Къалэм и зэIузэпэщыгъэр яубзыху

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ Налшык къалэ администрацэм и  унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Ащхъуэт Азэмэтджэрийрэ республикэм и къалащхьэм и архитектор нэхъыщхьэ Быдэ Аслъэнрэ.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Налшык и архитектурэ теплъэм адэкIэ зэрызрагъэужьыным, къалэм и зэIузэпэщыгъэм. Мы гъэм гъуэгу лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI псэупIэ унэхэм екIуалIэ дыхьэпIэхэм. Iэтащхьэм къыхигъэщащ абыхэм къегъэщIылIа щIыналъэр зыхуей хуэгъэзэнми мы­хьэнэшхуэ зэриIэр. КъищынэмыщIауэ, къалэм жыджэру щрагъэкIуэкI фэтэр куэду зэхэт унэхэр зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр - унащхьэхэр, лифтхэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкI. Мы илъэсым апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ унэ 75-м.
Зэпэщ ящIыжынущ жылагъуэ щIыпIэу 9 - Хьэсэней, Белая Речкэ, Кэнжэ, Iэдииху къуажэм я зыгъэпсэхупIэхэр, Чернышевскэм и цIэр зезыхьэ уэрамым  иIэ жыг хадэ цIыкIур, Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ творчествэмкIэ я уардэунэм и щIыбагъым къыдэт щхьэ зытемылъ музейр, Ашуровым и цIэр зезыхьэ уэрамым щыIэ Зэныбжьэгъугъэм и жыг хадэ цIыкIур, ТекIуэ­ныгъэм и паркымрэ Экстрим-паркымрэ.
КIуэкIуэ Казбек пщэрылъ ящищIащ лэжьыгъэр зыхуей хуэзэу зэрырагъэкIуэкIым, псом хуэмыдэу унэщIэхэр щаухуэкIэ къалэм и хьэблэхэм я архитектурэ щытыкIэр екIуу хъума хъуным кIэлъыплъыну.

Поделиться: