Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэ шынагъуэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ и комиссэм теухуа Положенэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 20I8 гъэм дыгъэгъазэм и 14-м къыдигъэкIа Указ №I96-УГ-мкIэ къащтамрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэ шынагъуэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ и комиссэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдигъэкIа Указ №147-УГ-мкIэ ягъэувамрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэ шынагъуэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ и комиссэм теухуа Положенэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэ шынагъуэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ и комиссэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 20I8 гъэм дыгъэгъазэм и 14-м къыдигъэкIа Указ №I96-УГ-мкIэ къащтам мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) 3-нэ пунктым «в-I» пункт къуэдзэ щIыгъужын, мыпхуэдэу иту:
«в-1) гъэзэщIакIуэ властым и къэрал органхэм я щIыналъэ органхэм, щIыпIэ самоуправленэмкIэ органхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ граждан зыхъумэжыныгъэм ехьэлIа Iуэхухэр щызэфIагъэкIкIэ, зи гугъу тщIа IэнатIэхэм я лэжьыгъэр зэгъэуIуауэ щытыныр;»;
б) 4-нэ пунктым «и-2» пункт къуэдзэ щIыгъужын, мыпхуэдэу иту:
«и-2) щIыналъэм, щIыналъэхэм я зэхуакум къызэрымыкIуэ щытыкIэ шынагъуэхэр къыщыхъуным тегузэвыхьмэ е апхуэдэхэр къыщыхъуамэ, цIыхухэр щIыпIэм игъэIэпхъукIыным теухуа унафэ къещтэ;»;
в) 7-нэ пунктым и етIуанэ абзацым и япэ псалъэухам мыпхуэдэ псалъэхэр щIыгъужын: «Комиссэм и зэхуэсхэр зэIущIэ мардэм тету е видеоконференц-зэпыщIэныгъэ Iэмалым тету ирагъэкIуэкI.»;
г) 8-I пункт щIыгъужын, мыпхуэдэу иту:
«8-I. Комиссэм и пашэм и арэзыныгъэ хэлъу, Комиссэм и унафэхэр къащтэ хъунущ зэхуэмысу, пэIудзауэ Iэ яIэту. ПэIудзауэ Iэ щаIэтым деж унафэр къащтауэ къалъытэ, Комиссэм хэтхэм я зэхуэдитIыр абы къыщыгъэлъэгъуахэм арэзы техъуамэ. Арэзыуэ Iэ зыIэтахэмрэ мыарэзыхэмрэ я бжыгъэр зэхуэдиз хъуамэ, Комиссэм и унафэщIым Iэ щIиIэтырщ унафэр зытращIыхьыр. ПэIудзауэ Iэ яIэту къащта унафэм теухуа протоколыр ятх, абы Iэ щIедз Комиссэм и унафэщIым е абы пщэрылъ зэрыщищIам тету, Комиссэм и унафэщIым и къуэдзэм. ПэIудзауэ Iэ яIэтауэ къалъытэ Комиссэм хэтхэу Iуэхур зытеухуахэр къыщыгъэлъэгъуа протоколыр къаIэрыхьа нэужь проектым и дэфтэрым лэжьэгъуэ махуищ пIалъэм къриубыдэу Iэ щIэзыдзахэм.
ПэIудзауэ Iэ Iэтыныр къызэригъэпэщын папщIэ, Комиссэм и секретарым Комиссэм хэтхэм нэхъ пасэу яхуегъэхь протоколым и проектымрэ упщIэхэр зэрыт напэкIуэцIымрэ.».
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэ шынагъуэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ и комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэ шынагъуэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ и комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдигъэкIа Указ №I47-УГ-мкIэ ягъэувам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Комиссэм хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Башиев А.И. - Бдзэжьей ещэнымкIэ федеральнэ агентствэм ¬Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ ¬управленэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм биологие гъэтIылъыгъэхэмрэ псэущхьэхэм я хэщIапIэхэмрэ якIэлъыплъыным, ахэр хъумэным пыщIа IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)
Малышев С.А. - Урысей Федерацэм ШынагъуэншагъэмкIэ и къэрал къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Репсбуликэм щыIэм и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету)
Шаваев А.М. - Къэрал кIуэцI IуэхумкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и полицэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету);
б) Комиссэм и унафэщIым и къуэдзэм и къалэнхэр и пщэ илъхьэн Говоров С.А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэм;
в) Комиссэм къыхэгъэкIыжын Бжьэхъуокъуэ А.П., Гулиев М.Хъу., Кравцев М.В., Къуныжь М.I., Хьэмдэхъу З.М., Чапаев М.Б. сымэ.
3. Мы Указым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ
КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2026 гъэм шыщхьэуIум и10-м
№76-УГ
Поделиться:
Читать также:
10.09.2026 - 11:00 →
Хэхыгъуэ пIалъэм дызыхуэсакъыпхъэхэр
08.09.2026 - 13:00 →
Правительство Кабардино-Балкарской Республики постановление №121-ПП
08.09.2026 - 09:58 →
Гугъэр гъащIэм щыщщ
05.09.2026 - 09:01 →
Яухуэ, зэрагъэпэщыж, ирагъэфIакIуэ
| ||




