КъБР-м щынэхъ пудщУрысей Федерацэм и щIыналъэхэм щаухуэ псэупIэхэм зы метр зэбгъузэнатIэм ику иту и уасэм и пудагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр пэрытхэм яхэтщ. ЖыпIэнурамэ, ДОМ.РФ-м и аналитикхэм къызэрапщытамкIэ, ди республикэм щаухуэ псэупIэхэм зы метр зэбгъузэнатIэм ику иту щыхуэзэр сом мин 28,8-рэщ икIи абыкIэ къэралым япэ увыпIэр щиIыгъщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыкIэлъокIуэ Дагъыстэнымрэ Ульяновск областымрэ. Псалъэм папщIэ, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм къыщекIуэкI уасэхэр зэпэтлъыту щытмэ, Дагъыстэнымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ зы метр зэбгъузэнатIэм ику иту сом мин 37,9-рэ и щиуасэщ, Шэшэн республикэм сом мин 65,5-рэ. УФ-м и къалэ нэхъ инхэр къэдгъэлъагъуэмэ, Мэзкуу зы метр зэбгъузэнатIэм ику иту сом мини 159,4-рэ къыщыбжаIэнущ, Санкт-Петербург сом мини 112,6-рэ. Ди республикэм псэупIэщIэхэм зы метр зэбгъузэнатIэм щхьэкIэ ику иту сом мин 28,8-рэ щиуасэщ, атIэ, мыдрей унэ ящэу хъуам ар къызэрыщхьэщыкIыр ику иту соми 100 къудейкIэщ.
Поделиться:
Читать также:
17.08.2026 - 15:06 →
Щыуэпсымрэ цIыхумрэ
17.08.2026 - 13:00 →
Уадыгэу упсэуныр тыншкъым
16.08.2026 - 12:26 →
ПсэукIэ жыджэрым хуашэж
16.08.2026 - 11:18 →
Музейхэм ядоIэпыкъу
16.08.2026 - 09:30 →
ГъэщIэгъуэнщ икIи щхьэпэщ
| ||




