Иужьрей зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым археологхэм щрагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэр нэхъыбэ хъуащ. Ари гурыIуэгъуэщ – щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, цIыху хужьыр къыщыунэхуар Кавказырщ. Мис абы щыхьэт техъуэ гуэрщ археологхэм къалъыхъуэри.
2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкIа археологие къэхутэныгъэхэм я фIыгъэкIэ щIэныгъэлIхэм къащIащ Кавказ Ищхъэрэм неолит лъэхъэнэр (цIыхур зэрылажьэ Iэщэ ищIын щыщIидзар) къыщыщыунэхуар. Археологхэм ди республикэм къыщагъуэтащ а лъэхъэнэ жыжьэм и фэеплъ мини 5, зи ныбжьыр илъэс мини 8-м щIигъухэр.
- Кавказ-Ищхъэрэ палеолит зекIуэм хэтахэм къатIэщIащ КъБР-м и Iуащхьэмахуэ щIыналъэм хиубыдэ щIыпIэ зыбжанэ. Псалъэм папщIэ, алебастр заводым и Iэхэлъахэм къыщыщIаха фэеплъхэм я фIыгъэкIэ наIуэ хъуащ щIэныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ – Кавказ Ищхъэрэм неолитыр къыщыщыунэхуар, - жиIащ къэхутэныгъэхэм унафэщIу яхэта, Санкт-Петербург щыIэ «Лаборатория доистории» зэгухьэныгъэм и щIэныгъэлI нэхъыщхьэ Головановэ Любовь.
Неолит лъэхъэнэр тхыдэмкIэ мыхьэнэ нэхъ ин дыдэ зиIэхэм ящыщщ. Сыту жыпIэмэ, абы щыгъуэщ цIыхум Iэщэ ищIын, щIым елэжьын, жылагъуэхэр иухуэн щыщIидзар. Нобэрей махуэкIэ неолитыр япэ дыдэу къыщыщыунэхуар КъуэкIыпIэ Гъунэгъур арауэ къалъытащ. Иджы абы и Iэужьыр Европэмрэ Азиемрэ зэпызыщIэ лъэмыжу Кавказ къуршми къыщагъуэтащ.
- Ди къэхутэныгъэхэм илъэс мини 8,2-рэ я ныбжьщ. Абы укъипсэлъыкIмэ, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэуа пасэрей цIыхухэм ящыщу Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щыпсэуахэращ япэ дыдэу зызыужьын, къалэхэр яухуэн, Iэщэ щIын щIэзыдзар. Апхуэдэ фэеплъхэр Кавказым и нэгъуэщI щIыналъэ къыщыщIахакъым нэхъапэIуэкIэ, - жеIэ щIэныгъэлIым.
А фэеплъхэр къыщыщIахыжар Бахъсэныпсым и сэмэгу Iуфэу, Бедык къуажэм и Iэхэлъахэм ит террасэрщ. А щIыпIэр 1955 гъэм къатIэщIын щIадзат, ауэ метр зэбгъузэнатIэу 60 фIэкIа щIамыщыкIауэ, лэжьыгъэхэр щагъэтыжауэ щытащ. 2022 гъэм Урысей щIэныгъэ фондым и жэрдэмкIэ къыхалъхьащ КъБР-м археологие къэхутэныгъэхэм щыпащэжыну. 2023 гъэм яублэ лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ дунейм къытехьэжащ эпипалеолит, неолит, энеолит, жэз лъэхъэнэхэм, курыт лIэщIыгъуэм я фэеплъ мин бжыгъэхэр.
А щIыпIэм километр 20-кIэ пэжыжьэу, Зеикъуэ щIыналъэм къыщыщIахащ мывэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм яхэтщ абдж фIыцIэм ещхьу обсидиан жыхуаIэр, Зеикъуэ и закъуэ мыхъумэ, Кавказ Ищхъэрэм и нэгъуэщI щIыпIэ щамылъэгъуар.
ГъэщIэгъуэн гуэр хэлъщ КъБР-м къыщыщIаха фэеплъхэм: кхъуэщын къутахуэхэм дамыгъэ зэхуэмыдэхэр тедзащ, гъэщIэрэщIащ, Тэнрэ Индылрэ я Iэхэлъахэм къыщыщIахам ещхьщ. КъищынэмыщIауэ, къуршым и къуэкIыпIэ щIыналъэм хуэлъэ хы моллюскхэр (зэрызэрагъэщIэращIэу щыта хьэпшыпхэр) мыбдеж къызэрысам тепщIыхьмэ, Кавказ Ищхъэрэм икIыхьагъкIэ щыпсэуа цIыхухэр щIыуэпс насыпыншагъэ гуэрым Iуащхьэмахуэ лъапэ деж щызэхуихусауэ щытагъэнущ.
ЩIэныгъэлIхэм къапэщылъщ а фэеплъ псори яджыну, къищынэмыщIауэ, Кавказ Ищхъэрэм Iэщ зехуэн щыщIадза лъэхъэнэр къахутэну.
