Субсидиеу иратыжДызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и унагъуэ 1840-м псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм щхьэкIэ ята ахъшэр субсидиеу иратыжащ. А Iуэхугъуэхэм щхьэкIэ щIыналъэ бюджетым сом мелуан 33-рэ къыхэкIащ. Субсидиер зыхуагъэув хабзэр ЖКХ-м и Iуэхутхьэбзэхэм унагъуэхэм щIатым и куэдагъыр щIыналъэм щыщыIэ мардэм щыщIигъум дежщ. Къыхэдгъэщынщи, республикэм ЖКХ-м и Iуэхутхьэбзэхэм щIатын хуей ахъшэм и куэдагъым и мардэу ягъэувар пенсэм щысхэм я хэхъуэм и процент 12-м щIимыгъурщ, мыдрейхэм псоми – процент 15-щ.
Поделиться:
Читать также:
16.12.2025 - 16:30 →
Ди Пщызэбий
16.12.2025 - 16:15 →
И зэран къомыкIмэ…
16.12.2025 - 13:02 →
ЩIыналъэхэр ягъэдахэ
16.12.2025 - 09:00 →
Iуащхьэмахуэ лъапэ зрагъэужь
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
| ||




