Адыгэ Iуэхум гурэ псэкIэ хэтщ, анэдэлъхубзэкIэ къыдэкI тхылъхэр къещэху, зэхуехьэс, щIеджыкI адыгэ щIалэ Сэхъу Мурат. Ар москва унагъуэу щопсэу, и IэщIагъэкIэ дзэ дохутырщ. Мурат тедгъэпсэлъыхьащ лъэкъ Iуэхум, сабиигъуэм, мурадхэмрэ хъуапсапIэмрэ, тхылъхэр фIыуэ зэрилъагъум.
- Мурат, укъыщалъхуа къуажэм, уи сабиигъуэм я гугъу уэзгъэщIынут.
- Сэ Налшык сыкъыщыхъуащ, ауэ къуажэр нэхъ сфIэфIти, еджэным сыкъыщыдэхуэм Урыху (Къуэгъулъкъуей) сыкIуэжырт. Си сабиигъуэм и ныкъуэр абы щызгъэкIуащ. Къуажэм дыщызэшыртэкъым. Iэщым дыхэтми, губгъуэм дыдэкIми, псыхъуэм дыдэсми - тщIэн дгъуэтырт. Гъэмахуэ пщыхьэщхьэ хуабэхэм хьэблэ щIалэ цIыкIухэр дызэхэст, къуажэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм, дызыщIэхъуэпсхэм, псэущхьэхэм, нэгъуэщI куэдми дытепсэлъыхьу. ЩIакхъуэ ягъэжьамэ, зэрыпщтыру къатщтэурэ кхъуей щIыгъуу тшхырт, шатэрэ кхъуейрэ дыщыщIэххэртэкъым. Пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыг къэдгъанэртэкъым - махуэ къэс абыхэм дыфIэст, кIарц нэгъунэ тшхыуэ щытащ. Губгъуэм щIэрыкIуэ къыщыттIырт, мэзым мышхумпIэ, кхъужь цIыкIу, къущхьэмышх къыщытщыпырт.
Сыщысабийм зэхэсхауэ зы хъыбар сигу къинат, Прометей теухуауэ. Ар, Нэсрэн-ЖьакIэ ещхьу, къуршым ираIулIат. Абы щыгъуэм ар зэрызыхэсщIар гуимыхужщ - цIыхухэм фIы яхуищIэн папщIэ мафIэ Гефест гъукIэм къыфIидыгъуауэ арат. Абы иужькIэ сэри сигу ислъхьат цIыхухэм фIы яхуэсщIэу сыпсэуну. ЗэрысщIыну щIыкIэр сщIэртэкъым, ауэ сыхъуапсэрт. Ар си щхьэм имыкIыу, си лъэпкъ мащIэр ефIэкIуэныр хъуэпсапIэ псом ящхьэжу къэслъытэу нобэм сыкъэсащ.
- ЩIэныгъэм гу щыхуэпщIар пщIэжрэ?
- СызэрыцIыкIурэ щIэныгъэм сыхущIэкъуу щытащ. ГъащIэм щыслъагъуу хъуам упщIэ хуэзгъэувырт, нэхъыбэ сщIэну сыхуейт. КхъухькIэ щIым и хъуреягъыр къэзыкIухьахэм я тхылъхэм, фантастикэм, адыгэ псысэхэм седжэрт. Си библиотекэм хэлъщ ди тхыдэр къызыхэщыж тхыгъэхэр зэрытхэр, адыгэ тхакIуэхэм я романхэр, сабийхэм папщIэ адыгэбзэкIэ къыдэкIа тхылъхэр, нэгъуэщIхэри.
- Уи IэщIагъэр дауэ къыхэпха хъуа?
- Си IэщIагъэр сабиигъуэм епха гупсысэщ къызыхэкIар, зэрыжысIащи, фIы сщIэну сыхуейт. Медицинэм сехъуапсэрти, Москва дэт РУДН-м и стоматологие къудамэр къэзухащ.
- Лъэпкъ Iуэхум теухуауэ узыгъэгузавэ щыIэ?
- Зэман къэс лъэпкъым ифI зыхэлъ фIыгъуэ гуэр къыдокIуэри, ар зэрыхъукIэ къэгъэсэбэпын хуейщ.
Си ныбжьыр нэхъ кIуэтэху къызгурыIуаращи, гъащIэм сыт къыщымыхъуами, гузэвэным зыдумыгъэхьэхыу хэкIыпIэ улъыхъуэн хуейщ. Лъэбакъуэ зырызыххэ фIэкIа пхуэмычми, уи пIэ уимытмэ, укIуатэмэ аращ нэхъапэр. Ди щыIэкIэ-псэукIэри абы лъандэрэ жыжьэ кIуэтащ, куэдкIэ нэхъыфIи хъуащ.
Дэ адыгэу дыщIыщытыр къыдгурыIуэжыху лъэпкъыу дыкъызэтенэнущ. АпщIондэху адыгэбзэми дыхуеинущи, абы нэхъ дегугъун хуейщ. Бзэр зыгъэбагъуэу щытар IуэрыIуатэрати, ар хьэщIэщхэм махуэ бжыгъэкIэ цIыхухэр щисыфым щыгъуэ тхуэлажьэрт. ИужькIэ тхылъхэр къежьати, ахэм къадэкIуа ехъулIэныгъэр мащIэкъым. Иджы интернетым нэхъ зрат хъуащи, ар зыIэщIэдгъэкI хъунукъым. Интернетым адыгэбзэм япэ лъэбакъуэхэр щич къудейуэ жыпIэ хъунущ. Куэди щащIащ: щэ бжыгъэурэ видео илъщ, узэдаIуэ тхылъ къыдагъэкI, уэрэдхэр гъунэжщ, иджы щIэуэ къаублауэ уэршэр куэд къыщат, тхьэмахуэ къэс 2-3 къыдэкIыу. Ауэ нэхъыбэжи щIэн хуейщ. Адыгэбзэ зымыщIэ къытхэтмэ, ар зи лажьэр адыгэбзэ зыщIэхэращ. Дэтхэнэ зыми лъэкI къигъанэ хъунукъым абы теухуауэ. Ар си Iуэху еплъыкIэщ.