Абы и закъуэкъым. Неандерталец (палеонтроп) жыхуаIэ цIыху лъэпкъыгъуэр илъэс мин 600 ипэкIэ Европэм щыпсэуащ икIи илъэс мин 40-кIэ узэIэбэкIыжмэ икIуэдыкIыжауэ е нэгъуэщI лъэпкъым хэшыпсыхьыжауэ хуагъэфащэ. Абыхэм я хьэдэ къупщхьэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ ди щIыналъэм зэи зыри щрихьэлIатэкъым нобэр къыздэсым, ауэ Зэикъуэ къуажэ щыIэ бгъуэнщIагъхэм ящыщ зым иджыблагъэ къыщагъуэтащ неандерталецым и къупщхьэ…
Палеонтропым и къупщхьэ япэ дыдэ Бельгием къыщагъуэтащ 1829 гъэм. Дарвин Чарлз и щIэныгъэ Iуэху еплъыкIэр и лъабжьэу, 1871 гъэм щыщIэдзауэ неандерталецыр номинымрэ иджырей цIыхумрэ я зэхуаку дэта цIыху лIэужьыгъуэу къахутащ. Ахэр лъагэу пхужыIэнутэкъым – сантиметри 165 хъууэ арат, езыхэр Iэчлъэчт, къупщхьэшхуэт (ауэ балигъыпIэ щиувам деж шэ емызэгъыу зэрыхъум къыхэкIкIэ, къупщхьэ уз яIэт), щхьэшхуэт, натIэ лъахъшэт, нэпкъыщхьэ Iувт, и щхьэ хьэлъэм иришэх нэхъей, дамагуэт, Iэ кIыхьт, пщэ кIэщIт, цыплът, фэ хужьт. Абыхэм я бынхэр «ин хъууэ цIыкIу хъужам» хуэдэу къэзылъхуахэм ещхьт икIи илъэси 8-10-хэм ирихьэлIэу балигъыпIэ иувэрт, илъэс 22-23 нэхъыби псэуртэкъым. ИрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, неандерталецхэм лы, мэракIуэ, дэ, пхъэщхьэмыщхьэ куэду яшхырт.
Италием къыщагъуэтауэ щыта хьэдэ къупщхьэмкIэ неандерталецым и ДНК-р яджат. Абыхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, къухьэпIэмкIи къуэкIыпIэмкIи щыпсэуа палеонтропхэм я ДНК-м зихъуэжын, махэ хъун щыщIидзар илъэс мини 150-кIэ узэIэбэкIыжмэщ. КIуэдыжыпIэ яхуэхъупари илъэс мин 40 ипэкIэ Африкэм икIыу ЕвропэмкIэ Iэпхъуа нэгъуэщI цIыху лъэпкъым (кроманьон лъэпкъ, иджырей цIыхум зыкIи къыщхьэщымыкIым) зэрыхэшыпсыхьаращ. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, неандерталец цIыхухъумрэ кроманьон цIыхубзымрэ я зэхуакум хъыджэбз цIыкIу мыхъумэ, щIалэ къыдэхъуэртэкъым, бзылъхугъэм и Iэпкълъэпкъым неандерталецым и Y хромосомэр (цIыхухъу хромосомэ) изагъэртэкъыми. Неандерталецым и лъэпкъыр къыпызыщэн къызэрамылъхужым хуэм-хуэмурэ дэкIуэдыжащ. Абы щхьэкIэ къэмынэу, нобэрей европей цIыхум и лъым хэтщ пасэрей цIыху лIэужьыгъуэм и ДНК-м щыщ проценти 4-м нэс, дызытепсэлъыхьа цIыху лъэпкъитIым я зэхуаку къыдэхъуэу щыта бзылъхугъэхэм я лъым хэту къалъэIэсауэ. Африкэм щыпсэухэм я лъыр текIуащ – неандерталецым и ДНК-м щыщу процент 0,3-рэ яхэлъу аращ. Абы и «фIыгъэщ» Европэм щыпсэухэм я иммунитетыр зэрымахэр, зэрынэщхъейрилэр, щIыфэ, къупщхьэ узхэр, депрессиер зэрахуэлъэр, цIыхур наркотикым псынщIэу зэресэр, нэгъуэщIхэри. Къыхэгъэщыпхъэщ неандерталецхэм зэи аутизм, Альцгеймерым и уз, шизофрение, Дауным и синдромыр къызэфыкI зэрахэмытар.
Неандерталецхэр Кавказым зэрыщыпсэуам и щыхьэту, Краснодар крайм мызэ-мытIэу къыщагъуэтащ абыхэм я къупщхьэ. Кремний (щтауч) зыщIэлъ щIыпIэм и лъыхъуакIуэ къежьа урысей щIэныгъэрылажьэ Дороничевэ Екатеринэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрымыщIэкIэ къыщигъуэтащ палеонтропым и лъэужь. Зэикъуэдэс ШыкIэбахъуэ МуIэед лэжьыгъэ IуэхукIэ ди щIыпIэм къеблэгъа цIыхубзым иригъэлъэгъуащ уэшхым хиубыда щакIуэхэм зыщагъэпщкIуу щыта бгъуэнщIагъыр. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар къызэрыгуэкI епсыхыпIэтэкъым, атIэ пасэрей неандерталецхэм я хэщIапIэт. Иджы а щIыпIэм щолажьэ Санкт-Петербург къикIа щIэныгъэлI 15: геозоологхэр, вулканологхэр, палеонтологхэр, генетикхэр. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, мы бгъуэнщIагъым неандерталецхэр щыпсэурт, Iэщэ щагъэхьэзырт. БгъуэнщIагъым метр зэбгъузэнатIэ 300 и инагъщ, ауэ абы щыщу къатIар метр зэбгъузэнатIи 7-ращ.
Мы къэхутэныгъэхэм я фIыгъэкIэ къахуэхутэнущ, илъэс мин 50-кIэ узэIэбэкIыжмэ, ди щIыпIэхэм къыщыкIыу щыта къэкIыгъэхэр, щыпсэуа псэущхьэхэр, дунейм и щытыкIар.