIуэпс щIыIэр Теутхэ а цIыкIухэм, Дожейхэр а цIыкIухэр Уи бзухэм я усэм. Къуэшыхьыр уи кхъуафэщ, IуфитIыр пщIащэбэщ, Уи щIыфэм и теплъэр Сабынуэ тхъурымбэщ. Сыт кIытэу уэ пхэлъыр, - Псы быбхэр къыщIопщIыр, ХьэщIэбэу бгъэджэгухэм Сыт фадэу хафыкIыр? КъызжыIэт уи щэхур, Си тIасэу псэ гуапэ, Уэ пхэлъыр зищIысыр – Удыгъэу, нэфIэщIу. Уэ пхуэдэ псы хьэхукъэ Зи ныбэм уикIыжыр, Мыл жауэ зи ткIуэпскIэ Псы нэхур узыщIыр? Уи бгъуэщIым щыхохъуэр Си хэкум и гупсэр, Насыпыр абыхэм ЯщIыгъуу щIоIэтэр. Епэрыр уи мэзхэм Акъужьым къыхехыр, ХьэщIакIуэ пхуэкIуахэм Бзум усэр пхуагъэпсыр. ПIалъэншэу жеиныр КъыщыскIэ си дежым, СхуегъэщIыт сэ си пIэр Уи бгъуэщIым и нэпкъым.
Уэрэд Псалъэхэр Щоджэн Леонид Макъамэр Къэбэрдокъуэ Борис яйщ. ХЪУЭПСЭГЪУЭ КЪАЛЭ Ди къалэу ди гум щыдгъафIэу ФIыгъуэшхуэу Тхьэм къыдита, Вагъуэ нурыбэу тхуэгуфIэу ЕфIакIуэу зызыIэта. Ежьу: Уой-рэ, ди Налшык къалэ Уой-рэ, ди Хэкужь къалэ, Уой-рэ, хъуэпсэгъуэ къалэ, Ди къалэ уардэ, уей. ЩIэблэщIэр фIым щыхуагъасэу ЩIэныгъэм и пщIэр щаIэт, Зы лIым и бынхэу зэгъусэу Зи лъэпкъхэр быдэу зэкъуэт. Ежьу. Уи тхыдэр жыжьэм къыщожьэ, Гъэ гугъухэм ар къапхыкIащ, ЦIыху куэди плъакIуэ къытхуокIуэ, Ди къалэр я гум къэкIащ. Ежьу. ХьэщIэу къэкIуахэр зэхъуапсэ Псей къащхъуэ дахэр щагъэкI. Мэзкуу уи псейхэр щыхасэ, Ар зэкъуэшыгъэм хуагъэкI. Ежьу: Уой-рэ, ди Налшык къалэ Уой-рэ, ди Хэкужь къалэ, Уой-рэ, хъуэпсэгъуэ къалэ, Ди къалэ уардэ, уей.
Лъэпкъхэр ФIыгъуэ нэхъыщхьэ Ди республикэм и къалащхьэр езым хуэдэ щыхьэр куэдым къахэзыгъэщхьэхукIхэм ящыщщ ар лъэпкъхэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу щыпсэу щIыпIэу зэрыщытыр. ЛIэщIыгъуэ куэд лъандэрэ абы ис адыгэхэм къыддекIуэкI бгырыс хабзэ дахэхэм: хьэщIэ егъэблэгъэкIэм, нэхъыжь-нэхъыщIэ зэхущытыкIэм, бзылъхугъэмрэ сабиймрэ яIэ пщIэ хэхам, зышыIэныгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ - щапхъэ яхуэхъуащ нэхъ иужьыIуэкIэ Налшык псэупIэ зыхуэхъуа адрей лъэпкъхэм. Нобэрей къалащхьэр зэрыгушхуэ фIыгъуэ нэхъыщхьэщ абы и цIыхухэр – фIыуэ ялъагъу я хэку цIыкIум и зыужьыныгъэм хуэлажьэхэр. Лъэпкъи 100-м щIигъум къахэкIа цIыхухэр щопсэу мы зэманым Налшык. Къалащхьэм щолажьэ лъэпкъ щэнхабзэ центр 11. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, къущхьэхэм, къэзакъхэм, урысхэм, алыджхэм, журтхэм, корейхэм, ермэлыхэм, нэмыцэхэм, нэгъуэщIхэми я лъэпкъ щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри хуолажьэ республикэм, къалащхьэм щыпсэу лъэпкъхэм, зи хабзэрэ динкIэ зэщхьэщыкIхэм, яку зэгурыIуэныгъэрэ зэхэщIыкIрэ дэлъыным. Щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэм нэхъри ягъэбыдэ лъэпкъхэм яку дэлъ мамыр зэхущытыкIэр, зым адрейм хуиIэ шыIэныгъэр, пщIэр. Къалэм и унафэщIхэр хущIокъу ди щIыпIэм щыпсэу дэтхэнэ цIыхуми, ар зыщыщ лъэпкъымрэ зэрихьэ динымрэ емылъытауэ, и лъэпкъ щэнхабзэр, тхыдэр, анэдэлъхубзэр хъума зэрыхъуным. ЛIэщIыгъуэкIэрэ лъэпкъхэм къадекIуэкIа а фIыгъуэхэмрэ гъащIэм игъуэта иджырей зыужьыныгъэмрэ екIуу зэхэухуэна хъуащ икIи Налшык и ехъулIэныгъэм я зэфIэкI ирахьэлIэ. ТАМБИЙ Дисэ.
Поделиться:
Читать также:
06.03.2026 - 12:26 →
Нэхъыбэ къахуэщэху хъуащ
06.03.2026 - 12:02 →
А гъатхэ пщэдджыжьыр уает лъэпкъым и дежкIэ
05.03.2026 - 12:14 →
ЩхъуантIагъэр нэхъыбэ ящIынущ
05.03.2026 - 12:11 →
Пщащэ набдзэгубдзаплъэ
05.03.2026 - 12:08 →
Хамэ щIыпIэхэм нэIусырт и макъыр
| ||




