ЯгъэлъэпIэнущ хуэфащэу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ я уна­фэщIхэр зыхэта «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр. Нэхъыщхьэу абы зыщытеп­сэ­лъы­хьар 1941-1945 гъэхэм екIуэ­кIа Хэку зауэшхуэм къэ­ралым Те­кIуэныгъэ къызэрыщихьрэ илъэс 81-рэ зэрырикъур гъэ­лъэ­пIэным республикэр зэры­хуэхьэзырым пыщIа Iуэхухэрщ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, ­нэ­хъ­ пасэу унафэ къащтауэ щы­тащ цIыху куэд зыхэт зэхы­хьэхэр къызэрамыгъэпэщыну. Апхуэдэу щытми, Налшыки республикэм и щIыналъэхэми махуэшхуэм теу­хуа зэхуэсхэр, ак­цэхэр щрагъэкIуэкIынущ. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ ахэр тэмэму, екIуу къызэ­гъэ­пэщын зэрыхуейр. Гулъытэ ­хэха хуащIынущ шына­гъуэн­шагъэр къызэгъэпэ­щы­ны­м. 
Нэхъапэми хуэдэу, Хэку зауэшхуэм хэтахэмрэ ныкъуэды­къуэ щыхъуахэмрэ, абы хэкIуэдахэм я щхьэгъусэхэм дэтхэнэми сом мин 200-кIэ яхуэупсащ.
ЗэIущIэм щхьэхуэу и гугъу щащIащ щIыналъэхэм лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ зэрыщагъэзащIэм, лэ­жьыгъэ зэхущытыкIэхэр хабзэм тету зэтеухуа зэрыхъум.

Поделиться: